Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Рэмэданым и япэ махуэр

الحمد لله الكريم المنان، الرحيم الرحمن، خلق الإنسان وعلمه البيان، والشمس والقمر بحسبان، يحسبان الشهور والأعوام، وفاضل بينها الخبير العليم.

وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له، له الحمد في الأولى والآخرة، وإليه المآل، وأشهد أن محمدًا عبده ورسوله، أرسله رحمة للعالمين، ونورًا يهدي به من يشاء إلى صراط مستقيم، صلوات الله وسلامه عليه، وعلى آله وصحابته والتابعين.  أما بعد:

ФIыщIэри щытхъури хуэфащэщ ди Тхьэу Жумартым, зи гущIэгъур иным; цIыхур къэзыгъэщIу, псэукIи къезыгъэщIэжам, дыгъэмрэ мазэмрэ зэманыр ябжу къыдэзытам, зэманри зым адрейр ефIэкIыу зыщIыжам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Апхуэдизу дызыпэплъа мазэ лъапIэм, Рэмэдан мазэм Аллаху Тэгьалам гущIэгъу къытхуищIри дыхригъэубыдащи, фIы зыхуащIэну зыхуэфащэхэм дащыщу Алыхьым дыкъыщIигъэкI, мы мазэ лъапIэр екIурэ нэгъэсауэ езыхьэкIыни Алыхьым дищI!

Нобэ дызыхыхьа мазэр «зэхъуэкIыныгъэм и мазэщ» жытIэми дыщыуэнукъым. Ди махуэми зихуэхъужынущ, ди жэщми зихъуэжынущ.

Ауэ ар ауэ сытми ди IэпкълъэпкъкIэ длэжь лэжьыгъэхэм захъуэж къудей мыхъуу, ди гуми, ди псэми, ди акъылми нэхъыфIкIэ захъуэжмэ, мис аращ ипэжыпIэкIэ зэхъуэкIыныгъэкIэ узэджэ хъунур.

Аллаху Тэгьалар къыхуэныкъуэкъым дэ ди ныбэр зэрыдгъэныкъуэм. Абы хуэныкъуэр дэращи, дэри нэщIым къыхэхэпыхъэр къыхэдмыхмэ, лейуэ гугъу зедгъэхьауэ дыкъыщIыдзыжынкIэ бетэмалщ.

Мис аращ Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم щIыжиIэр: «Мыхъун жыIэнымрэ, мыхъун щIэнымрэ къэзымыгъанэм, и шхэныр къызэригъанэм Алыхьыр хуэныкъуэкъым». (Бухъарийрэ Муслимрэ).

Муслъымэн жэмыхьэт! НэщI мазэр «гъэсэныгъэм и мазэщ» жытIэми дыщыуэнукъым. Гъэсэныгъэми лъабжьэ хуэхъур псалъэ гъущэкIэ зыгуэр быущииныр аракъым, атIэ уи IуэхущIафэкIэ къэбгъэлъагъуэращ.

Махуэ къэскIэ къытедгъэзэжурэ: «ТхьэмыщкIэм гугъуехь ишэчыр зэхэтщIыкIыу щIэгъэкъуэн дыхуэхъун хуейщ» жытIэ нэхърэ, зэ закъуэ езы цIыхум мэжалIэныгъэр зэхищIэмэ, уазищэм имыщIар а зы IуэхущIафэм ищIэнущ.

Нобэ нэщI тIыгъымкIэ Аллаху Тэгьалам къыдгуригъэIуэну хуейхэм ящыщщ ари: тхьэмыщкIэм  зэхащIэр зэхыдигъащIэу гущIэгъу яхудигъэщIыну хуейщ.

Апхуэдэ гулъытэ зыхуэфащэ цIыхуи, ди жагъуэ зэрыхъунщи, димыIэу щыткъым. Уеблэмэ, зэрызэхэтхыжымкIэ, мазэ псом къриубыдэу зэ лы хэкI яIухуэмэ гуфIэу унагъуэхэр щыIэщ, мазэ бжыгъэкIэ апхуэдэ къызыхуимыхуи щыIэщ.

Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم цIыхуу щыIэм я нэхъ жумарту щытащ, и жумартыгъэри нэхъыбэ дыдэ щыхъур нобэ дызэрыт мазэрат, зыгуэркIэ уелъэIуамэ къыпхуимыщIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Дэри аращ щапхъэ нэхъ ин дыдэу диIэри, а цIыху лъапIэр щапхъэ тхурехъу!

«Сэдэкъэм я нэхъыфIыр Рэмэдан мазэм ят сэдэкъэращ»,- жиIэуи къокIуэ хьэдисыр. (Тирмизий). Зэманым и лъапIагъым псори лъапIэ ищIащи, псапэ щыдлэжьыну нобэ хуэдэ зэман дымыгъуэтыжынкIэ хъунущ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ дызэрыхьа мазэр Ислъам диным фарз къытщищI Iуэхугъуэхэм ящыщ зыщ. Фарзхэм хуэдэу Алыхьым гъунэгъу ухуэзыщI зэрыщымыIэри тщыгъупщэ хъунукъым.

Мазэри махуэ бжыгъэ фIэкIа зэрымыхъури ди нэгу щIрет: дызэплъэкIрэ дыкъызэплъэкIыжмэ ди щIыбагъым къыдэднэнурэ, нэхъ пэжу жытIэмэ, и щIыбагъым дыкъыдинэнурэ мазэр ежьэжынущ.

Арамэ дывмыгъэбэлэрыгъ, щхьэхынагъыр зытетвмыгъэгъакIуэ, жейр нэхъ мащIэ дывгъэщI. Пэжращи, Къемэт махуэшхуэр къэсыхукIэ дыжейуэ дызыщIэлъыну мащэм дахьыжынущ дэтхэнэ зыри, абдежым жейкIэ дыщырикъужынщ.

КъурIэн лъапIэм гулъытэ лей хуэдвгъэщI, нэхъыбэрэ къэдвгъащтэ, девгъаджэ, дивгъэкI. Нобэ КъурIэным демыджэмэ дапщэщ дыщеджэнур?! КъурIэным и мазэм КъурIэным гулъытэ щыхуэдмыщIмэ, дапщэщ щыхуэтщIынур?!

Иужь дыдэуи Абуд-ДэрдаI رضي الله عنه-м и уазым девгъэдэIуэж: «Мащэм и кIыфIыгъэм хуэвгъэхьэзыру жэщ кIыфIым нэмэз фщIы; Къемэт махуэм и пщтрагъым хуэвгъэхьэзыру махуэ хуабэм нэщI фIыгъ; а Махуэ гугъум и Iейм фыщихъумэну фи мылъкум сэдэкъэ хэвгъэкI!». (ЛэтIаIиф Iэл-Мэгьариф).