الحمد لله رب العالمين، خَالِقِ الأنام، ومُنـزِّلِ الشرائع والأحكام، أحمده — تعالى — وأشكره على جزيل الإنعام، وأتوب إليه وأستغفره من الذنوب والآثام، وأشهد أن لا إله إلا الله وحدَه لا شريك له الملك القدوس السلام، وأشهد أن نبيَّنا محمدًا عبد الله ورسوله بدر التمام، ومِسك الختام، صلى الله عليه وعلى آله وأصحابه، ومن تبعهم بإحسان إلى يوم الدين، وسلم تسليمًا كثيرًا. وبعد. Муслъымэн жэмыхьэт! Зэманым и шэрхъыр апхуэдизу псынщIэу мэкIэрахъуэри, Ахърэтым егупсыс цIыхухэр гужьеигъуэм хедзэ, кIэух зимыIэ дунейм IэнэщIу дгъэзэжмэ, жаIэри. Бегъымбарми صلى الله عليه وسلم сыт жиIэр: «Си Iуммэтым я ныбжьыр илъэс хыщIымрэ блыщIымрэ я зэхуакум дэтщ, абы фIэкIынум я бжыгъэр мащIэщ». (Тирмизий. Хьэдисыр хьэсэнщ). НтIэ ар гужьеигъуэкъэ? Абы щIыгъуж а хыщI блыщIми унэмысынкIэ зэрыхъунур. Нобэ нэхъыжь диIэхэр зэрымащIэми къегъэлъагъуэ, жьыгъэм нэмысу дунейм ехыжым я бжыгъэр зэрыкуэдыр. Мыр щIэгужьеигъуэр лIэныгъэр зэрышынагъуэракъым, атIэ лIэныгъэм иужькIэ къэкIуэнур зэрышынагъуэращ. ЩIэшынагъуэри ди гъащIэ кIэщIым дызыхунэсынур зэрымащIэращ. Ауэ Тхьэ ЛъапIэу, гущIэгъур зи куэдым мыбдежми утыку дыкъыщыринэкъым, атIэ илъэсищэ бжыгъэкIэ псэууэ щыта цIыхухэм ялэжьа псапэхэм дылъыIэсыфыну, абыхэми дакIэщIыхьэжыфыну Iэмал къыдитащ. Къыдитащ зэман ди псапэхэр нэхъыбэу щыбагъуэу, уеблэмэ зы жэщыр илъэс ищIым щIигъу илъэс бжыгъэм нэхърэ нэхъыфIу. Апхуэдиз фIыгъуэр къызыдэкIуэ зэманыр, РэмэданкIэ дызэджэ мазэр, Алыхьым жиIэмэ, махуэ бжыгъэ дэкIмэ къытхуеблэгъэнущ. Рэмэданым епха фIыгъуэхэр икъукIэ зэрыкуэдыр, абы и мыхьэнэри икъукIэ зэрыиныр фIыуэ къызыгурыIуэу щыта имамышхуэхэр, цIыхуфIхэр мазихкIэ Аллаху Тэгьалам елъэIуу щытахэщ: «Рэмаданым дынэгъэс, абы дыхегъэубыд!э»,- жаIэурэ, Рэмэданыр къанэщIа иужькIэ, аргуэру мазихкIэ елъэIуу щытахэщ: «Я-Алыхь, къабылу тIых!», — жаIэурэ. «ЛэтIаIиф Iэл-Мэгьариф». Нэгъэсауэ къыдгурыIуэми, къыдгурымыIуэми нэщI мазэм дыхиубыдэу дынэщIыныр фIыгъуэу щыIэм я нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. И пIэ хэлъу лIэжар шэхиду дунейм ехыжам япэ ищыжауэ пщIыхьэпIэу щалъагъум, Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم жиIауэ щытатэкъэ: «Сыт щхьэкIэ, а (езыр езыру лIэжам модрейм иужькIэ) Рэмэданыр къинэщIатэкъэ, мыпхуэдиз нэмэзи ищIатэкъэ? (нтIэ аращ япэ щIищыжар)». (Ибн Маджэ, Ибн Хьиббан. Хьэдисыр пэжщ). Рэмэданым и фIыгъуэр къыдгурыIуэу щытамэ, илъэс псор Рэмэдан защIэу екIуэкIащэрэт, жытIэнут, арщхьэкIэ «цIыхур къыгурымыIуэм и бийщ», жыхуаIэращи, апхуэдиз зи лъапIагъри къызыфIэмыIуэхухэр, уеблэмэ, ар къызытехьэлъэхэр щыIэщ. «И насыпым лъапэкIэ елъэпэуэжащ» жыхуаIэр апхуэдэхэращ. Рэмэданым хуэныкъуэр дэращ, езыракъым. Дэ дыхуэмеймэ езыр къытхуеиххэкъым. Муслъымэн жэмыхьэт! НэщIым, нэмэзым, КъурIэным, сэдэкъэм я мазэр къоблагъэри, гуапэу мы мазэм дыпевгъажьэ. ГухэлъыфIхэр диIэмэ, Алыхьым ар псынщIэ тщищIынурэ и псапэми нэгъэсауэ дыхыригъэубыдэнущ, ауэ хьэлъэу къытщыхъуу къыддищIэмэ, нэхъри хьэлъэ къытщищIынущ. ЦIыхум зыгуэр къыщытехьэлъэр, абы къыдэкIуэну фIыгъуэхэр щимыщIэм и дежщ, арамэ зэ дигу къэдвгъэгъэкIыж нэщI мазэ лъапIэм ехьэлIауэ къэкIуа бегъымбар хьэдисхэр. Абыхэм ящыщщ мы хьэдис лъапIэр: «Рэмэданыр къихьэмэ Жэнэтыбжэхэр зэIуах, Жэхьэнэмэбжэхэр зэхуащI, шейтIанхэри зэрапх». (Бухъарийрэ, Муслимрэ). Абы къикIращи, фIы блэжьынумэ, псапи къэпхьынумэ утыку уихуащ. ШейтIанми уи Iуэху зэрихуэнукъым уэ езым абы и Iуэху зомыхуэмэ, уи псэм хэт Iеягъэм узэримыхуэмэ. Хьэдис лъапIэхэм ящыщщ мыри: «ФIэщхъуныгъэ иIэу, къратыжыну псапэми щыгугъыу Рэмэданыр къэзынэщIым и гуэныхь блэкIар къыхуэгъунущ». Ар махуэм пIыгъ нэщIым ехьэлIауэ. (Бухъарийрэ, Муслимрэ). МыткIэ жэщым пщIы турыхь нэмэзым ехьэлIауи жеIэ عليه الصلاة والسلام: «ФIэщхъуныгъэ иIэу, къратыжыну псапэми щыгугъыу Рэмэданым и жэщхэм нэмэз зыщIам и гуэныхь блэкIар къыхуэгъунущ». (Бухъарийрэ, Муслимрэ). Дапщэщи пIыгъ нэщIым ехьэлIауэ жеIэ صلى الله عليه وسلم: «Хэти ирехъу, Алыхьым папщIэ зы махуэ къэзынэщIыр, а зы махуэм и хьэтыркIэ илъэс блыщIкIэ Алыхьым ар ЖэхьэнэмэмафIэм къыбгъэдишынущ». (Бухъарийрэ, Муслимрэ). НтIэ мазэ псо къэзынэщIыр сыт хуэдизкIэ Жэхьэнэмэм пэжыжьэ зэрыхуэхъунур? Ар фIыгъуэшхуэщ. Мы хьэдис гъэщIэгъуэнымкIи зэхуэдвгъэщIыж ди хъутIбэр: Алыхьым и лIыкIуэр صلى الله عليه وسلم-р минбэрым щыдэкIуейм, зэ теувапIэм теува иужькIэ «амин» жиIащ, етIуанэ теувапIэми щытеувэм «амин» жиIащ, ещанэми щытеувэм «амин жиIащ. ИужькIэ ахэр щыжиIар къагуригъэIуэжащ: «Джибрил عليه السلام-ыр къакIуэри: «Уа, Мухьэммэд, Рэмэданым хиубыдэу зи гуэныхьхэр къызыхуэмыгъуам Алыхьым гъуэгу къыримыткIэ! «Амин» жыIэт», — щыжиIэм, сэ «амин» жысIащ. «Зи адэ-анэр е а тIум языр къыщхьэщыт пэтрэ (абыхэмкIэ Жэнэтыр къэзымылэжьу) Жэхьэнэмэр къэзылэжьам Алыхьым гъуэгу къыримыткIэ, «амин» жыIэт, — щыжиIэм, сэри«амин» жысIащ. «Уэ уи цIэр зэхиха щэлэуат къыпхуэзымыхьами Алыхьым гъуэгу къыримыткIэ, жыIэ «амин», — щыжиIэм, сэри «амин» жысIащ». (Щэхьихь Ибн Хьиббан). Аллаху Лъагэ лъапIэм долъэIу нэщI мазэ лъапIэм дыхригъэубыдэну, ар екIурэ нэгъэсауэ къэзынэщIыфынухэм, и жэщхэри нэмэзкIэ зыгъэкIуэфынухэм ящыщ дищIыну, ди гуэныхьхэри къытхуэгъуауэ а мазэм икIэм дынигъэсыну!