«ФIыщIэр зейр Алыхьращи, фIыщIэ Абы худощI, къыддэIэпыкъунуи долъэIу. Ди псэм Iей хэтми, ди лэжьыгъэм мыхъумыщIэ къыхэкIми дащихъумэжыну долъэIу Алыхь Закъуэм.
Алыхьым иузэщIыр зыгъэгъуэщэн щыIэкъым, Алыхьым игъэгъуащэри зыхуэузэщIын щыIэкъым. Щыхьэт дытохъуэ: Абы гъуси Iыхьэгъуи зэримыIэм.
Псалъэм я нэхъыфIыр Аллаху Тэгьалам и КъурIэнращ. ЕхъулIащ ар гъэщIэрэщIауэ зи гум Алыхьым кърилъхьар, джаурыгъэм къыхишу Ислъам диным къыришар, цIыхухэм я псалъэм Алыхьым и псалъэр къахэзыхар».
Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалар цIыхум къахэплъэри нэхъыфI дыдэу яхэтыр бегъымбар ищIащ; къэнам иджыри зэ къахэплъэжри, нэхъыфI дыдэу яхэтхэр и бегъымбарым гъусэ хуищIыжащ.
Щэхьабэхэращ мы Iуммэтым нэхъыфI дыдэу яIэр, гукъабзагъкIи псоми япэ итахэр, щIэныгъэкIи япэ ищахэр, фэрыщIагъкIи къыхэмыщахэр, мы дин лъапIэр ди деж къэсынми япэ дыдэ хэлэжьыхьахэр.
Ахэращ дэ псом япэ иту нэхъыжьу дыбжыр, щапхъэуи тщIыр, сыт иIыскIи ди япэ идгъэувэр. Ахэр муслъымэн Iуммэтым я тхьэмадэщ.
НтIэ а нэхъыжьхэм, а нэхъыфIхэм, а тхьэмадэхэм я зэхуэсхэр, я зэхэсхэр, я мэджлисхэр даурэ екIуэкIрэт, сытхэр къыщрагъэкIуэкIрэт? А упщIэхэм я жэуапыр дэ тфIэгъэщIэгъуэн хъун хуейщ; ар къатщIэмэ дэри нэхъ зытцIыхужынущ, ди пэжми ди щыуагъэми гу нэхъ лъыттэжынущ.
А цIыху лъапIэхэм диным зыри япэ ирагъэщу щытакъым, абы нэхъ лъапIэуи зыри яIакъым. Арамэ, зэхуэсахэмэ къапсэлъынум япэ итыр нэхъ къафIэIуэхурати, нэхъ къафIэIуэхур я дин Iуэхурат, я Ахърэт Iуэхурат.
Мис абы и зы щапхъэ: Гьэбдуллах ибн Рэуахьэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, и ныбжьэгъухэм захуигъазэти яжриIэт: «ФIыкъакIуи зы тэлайкIэ иманым дыхэвгъэт! ФIыкъакIуи Алыхьыр дигу къэдвгъэгъэкIи ди иманым хэдвгъэгъахъуэ! ФIыкъакIуи Алыхьым дызэредэIуэну щIыкIэм и гугъу дывгъэщIи, Езы Алыхьми къызэрытхуигъэгъуну щIыкIэм игугъу ищIынщ!».
Зикрым, -Алыхьыр ягу къызэрагъэкIым-, я нэхъыщхьэ дыдэр КъурIэнрати, Гьумэр ибн Iэл-ХъэтIтIаб, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, и мэджлисым Абу Муса Iэл-Iэшгьэрий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуныр, хэс хъумэ, абы зыхуигъазэти: «Уэ, Абу Муса, ди Тхьэр дигу къытхуэгъэкIыжыт»- жыриIэт. Абы иужькIэ Абу Муса и макъ дахэмкIэ Гьумэрым КъурIэным щыщ къыхуеджэт. (Мущэннэф Гьэбдир-Рэззакъ, Даримий, Ибн Хьиббан).
Хьузейфэ ибн Iусейд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, къеIуэтэж: зыгуэрхэм дытепсэлъыхьу дызэхэсу, Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم-р къытхыхьати, къыдэупщIащ: «Сыт зи гугъу фщIыхэр?»- жиIэри. – Къемэт махуэм дытопсэлъыхь, — жытIащ. Абы къыкIэлъыкIуэу Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم къахутепсэлъыхьащ абыхэм Къемэт махуэм и нэщэнэхэм. (Муслим).
НэгъуэщI мэджлис гуэрым деж Къемэт махуэм и нэщэнэхэм щыщу Дэджджалым и къэунэхуным тепсэлъыхьхэу зэхэсу, Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم къажриIауэ щытащ: «Дэджджалым нэхърэ нэхъ Iейуэ фэ фтеухуауэ сыщIэгузавэ гуэр щыIэщ сэи, вжесIэн ар?»- жиIэри.
— КъыджеIэ, кхъа, — щыжытIэм, — «Ширк щэхуращ(сыщIэгузавэр фэр щхьэкIэ): зыгуэр къызэреплъым папщIэ цIыхум и нэмэз щIыкIэр игъэщIэращIэу». (Ибн Маджэ. Хьэдисыр хьэсэнщ. Iэл-Iэлбаний).
АпхуэдизкIэ цIыху къабзэт ахэр, апхуэдизкIи фIым хуэпабгъэхэти, гукъэкI дахэ куэди ящIт. Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Гьэбдул-Лах ибн Сэлам къыжеIэж: «Алыхьым и лIыкIуэм صلى الله عليه وسلم и гъусэхэм ящыщ зы гуп дыуэршэру дызэхэсти, мыр жытIащ: — «Алыхьым нэхъыфI дыдэу илъагъу Iуэхур сыт хуэдэми тщIамэ ар длэжьынт!». (Iэл-Хьаким. Хъыбарыр пэжщ).
Мы дунейр зыуи къафIэIуэхутэкъым абыхэм, я гупсысэр псори зытещIыхьар зыдэкIуэжыну дунейрат. А здэкIуэжынум щагъуэтыжыну мы дунейм сыт телъми къытранэнутэкъым, ауэ абы щамыгъуэтыжынур, сыт хуэдизкIэ мы дунейм и цIыхухэм ягъэлъапIэми, зыми хабжэнутэкъым.
Зэгуэрым Гьумэр ибн Iэл-ХъэтIтIаб гуп зэхэсым захуигъэзащ: — ИIэ, дэтхэнэ зыри зыгуэрым фIыщIэхъуэпс, фызыщIэхъуэпсыр къэфIуатэ!- жиIэри. Зыр къэпсалъэри: — Мы унэм щIэзу дыжьын сиIамэ, Алыхьым и гъуэгукIэ псори къэзгъэсэбэпынт, — жиIащ. Адрейм, — апхуэдиз дыщэ сиIамэ, апхуэдэу сщIынт,- жиIащ. Ещанэм: — Мы унэм щIэзу налкъут-нэлмэс сиIамэ, ар псори Алыхьым и гъуэгукIэ къэзгъэсэбэпынт,- жиIащ.
Чэзур Гьумэр езым и деж къыщысым жиIам феплъыт: — “Фэ абыхэм фыщIэхъупэсми, сэ сызыщIэхъуэпсыр мыращ: сыщIохъуэпс Абу Гьубейдэ, Мугьаз ибн Джэбэл, Хьузейфэ сымэ яхуэдэлI мы унэм щIэзу щIэсыну, (муслъымэнхэм унафэщI яхуэсщIу) ахэр Алыхьым и IуэхукIэ къэзгъэсэбэпыну!“.
Муслъымэн жэмыхьэт! Щэхьабэхэм псом япэ ирагъэщыр дин Iуэхурат, Ахърэт Iуэхурат, жытIами, абы къикIкъым абыхэм я нэщхъыр зэхэлъу, я щхьэр къехуэхуауэ, зэрыжаIэу «я пэ лъы ивэжауэ» зэхэсу щытауэ.
Хьэуэ, апхуэдакъым а цIыху лъапIэхэм я псэукIэр. Къахуихуэт абыхэм усэ гуэри щыжаIэ, хъыбар гуэри къыщаIуэтэж, зэманыжьым къэхъуа гуэри ягу къыщагъэкIыж. Ауэ, псом нэхъапэрати, мыхьэнэ зимыIэ, купщIэ зыхэмылъ, абы фIэIэбыкIи, гуэныхь зыхэлъ кърагъэкIуэкIыу щытакъым.
Сыт хуэдизу зэхуэгуфIэу, зэхуэгушхуэу ахэр зэхэмысами; сыт хуэдизу лъагъуныгъэ я зэхуаку дэмылъами, диным имыгъэдахэ гуэр Iуэхум къыхилъхьэну зыгуэр яужь ихьэмэ, зэуэзэпсу нэгъуэщI цIыху хъухэу, нэгъуэщI теплъэми ихьэхэу щытахэщ. (Щэхьихь Iэл-Iэдэб Iэл-муфрэд).
Муслъымэн жэмыхьэт! А цIыху телъыджэхэм я мэджлис дахэхэм дакъыхэкIыжрэ, нобэрей ди зэхэсыкIэм и деж къэдгъэзэжмэ, Iэл-Хьэсэн Iэл-Бэщрий жиIар дигу къокIыж.
Сыт жиIар: (Щэхьабэхэм фыкъалъэгъуамэ, «мыхэр шейтIанщ», жаIэнут. НэхъыфIу къыфхэтхэри ялъэгъуами: «мыхэми уазэрыщыгугъынышхуэ щыIэкъым», жаIэнут, нэхъ Iейуэ къыфхэтхэр ялъэгъуами: «мыхэм дин зэрахьэххэкъым», жаIэнут).
Алыхьыр арэзы къахухъу щэхьабэ лъапIэхэм псоми, я пщIэхэри лъагэу яхуиIэт. Дэри ди ныкъусаныгъэр къызэрыдгурыIуэжым ипкъ иткIэ и гущIэгъур тщхьэщимыхыну долъэIу!
أقول قولي هذا وأستغفر الله لي ولكم ولسائر المسلمين، فاستغفروه وتوبوا إليه إنه هو التواب الرحيم