Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Унагъуэми, лъэпкъми лъабжьэ яхуэхъур!

Муслъымэн жэмыхьэт! Ислъам диныр нэхъыбэ дыдэу зэгугъу лъэныкъуэхэм икIи нэхъ зэлIалIэхэм ящыщщ: муслъымэн Iуммэтыр зы унагъуэм хуэдэу псори зэрылъагъуу, зэрылъытэу, гужьгъэжгъ ягу зэхуимылъу, ягуи къызыхуэмыплъу зэхэтыныр.

Ар муслъымэнхэм къехъулIэным и мыхьэнэр зэрыиныр икIи ар фIыщIэ щIэщIын хуей щхьэусыгъуэу зэрыщытым папщIэ, псом япэ дыдэ хьэрыпхэм закъыхуигъазэу, Аллаху Тэгьалам жеIэ:

“وَاذْكُرُوا نِعْمَتَ اللَّهِ عَلَيْكُمْ إِذْ كُنْتُمْ أَعْدَاءً فَأَلَّفَ بَيْنَ قُلُوبِكُمْ فَأَصْبَحْتُمْ بِنِعْمَتِهِ إِخْوَاناً”.

«Зыщывмыгъэ­гъупщэ Алыхьым къыфхуи­щIар: фэ фызэбийуэ щыщы­там, фигухэр зэхуигъэIэсэри абы и фIыщIэкIэ зэш фы­хъуащ…». (Iал-Гьимран, I03).

Ауэ а аятхэр дэри дэхьэлIауэ пхужыIэнущ. Коммунистхэм я тетыгъуэм дгъэзэжмэ, къэралым лъэпкъыу исыр зэкъуэш тщIынущ, жаIэри, я акъыл зэблэшамкIэ лъэпкъхэр нэхъри зэбий зэхуащIыжащ, иужькIэ къэралыр тIэкIу нэхъ къарууншэ зэрыхъуу, псори зэхэлъэлъэжри ежьэжащ.

Ягугъащ шынагъэкIэ е гъэпцIагъэкIэ лъэпкъхэр «зэгурагъэIуэну», ауэ фэрыщIагъым и Iуэхур кIыхь хъуакъым, илъэс блыщIри цIыхубэм я тхыдэ кIыхьым зы щIыпIи къыщыхэщкъым.

Езы Бегъымбар дыдэм зыкъыхуегъазэри Аллаху Тэгьалам жеIэ: «Мы дунейм (мылъкуу) телъыр тебгъэкIуэдами, абыхэм я гур зэIэсэ пхуэщIынутэкъым уэ, ауэ Алыхьым ищIащ ахэр зэIэсэ!». (Iэ-Iэнфал, 63).

Абы къикIращи, мылъкум сыт хуэдизу мыхьэнэшхуэ мы дунейм щимыIами, мылъку закъуэкIэ уи Iуэхур зэфIэкIынукъым, атIэ уи Iуэхур къыщохъулIэнур, цIыхухэм я гур Алыхьым пыпщIэмэщ.

Унагъуэ кIуэцIым къыщекIуэкIыр къэрал псом къыщекIуэкIым зыгуэркIэ ещхьщ. Унагъуэр сыт хуэдизкIэ мылъку илъэныкъуэкIэ зыхуей хуомыгъэзами, уэ узэрыхуейм хуэдэу уи щхьэгъусэри, уи бынхэри пхуэхъунукъым, атIэ уи мылъкур уи щхьэм къихуэжынущ.

Унагъуэм зэгурыIуэ илъын, исхэри зэрылъагъуу, зэрылъытэу, зыр зым пщIэ хуащIу псэун папщIэ диныр яхэпщэн хуейщ, Алыхьым щыгъэгугъын икIи щыгъэшынэн хуейщ.

Абы къикIращи, адэ-анэм я хьэкъ быным къатехуэным япэ иту, езы адэ-анэм быным я хьэкъ ятелъщ. А хьэкъыр ямыгъэзэщIауэ, «ди быныр къыдэдэIуэжкъым, ди быныр къытхуеижкъым, щIыжаIэн щыIэкъым», сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэр къызэродэIуэн лъэныкъуэм уелэжьакъым.

Алыхьыр пщыгъупщати, Езыми ущыгъупщащ; уи мылъкум ущыгугъати, мылъкум укъыхуигъэнэжащ. ТхьэмыщкIэри мылъку зимыIэракъым, тхьэмыщкIэр мылъку фIэкIа нэгъуэщI зыри зимыIэращ.

Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Ибн Гьумэр жеIэ: “Уи быныр гъасэ, абыкIэ жэуап пхьыжынущ уэ. Уэ къоупщIыжынущ: “Сытхэм ебгъэса? Сытхэр ебгъэщIа?” – жаIэу… “. (Iэл-Бэйhэкъий “Iэс-Сунэн Iэл-Кубра” 3/84.)

Ибн Iэл-Къэйим, рэхьмэтул-Лахи гьэлейхим, етх: «Алыхь Талэр адэ-анэм я хьэкъым ехьэлIауэ быным къемыупщIыж ипэкIэ, адэ-анэм еупщIыжынущ быным я хьэкъыр езыхэм ягъэзэщIарэ ямыгъэзэщIарэ!…

Муслъымэн жэмыхьэт! Гъэсэныгъэм ди фIэщу дегупсысын хуейщ. Сабий къытхуэхъуамэ, абы и шхыным, щитIэгъэным, зыщIэсыным дегупсысыным япэ иту, и гъэсэныгъэм дегупсысын хуейщ.

ЖеIэ Бегъымбарым, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным:  «Зы Iэбжьыгу из шхын сэдэкъэуэ пты нэхърэ, гъэсэныгъэм щыщ зыгуэр уи быным хыупщэмэ нэхъыфIщ». (Тирмизий).

НэхъыфIщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сэдэкъэм псапэ пыухыкIа  къыдэкIуэмэ, уи быным хыупща гъэсэныгъэм къыдэкIуэну фIыгъуэм нэхъ кIыхьу зиукъуэдиинущ.

НэхъыфIщ,  сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сэдэкъэ щхьэ умытарэ?- къыбжаIэжынукъым, ауэ гъэсэныгъэ уи быным щхьэ ябгъэдумылъхьарэ?- къыбжаIэжынущ.

Адрей хьэдисми къызэрыхэщщи, цIыхум и быным хуищIэну щыIэм я нэхъыфIыр: гъэсэныгъэ дахэ яхипщэнращ (Тирмизий, “Шугьэб Iэл-Iиман” Бейhэкъий.).

Аращи, мы Iуэхум дегупсысу, тхухэлъхьэр хэтлъхьэн хуейщ. Дэ тхузэфIэкIыр тщIэмэ, тхузэфIэмыкIыр Алыхьым къыдигъэхъулIэнущ.

Я нэхъ мащIэу зы тхылъ гъэсэныгъэм теухуауэ дэтхэнэми щIэдджыкIын хуейщ. Iэщыр, джэдыр япIын папщIэ, тхылъхэр ядж, еджапIэхэр къаух, нтIэ цIыхур цIыху хуэдэу къэбгъэтэджын папщIэ сыт хуэдиз гугъуехь ехьэлIэн хуейр?!