Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр

ФIыщIэ нэгъэсар Алыхьращ зыхуэфащэри, фIыщIэ Абы худощI, зыкъытщIигъэкъуэнуи долъэIу, къытхуигъэгъунуи зыхудогъазэ, тоби къыдохьыж.

Псэм Iей дигъэщIэну, тщIа Iейхэми нэхъ Iеиж дагъэщIэну дыкъыхураджэри, абыхэм псоми дащихъумэну Аллаху Тэгьалам долъэIу.

Муслъымэн жэмыхьэт! Ахърэтым къыщекIуэкIынухэм зыгуэркIэ ящхь гуэр мы дунейми куэду къыщокIуэкI, нобэ абы егупсысыфыр Ахърэтым нэсмэ зэгупсысынур нэхъ мащIэ хъунущ, ауэ нобэ абыкIэ дэгу-нэфыр Ахърэтми дэгу-нэфу екIуэлIэжынущ.

Дуней псом хабзэ щыхъуауэ мазибгъур еджэгъуэ зэманым нэхъ хухэхауэ йокIуэкI, гъэмахуэ мазищыр зыгъэпсэхугъуэ ящIри – мазибгъум и кIуэцIкIэ гугъу зезыгъэхьам и зыгъэпсэхугъуэри дахэ мэхъу, ауэ мазибгъуми зызыгъэпсэхуам, зыщIигъэпсэхун щхьэусыгъуэ иIэкъым.

Нобэ сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэщи, анэмэту сабий зи пщэ дэлъ дэтхэнэ зыми я гукъеуэ нэхъыщхьэу щытын хуейр: зыгъэпсэхугъуэм сэбэпынагъ гуэр къыхахыу, Аллаху Тэгьалами и арэзыныгъэр къыхэкIыу ирахьэкIа зэрыхъунуращ.

Абы ипкъ иткIи, мы зыгъэпсэхугъуэ мазэхэр нэхъыфIкIэ зэретхьэкIыну щIыкIэм кIэщIу я гугъу тщIынщ, Аллаху Тэгьалар ди дэIэпыкъуэгъуу.

Зыгъэпсэхугъуэ, жаIэмэ, уи лъакъуэр щIэгъэжауэ ущысыну, е псы Iуфэм укIуэу уIусыну, е гъуэлъыпIэм шэщIауэ уилъыну аракъым. Апхуэдэ зыгъэпсэхукIэм узэхиукIэу аращ, зыбгъэпсэху уигугъэми.

Зи уахътыр гъэпсауэ, зы Iуэху пыухыкIа гуэрми пыщIауэ зи зэманыр зыгъакIуэм хуэдэу зызыгъэпсэху щыIэкъым. Ар цIыху губзыгъэхэм ягъэунэхуащ.

Зыдгъэпсэхун папщIэ зыгуэрхэм депхауэ дыщытын зэрыхуейр къыщыдгурыIуакIэ, дэри дыщымуслъымэнкIэ, ди иманыр хэзыгъэхъуэн, ди ислъамыр нэхъ быдэ зыщIын Iэмалхэр къэтлъыхъуэнущ дауикI.

Абы ипкъ иткIи, псом япэ идгъэщынур ди Тхьэ лъапIэм и Тхылъращи, мы зыгъэпсэхугъуэм и кIуэцIкIэ зэманыр гъэпсауэ: КъурIэн еджэкIэ зымыщIэм ар зэригъэщIамэ, зыщIэхэм я еджэкIэм нэхъри хагъэхъуамэ, гукIэ ящIэ сурэхэр нэхъри нэхъыбэж ящIамэ, ар фIыгъуэшхуэт.

Псом хуэмыдэжу КъурIэным и мазэр, нэщI мазэр бжэщхьэIум тетщ. Нобэ хабзэ зыхуэпщIыжыр пщэдеи къыпхуэнэнущ, армырауэ ухуэмыхьэзыру а мазэ лъапIэр къэсмэ, зыхуэбгъэхьэзырурэ икIынкIэ хъунущ.

Абы адэкIэ, гъэ еджэгъуэм деджэну ди нэ къыхуикIыу, ауэ зэманкIэ дыкъимыкIыу тхылътелъхьэпIэм къытенауэ тхылъ диIэу къыщIэкIынщ дэтхэнэ зыми. НтIэ иджыпсту абы и зэманыфIщ.

Апхуэдэу гъэтIылъауэ димыIэми, къалэн зыщытщIыжу, зэманри дгъэпсу тхылъ зыбжанэ гъэмахуэм и кIуэцIкIэ щIэдджыкIыныр, зэманыр зэрыдгъэкIуэнум я зы нэхъыфIщ.

КъинэмыщIауи, макъкIэ уедаIуэ хъуну еджахэм я дерс куэд щыIэщи, зэманыр бгъэпсу абыхэм уедэIуэныр Iуэху дахэщ.

Абы адэкIэ иджыпсту дызэрыт зэманыр дэри, сабийхэми къызэрыдгъэсэбэпынум я нэхъыфIхэм ящыщщ: ди Iыхьлыхэм, ди благъэхэм дащIэупщIэныр, псом хуэмыдэжу куэдрэ дымылъагъуфхэм, нэхъ жыжьэу псэухэм.

НэгъуэщIуи, унагъуэм и кIуэцIкIэ Iэджэ Iуэху щхьэпи пхуэлэжьынущ, зэманри сэбэпынагъ хэлъу, сабийхэм загъэпсэхуу пхуэгъэкIуэнущ, ауэ ахэр псори гъэпсын хуейщ, армырамэ зэманыр кIуэдынущ.

Сытми, ди диныр пэж дыдэу къытфIэIуэхумэ, ди сабийхэми я къэкIуэнум ди фIэщу дегупсысмэ, Iэмалхэр куэдщ.

Мыри жыIапхъэщ: зэман хуит диIэныр Аллаху Тэгьалам фIыщIэ щIыхуэтщIын Iуэхущи, гуэныхькIэ ар къэдгъэсэбэпмэ, фIы зыхуащIэну зыхуэмыфащэхэм ящыщ дызэрыхъунур.

Абы и щапхъэ, нэм къыщIэуэхэм, ящыщщ: хы Iуфэхэм цIыху икIэхэм къыщрагъэкIуэкIым дэри и зэран къыдэмыкIарэт, жаIэн ипIэкIэ, кIуэрэ абыхэм яхэгъуалъхьэхэм ящIэр.

А хы Iуфэм къыщекIуэкIыр жыжьэу цIыхум зэхихыжмэ, и щхьэфэцым зырегъэIэт, нтIэ абы фIэIэбыкIыжрэ кIуэрэ абыхэм яхэплъэмэ, уеблэмэ, кIуэрэ абыхэм яхэлъым и диныр зыдынэсыр дэнэ?!

Хьэмэрэ, диныр мэжджыт кIуэцIым, унэ кIуэцIым щызехьэн хуейуэ, жыжьэ укIуамэ уздэкIуам я диным уихьэ хъуну егупсысу пIэрэ ахэр? Хьэмэрэ Аллаху Тэгьалам абдежым къыщимылъагъу ягугъэ абыхэм?!

Зы щIэныгъэлI зэрыжиIауэ: Аллаху Тэгьалам укъызэрилъагъур пщIэж пэтрэ гуэныхь блэжьмэ, уэ егъэлеяуэ Iуэхушхуэ гуэрым утегушхуащ, ауэ гуэныхьыр щыблэжьым и деж Аллаху Тэгьалам укъимылъагъу уи гугъэмэ, уэ Алыхьыр уи фIэщ мыхъуххэу аращ.

Муслъымэн жэмыхьэт! ГъэуэнэхупIэу къыдата зэман кIэщIыр, ди гуэныхьхэмкIэ нэхъ кIэщIыж дывмыгъэщI! «Си деж къызэрыбгъэзэжынур пщIэ пэтрэ, ахэр дауэ пхуэлэжьа?!»,- жиIэу Аллаху Тэгьалар зэупщIыжын дывмыгъэхъу!

Щхьэныкъуэ А. 18 рэджэб, 1433гъэ. 8 июнь, 2012гъэ.