Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Тхьэм щышынэрщ цIыхум ещхьыр!

Муслъымэн жэмыхьэт! ХъутIбэм и пэублэм, зэрыхабзэу, псоми дигу къыдогъэкIыж Iуэхуу щыIэм я нэхъыщхьэр, япэм щыIахэми дэри Алыхьыр къызэрыдэущияр: Езы Алыхьым дыщышынэныр, Абы дыфIэлIыкIыныр.

Тхьэшынагъэращ насыпыр къызыхэкIыр дунеягъэкIи, ахърэткIи; тхьэшынагъэращ цIыхур цIыху зыщIыжри, цIыху сурэтым иту къызэтезынэжри. Тхьэшынагъэ зыхэлъым, уи гур къыхэмыщтыкIыжу, уи Iуэхур бгъэдэлъхьэ.

Ауэ тхьэшынагъэ зыхэмылъым сыт хуэдизу хьэлыфIэу зыкъимыгъэлъэгъуами, и шым куэд ижынукъым, Алыхьыр зымыгъэпэжым уэри укъигъэпэжынукъым.

Монгол-тэтэрхэр муслъымэн щIыналъэхэмкIэ зыкъыщагъэзам, Ибн Iэл-ГьэлкъэмийкIэ еджэу зы уэзир хъэлифым иIэт, езыр шиитхэм ящыщу, ауэ щхьэрэ пщIэрэ хъэлифым и деж щызэригъэпэщауэ.

НтIэ хъэлифми, муслъымэнхэми япцIыжу монгол-тэтэрхэм ахэр языщауэ, я щэхухэри яхуэзыIуэтауэ щытар а цIыху фIейращ.

Хъэлифри яукIыу, муслъымэнхэри икъукIэ ягъэпуда нэужь, монгол-тэтэрхэм пщIэ къыхуащIыну ящыгугъа уэзирыр езыри пудыпIэм ихуэжащ «апхуэдиз къыпхуэзыщIахэр щумыгъэпэжакIэ, уэ дэ дыпгъэпэжын?!» къыжраIэ хуэдэу.

Абы ещхьщ Алыхьыр зымыгъэпэжри. Нигьмэту щыIэм къежьапIэ хуэхъур зыщыгъупщэм псори щыгъупщэнущ, Абы дежкIэ мыплъэжыр нэгъуэщIыпIи плъэнукъым.

Си пхъум щIэупщIэ иIэщи, хэт нэхъ хуэзгъэфэщэн, жиIэу зыгуэр Хьэсэн Бэщрийм къыщеджэнджэщым. – «Тхьэшынагъэ зыхэлъым хуэгъэфащэ, апхуэдэ цIыхум уи пхъур фIыуэ илъагъумэ, къигъэлъэпIэнущ, зыхуеи хуигъэзэнущ, зыгуэркIэ зэгурымыIуэ къэхъуми, къигъэпудынукъым, леи къытригъэхьэнукъым», — къыжриIащ абы Хьэсэн.

Ибн Iэл-Къэйим رحمه الله  жеIэ: «ЦIыхум и Iуэхухэр псынщIэ щыхъуным, и Iуэхухэр дэкIыным нэхъыбэ дыдэу щхьэусыгъуэ яхуэхъухэм ящыщщ тхьэшынагъэр. Тхьэшынагъэ зыхэлъым и дуней Iуэхухэри и ахърэт Iуэхухэри псынщIэ щохъу, ауэ тхьэшынагъэ зыхэмылъым и дуней Iуэху гуэр дэкIми, абы дэкIам хуэдиз дыдэ и ахърэт Iуэхум щыщу къонэ…».  «Iэт-Тибян фи Iэкъсам Iэл-КъурIан».

Тхьэшынагъэ зыхэлъым и дуней Iуэхухэр псынщIэ щохъу, жыхуиIэм къикIыр, абы Iэмал имыIэу мылъку гуэр къыхэхъуэну, мылъкукIэ зыри хуэмыныкъуэжу псэууэ хъуну аракъым, мылъку къудейкIэ зыгуэр насыпыфIэ хъуауэ зыми илъэгъуакъым.

АтIэ, мылъкур щиIэм и деж фIыщIэ ищIыфу, щимыIэм и деж шыIэныгъэ зыхигъэлъыфу; мылъкум щимыгъэкIыу, мылъкуншагъэми и хьэлыр зэтримыгъэкIыу щытращ насыпу щыIэр зэуэлIар.

Аращ Бегъымбарми صلى الله عليه وسلم щIыжиIэр: «ГъэщIэгъуэнщ муIминым и Iуэхур, хъер защIэу и Iуэхур зэхэлъщ, муIминым фIэкIаи апхуэдэ зыбгъэдэлъ щыIэкъым: зыгуэр къехъулIэмэ, абы и фIыщIэ ещIри и хъерыр къыхокI, зыгуэр къеуалIэмэ, шыIэныгъэ зыхелъхьэри, абыи и хъерыр къыхокI». (Муслим).

Мис апхуэдэу сыт хуэдэ лъэныкъуэми хъер къызэрыхэкIым папщIэ, Гьумэр رضي الله عنه-м жиIэу щытащ: «Къулеягъэри тхьэмыщкIагъэри дызышэсхэм ящыщ зыуэ аращи, дэтхэнэм сышэсми къысфIэIуэхукъым».

Аращ цIыху жыхуаIэжри, аращ гъащIэ къэзыгъэщIри, псэукIэ зыщIэри. Армырауэ, мылъку къыIэрыхьэмэ Iыхьлыи-благъи, ныбжьэгъуи-жэрэгъуи хуэмыныкъуэж хуэдэу ирихьэжьэм сыт и дуней? Мылъкуншэ хъужа иужькIэ хэт и бжэIухыу, хэт и хьэ Iухуу дэувэжым, зы сом щхьэкIэ сыт хуэдэ сурэтми иувэм сыткIэ ущыгугърэ?!

Мылъкум цIыхуфI ущIищIыни, цIыху Iей ущIищIыни щыIэкъым; мылъку зэрыбгъэдэлъ къудейм щхьэкIэ зыгуэрым пщIэ лей щIыхуэпщIыни, зэрыбгъэдэмылъым щхьэкIэ зыгуэр щIэбгъэпудыни щыIэкъым. АтIэ дэтхэнэми и тхьэшынагъэм теухуауэ, дин хэлъыр зыдынэсым елъытауэ пщIэи хуэщI е хуомыщI.

Езы Аллаху Тэгьалам:

«إن أكرمكم عند الله أتقاكم» 

«Фэ фщыщу Алыхьым и деж щынэхълъапIэр тхьэшынагъэ нэхъыбэ зыхэлъращ» къыджиIауэ, дэ нэгъуэщI гъэлъэпIэкIэ щхьэ къэтлъыхъуэрэ?!

أقول قولي هذا …