Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Пщэдджыжь нэмэзым и Iуэхур

Муслъымэн жэмыхьэт! Сыт хуэдэ Iуэхуми лъабжьэ гуэрхэр иIэщи, а лъабжьэхэр зыхуей хуумыгъазэу, абы къытет, абы къыпыт, къыгуэтхэм гулъытэ нэхъыбэ яхуэпщIмэ, уэ а Iуэхур езыр къыпфIэмыIуэхуу, атIэ щхьэтегъэупIэ къэплъыхъуэу аращ.

Дин зетхьэм, дин дызэрыгушхуэм ехьэлIауэ ар къэтщтэнщи, мы дин лъапIэр зытещIыхьа лъабжьэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ: зы махуэ зы жэщым къыриубыдэу тщIы нэмэзитхур.

А нэмэзитхур зыхуей хуэдмыгъэзауэ, сыт хуэдиз нэмэз псапэу дымыщIами, сыт хуэдиз зикр жыдмыIами, сыт хуэдизрэ КъурIэным демыджами зыри а нэмэзитхум ипIэ иувэнукъым, абы щхьэкIи Тхьэ лъапIэм нэхъыфIу дыкъилъагъунукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Алыхьым япэ иригъэщар яужь къиднащи.

Хьэдис къудсийми дэ дыкъыщоджэ, Аллаху Тэгьалам жиIэу: «Сэ гъунэгъу зыкъысхурищIыну щыIэм я нэхъыфIу си пщылIым хуэлэжьыфынур фарз щысщIахэр игъэзэщIэнырщ (абы хуэдэ абы игъуэтынкъым)».  (Бухъарий).

Езы Бегъымбарми صلى الله عليه وسلم жеIэ: «Аллаху Тэгьалам нэмэзитхур фарз ищIащи, абыхэм я андезыр екIуу къэзыщтэу, я уахътым зыщIыр, я рукугьхэмрэ, тхьэшынагъэ хэлъын хуейхэмэрэ нэгъэсауэ зыгъэзащIэр Алыхьым къегъэгугъэ и гуэныхьыр къыхуигъэгъуну, ауэ ахэр зымыгъэзащIэр Алыхьым зыкIи къигъэгугъэкъым, хуеймэ къыхуигъэгъунщ, хуеймэ гьэзаб къытрилъхьэнщ». (Ахьмэд, Абу Дауд, Малик, НэсаIий).

Ар гурыIуэгъуэмэ, дэтхэнэ зыри дызэвгъэплъыж а нэмэзитхум теухуауэ, псом хуэмыдэжу диныр фэрыщIагъкIэ зезыхьэ мунафикъхэм нэхъыбэ дыдэу къатехьэлъэхэм ящыщ пщэдджыжь нэмэзымкIэ.

ИпэжыпIэкIэ пщэдджыжь нэмэзым зэхегъэкI цIыхум и иманыр зыдынэсыр, тхьэшынагъэ хэлъыр зи хуэдизыр, и динри къызэрыфIэIуэхур, и ахърэтми зэрегупсысыр.

Жей IэфIым къыхэкIыу, гъуэлъыпIэ щабэми къыхэтэджыкIыу, абы иужькIэ андез зыщтэу, нэмэзым теувэфынур – жейм нэхърэ нэмэзыр нэхъ IэфIыжу къызыщыхъу, жейм ипэ нэмэзыр иригъэщмэ къыпэплъэ фIыгъуэм щыгугъ, ипэ иримыгъэщмэ къыпэплъэ гьэзабым щхьэкIэ зызыудыгъу цIыхуращ.

«Пщэдджыжь нэмэзыр зыщIар Алыхьым ирита псалъэм тетыжщи, а псалъэм теухуауэ Алыхьыр зэупщIыжын фымыхъу. Абы теухуауэ Алыхьыр зэупщIыжыну зи яужь къихьэр кIуапIи жапIи имыIэу иубыдынурэ, нэкIущхьэкIэ Жэхьэнэмэ мафIэм хиутIыпщхьэнущ», — жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым. (Муслим).

Муслъымэн жэмыхьэт! Iуэхур Iуэху цIыкIукъым, атIэ икъукIэ дызэгупсысыжын хуейщ. Ибн Хьэзм щIэныгъэлIми зэрыжиIэмкIэ: «Джаурыгъэм иужькIэ гуэныхьу щыIэм я нэхъ иныр нэмэзым и уахътыр ибгъэкIынымрэ, хуитыныгъэ уимыIэу муслъымэным и лъыр бгъэжэнымрэщ».

Хьэмэрэ мы аятхэм сыт хуэдизрэ деджэрэ: «فَوَيْلٌ لّلْمُصَلّينَ  ٱلَّذِينَ هُمْ عَن صَلَاتِهِمْ سَاهُونَ» — «“Уейлыр” я натIэ хъунущ нэмэз зыщIхэм ящыщу, зи нэмэзыр зыщыгъупщэхэм». «Уейлыр» сыт-тIэ зиIысыр жыпIэмэ, ар Жэхьэнэмэм и зы щыхупIэщ, бгыхэр, къуршхэр хаутIыпщхьамэ, зэуэзэпсу хэткIухьыну.

Хьэмэрэ мы хьэдисым дауэ феплърэ: Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم кърагъэлъэгъуа пщIыхьэпIэ шынагъуэм къыхощ мы пычыгъуэр: «Дэ дырихьэлIащ зы цIыхухъу щIым хэлъу, мелыIычыр –мывэшхуэ IэщIэлъу- къыщхьэщыту, мывэшхуэмкIэ и щхьэм еуэурэ зэгуиуду, мывэ еджэрэзэхам мелыIычыр кIэлъыкIуэрэ къищтэжу, апщIондэхукIэ мыдрейм и щхьэр зэрыщытам хуэдэ дыдэу къыфIэкIэжу, абы иужькIэ аргуэру мелыIычым япэм ирищIам хуэдэ аргуэру абы ирищIэжу…».

Ар зытеухуари хьэдисым и кIэм деж къыщыхощыж: «КъурIэныр къэзыщтэу иужькIэ IэщIыб зыщIыжар, фарз нэмэзми хэжаеу щытам»,- жеIэри.

Муслъымэн жэмыхьэт! А зэхэтхахэм яужькIэ къэнэжыр Iэмалу щыIэр къэдгъэсэбэпу апхуэдиз фIыгъуэр къызыдэкIуэ, апхуэдиз шынагъуэри къызыхэкI нэмэзыр и уахътым тщIынращ.

Абы и Iэмалхэм ящыщщ: щхьэусыгъуэшхуэ щымыIэмэ, жасы нэмэз нэужьым кIыхьлIыхь умыщIу угъуэлъыжыныр. Уеблэмэ хьэдисми къыхощ, а зэманым щхьэусыгъуэншэу упсалъэу ущысыныр мэкруху.

Абы и Iэмалхэм ящыщщ: ущыгъуэлъыжкIэ андез пIыгъыныр, гъуэлъыжыгъуэм деж жаIэ зикрхэм уахуэсакъыныр.

Абы и Iэмалхэм ящыщщ: цIыхухэр къызэрызэщыуу Алыхьым и цIэр жиIэу, занщIэу къэтэджыныр. Апхуэдэу зыщIэм шейтIаным зэридза кIапсэр зэ къэтIэтэгъуэкIэ къотIатэ, андез къищтэмэ, иджыри зы къотIатэ, нэмэзыр ищIмэ, псори къотIэтапэри, и псэр къабзэу, жьы щIэту махуэ псор ирехьэкI, армырамэ, псэ фIейуэ, щхьэхынэу нэху къокI. Къыхощ а псор хьэдис пэжым.

Абы и Iэмалхэм ящыщщ: сыхьэтыр тебухуэу, гъуэлъыпIэм пэмыгъунэгъуу бгъэувыныр. КъинэмыщIауи, сыхьэтыр къызэреуэу укъэтэджыныр. Адрейхэр псори щхьэгъэпцIэжщ.

Абы и Iэмалхэм ящыщщ: гъуэлъыжыгъуэм ипэ цIыхум куэд имышхыныр. Зэрынэрылъагъущи, шхыным цIыхур хьэлъэ ещIри, и жейри куу мэхъу.

НэгъуэщI Iэмалхэри щыIэщ дауикI. Зи диныр къызыфIыIуэхум ахэр и куэдщ, къызыфIэмыIуэхум щхьэусыгъуэр и куэдщ.

Аллаху Лъагэ-ЛъапIэм долъэIу мы Iуэхур псынщIэ тщищIыну, ныкъусаныгъэ длэжьахэри къытхуигъэгъуну, муслъымэн пэжу и пащхьэ дыришэжыну!