Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Iыхьлыхэм я хьэкъыр

الحمد لله الذي خلق من الماء بشرًا فجعله نسبًا وصهرا، وكان ربك قديرا، والذي جعل بين العباد وشائج ووصائلَ ووصّى بها خيرًا.

وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريكَ له، لا ضدَّ لربنا ولا ندّ، وكان الله سميعًا بصيرا.

وأشهد أنّ نبينا وسيدنا محمّدًا عبده ورسوله، بعثه الله بشيرًا ونذيرًا وداعيًا إلى الله بإذنه وسراجًا منيرا، اللهمّ صلِّ وسلِّم وبارك على عبدك ورسولك محمد، وعلى آله وصحبه صلاةً وسلامًا كثيرًا. أمّا بعد:

ЦIыхухэр къэзыгъэщIу Iыхьлырэ-благъэрэкIэ зэхэзыдзыжа, ахэр благъэ кIапсэкIэ зэзыпхыжа, дэри абыкIэ къыдэущиежа Аллаху Тэгьалам фIыщIэр хуэфащэщ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Ислъам диныр зыхущIэкъу мурад нэхъыщхьэхэм ящыщщ: муслъымэн жылэр — зэкъуэшыныгъэр зэхащIэу, гущIэгъу зыр зым хуащIу, зэрылъагъухэу, зэрылъытэхэу, ягу фIы зэхуилъхэу – дахэу игъэпсэуныр.

Жылэри жылэ зыщIыжыр унагъуэ щхьэхуэхэращ. Унагъуэ кIуэцIым къекIуэкI зэхэтыкIэр екIумэ, зэхущытыкIэр дахэмэ, абы адэкIэ унагъуэмрэ, унагъуэм къепхыжа Iыхьлы благъэхэмрэ быдэу зэпыщIамэ, абы жылэ псом я хъейр къыхокI.

Мы аят лъапIэм и къэкIуэкIэм зэкIэлъыкIуэкIэм девгъэплъыт псори:

“وَٱعْبُدُواْ ٱللَّهَ وَلاَ تُشْرِكُواْ بِهِ شَيْئًا وَبِٱلْوٰلِدَيْنِ إِحْسَـٰنًا وَبِذِى ٱلْقُرْبَىٰ…”.

«Алыхьым фыхуэпщылI, Абы зыри гъусэ хуэвмыщIу, адэ-анэми дахэу фахущыт, благъэхэми…». (Iэн-НисаI, 36). Алыхьым и хьэкъымрэ, адэ-анэм я хьэкъымрэ къакIэлъыкIуэу, Iыхьлы-благъэхэм я хьэкъыр къызэрыкIуэм куэд къокI.

Абу Аюб Iэл-Iэнщарий رضي الله عنه-м къеIуэтэж: зы цIыхухъу гуэр Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم и деж къакIуэри къеупщIащ: -Жэнэтым сыкIуэным щхьэусыгъуэ хуэхъуну лэжьыгъэр къызжеIэ, жиIэри. – «Гъусэ зыри хуумыщIу Алыхьым ухуэпщылIын, нэмэзыр пщIын, сэджытыр хэбгъэкIын, уи Iыхьлыхэм уакIэлъыкIуэн», — къыжриIащ абы лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم-м. (Бухъарийрэ Муслимрэ къаIуэтэжащ).

ЛIыкIуэ лъапIэр عليه الصلاة والسلام-р Мэдинэ къалэм щыIэпхъуам, цIыхухэр абы и деж зэрыдэхауэ щытащ. Япэ дыдэуи абдежым щыжиIа псалъэхэм ящыщщ мыхэр: «Зыр зым нэхъыбэу сэлам ефх, фи шхынри цIыхухэм яIувгъахуэ, фи Iыхьлыхэми факIэлъыкIуэ, цIыхухэр жейуэ жэщкIэ фэ нэмэз фщIыи, бэIутIэIуншэу (зэраныншэу) Жэнэтым фихьэнщ». (Тирмизий, Ибн Маджэ..).

Iыхьлым я кIэлъыкIуэм иман зэрыбгъэдэлъыр къегъэлъагъуэ. «Алыхьымрэ Ахърэт махуэмрэ зи фIэщ хъур и Iыхьлыхэм якIэлърекIуэ», — жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым.

ЦIыхум и адэ-анэр къыщхьэщымытыжми, абыхэм я арэзыныгъэр зыгуэркIэ иджыри къилэжьыжыфынущ Iыхьлыгъэ-благъагъэм елIалIэу щытмэ.

— Дунейм ехыжа си адэ-анэм иджыри зы фIы гуэр яхуэсщIэжыфыну пIэрэ?- жиIэри зылI къеупщIат лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم, — «НтIэ, — жыриIащ, — дугьэ а тIум папщIэ пщIыурэ, я гуэныхьыр къахуэгъуну уахуэлъаIуэурэ, псалъэ гуэр ятауэ (ауэ ямыгъэзэщIэж ипэ дунейм ехыжамэ) ар яхуэбгъэзэщIэжурэ, Iыхьлыуэ благъэу уиIэр ахэращ Iыхьлырэ благъэ пхуэзыщIыжари, ахэм уакIэлъыкIуэурэ». (Абу Дауд, Хьаким, Ибн Хьиббан).

Благъэ кIапсэр зэпызымычым Алыхь Талэм къыхуищIэ фIыр зэпичынукъым, ауэ ар зэпызычым Алыхьми зэпичынущ. Алыхьым зэпичар зэпызыщIэжыфын щыIэкъым, Алыхьым игъэпудар къыдэзыхыжыфыни щыIэкъым.

Зы фIы гуэр пщIэнумэ е мылъкум сэдэкъэ гуэр хэбгъэкIынумэ, япэ дыдэ ибгъэщыну КъурIэным укъызыхуриджэр Iыхьлыхэращ. Бегъымбарми صلى الله عليه وسلم жеIэ: «ТхьэмыщкIэм епт сэдэкъэр сэдэкъэ закъуэщ, ауэ Iыхьлым ептыр икIи сэдэкъэщ икIи благъагъэм щыщщ». (Тирмизий).

Гьэлий رضي الله عنه жиIауэ къаIуэтэж: «Си къуэшхэм ящыщ зым зы дыжьын сом хуэсшиймэ нэхъыфIу къызолъытэ, сом тIощI сэдэкъэуэ (хамэ гуэрым) ест нэхърэ». (IихьяI гьулум Iэд-Дин).

Шэгьбий щIэныгъэлIми رحمة الله عليه жиIэт: «ЩIыхуэ телъу си Iыхьлыхэм ящыщ гуэр хэт дунейм емыхыжами, абы и щIыхуэр хуэзмыпшыныжу къэзгъэнакъым». (Сиер Iэгьлам Iэн-НубэлаI).

Диным техуауэ хъейр зыхэлъ гуэрым къыхуебджэнуми, фIы гуэрым хуэбущиинуми япэ игъэщыпхъэр уи Iыхьлыхэращ. Бегъымбарми صلى الله عليه وسلم и дэгьуэр, Алыхь унафэкIэ, щыригъэжьауэ щытар нэхъ къедзылIа и Iыхьлыхэм я дежт.

Хьэдисхэм къызэрыхэщщи, Iыхьлым уакIэлъэкIуэныр ерыскъыр бэгъуэным, цIыхум и гъащIэм берычэтыр къыхыхьэным щхьэусыгъуэ хуохъу. НэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхум дэнэкIэ имыгъэзами и Iуэхур къехъулIэу,  и Iуэхур дэкIыу мэхъу.

«Зыри къыдэхъулIэкъым, дэнэкIи зыдмыгъэзами зыгуэр къытщощI» жызыIэу тхьэусыхафэ къэзыпсэлъхэр зэ иреплъыжхэ я Iыхьлыхэм, я благъэхэм зэрыхущыт щIыкIэм.

أقول قولي هذا وأستغفر الله لي ولكم ولسائر المسلمين، فاستغفروه وتوبوا إليه إنه هو التواب الرحيم.

ЕтIуанэ хъутIбэ

الحمد لله رب العالمين، والصلاة والسلام على المبعوث رحمة للعالمين، وعلى آله وصحبه أجمعين، وبعد:

Муслъымэн жэмыхьэт! Апхуэдиз фIыгъуэр къызыдэкIуэ, дыхуэмысакъмэ гузэвэгъуэр къытхуэзыхь Iуэхугъуэр зыхэтлъхьэным зыри гугъуехь пыщIакъым. Гухэлъ дахэ уиIэмэ, Алыхьым нэхъ псынщIэжи пщищIынущ.

Армырауэ, зи Iыхьлым зыхуэзыгъэпхъашэу, хамэм зыхуэзыгъэщабэу дэтым, и Iыхьлыхэр зэримыгъэпэжым хуэдэу, адрейхэри игъэпэжынукъым, и шы дахэми куэд къижынукъым.

Благъэ кIапсэр зэпыбупщIыныр, абыхэм уебииныр, уакIэлъымыкIуэныр гуэныхь нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ, Алыхьым и нэлатри къешэ. Нэлатыр къишамэ, Ибн Хьэджэр зэрыжиIауэ, «Алыхьым и гущIэгъум къыпыча ухъуауэ аращ».

Щэхьабэхэм хьэкъыу япхырыкIат благъэм уебииным зэраныгъэу къишэри, езыхэм ар ящIэн дэнэ къыщына, ар зыщIэр зыбгъэдагъэсу щытакъым. Абу Хурейрэ رضي الله عنه зэгуэрым къыбгъэдэсхэм яжриIауэ щытащ: «Благъэм кIэлъымыкIуэж гуэр къыфхэтмэ кхъа фыкъэтэджи фыIукI».  (Бухъарий, «Iэл-Iэдэб Iэл-Муфрэд»).

ЗэманкIэ пщэдджыжь нэмэз нэужьу Ибн Мэсгьуд رضي الله عنه зы гуп хэсу щысти жиIащ: «Дугьэ тщIыну, ди Тхьэм делъэIуну дыхуейщи зи благъэм ебий къыфхэтмэ, Алыхьым и хьэтыркIэ солъэIу къэтэджу IукIыну. ИпэжыпIэкIэ уафэм и бжэхэр благъэм ебийм дежкIэ гъэбыдащ». (Бэйхэкъий, «Шугьэб Iэл-иман»).