Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Адэ-анэм я хьэкъыр

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхум фIы къыхуэзыщIэр фIыуэ илъагъуу, и гури абы кIэрыпщIэу щытщ. Арамэ, Аллаху Тэгьалам иужькIэ, цIыхум  фIы нэхъыбэ къыхуэзыщIауэ щыIэм адэ-анэр япэ итщ.

Арауэ къыщIэкIынщ адэ-анэм я хьэкъыр Езы Аллаху Тэгьалам и хьэкъым щIыгъуу КъурIэнкIэ къыщIэкIуэр. Уеблэмэ «Сэри фIыщIэ къысхуэщI, уи адэн-анэми фIыщIэ яхуэщI» жиIэу зэбгъэдэту къокIуэ. (Лукъман, I4).

Ибн Гьэббас رضي الله عنهما жеIэ: «Аятищ къокIуэ зы Iуэхугъуэм адрей Iуэхугъуэр пыщIауэ аят къэскIэ къыхэщу, адрейр имыгъусэу мыдрейр Алыхьым пIимыхыну:

«Алыхьми федаIуэ и лIыкIуэми федаIуэ» жиIэу къокIуэри, Алыхьым уедаIуэу и лIыкIуэу уемыдаIуэмэ, Алыхьым уи даIуэныгъэр пIихынукъым. «Нэмэзи фщIы сэджыти (фи мылъкум) хэвгъэкI» жиIэу къокIуэри, нэмэз пщIыуэ сэджыт умытмэ, ар къыпхуадэнукъым. «Сэри фIыщIэ къысхуэщI, уи адэн-анэми фIыщIэ яхуэщI» жиIэу къокIуэри, Алыхьым фIыщIэ хуэпщIу, адэ-анэм яхуумыщIмэ, пIахынукъым».

Аращ, Алыхьым и арэзыныгъэр адэ-анэм я арэзыныгъэм пыщIащ, Алыхьым и губжьри адэ-анэм я губжьым епхащ.

Хэт сыт къыпхуимыщIами, япэ дыдэ фIы къыпхуэзыщIар уи адэ-анэращ. Япэ ищаращ нэхъыбэ фIыщIи зыхуэфащэр. Аращ щэхьабэхэм я пщIэр апхуэдизу щIэлъагэри.

Нэхъ къарууншэ дыдэу ущыщытам къыпщхьэщытар а тIуращ. Къыпщхьэщытащ уи анэр, уеблэмэ къыпщхьэщысащ уэ къыптегужьеикIауэ, уэри угужьейуэ щытащ анэр тIэкIу IукIамэ, угуфIэжу щытащ анэр къэплъэгъужамэ.

Уи адэри аращ. Уэр щхьэкIэ куэдым зыхуигъэныкъуащ, уэр щхьэкIэ гугъуехь куэд ишэчащ. Уэри уи адэращ узэрыгушхуэу уиIар; уи адэращ адрейхэр зэрыбгъэшынэу щытар.

Ахэр дауэ зэрыпщыгъупщэнур? Ахэр дауэ щхьэдэIух зэрыпщIынур? Ар зыщыгъупщэм сытри щыгъупщэнущ, цIыхум фIыщIэ хуэзымыщIым Алыхьми фIыщIэ хуищIынукъым.

— Си анэр Iэрызехьэ хъуауэ сопIыж, си щIыбым ису къызохьэкIри, и хьэкъыр згъэзэщIауэ пIэрэ?- жиIэу зылI Гьумэр رضي الله عنه-м къыщеупщIым, — «Уей умыгъэзэщIа, — жыриIащ, — а уэ жыхуэпIэхэр уи анэм уэри къыпхуищIэу щытащ, узэрыпсэун Iуэху зэрихуэу, уэ ахэр абы щыхуэпщIэкIэ нэхъ щIэх зэрыпщхьэщыкIын гупсысэм узэрехуэ, ауэ уэ IуэхуфI болэжьри, мащIэм щхьэкIи куэд Алыхьым къуетыж».

Зы цIыхухъу Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم и деж къакIуэри жиIащ: — Псалъэ быдэу уэстыну сыхуейщ псапэм сыщыгугъуу джихадрэ, хиджрэрэ бдэсщIыну! – «Уи адэ-анэм я зыр псэу?»-, жиIэри къеупщIащ абы лIыкIуэ лъапIэр صلى الله عليه وسلم-р. – НтIэ, уеблэмэ тIури псэущ, — жиIащ лIым. – «Алыхьым къуитыжыну псапэми ухуей?», — еупщIащ абы аргуэру ЛIыкIуэр, — сыхуейщ жиIащ модрейм. – «НтIэ арамэ, гъэзэж уи адэ-анэм я дежи дахэрэ екIуу ядэпсэу». (Бухъарийрэ Муслимрэ къаIуэтэж).

НэгъуэщI зылIи къэкIуат лIыкIуэм и деж джихадым теухуауэ къечэнджэщынуи, абыи еупщIауэ щытащ адэ-анэ иIэрэ имыIэрэ. СиIэщ, щыжиIэм, — «НтIэ абыхэм ябгъэдэт, Жэнэтыр абыхэм я лъакъуэ лъабжьэм щIэтщ», жыриIауэ щытащ абы ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم. (ТIэбэраний. Хьэдисым и иснадыр «джэйидщ»).

Сыт-тIэ абыхэм я хьэкъыу дэ ттелъыр, сытхэр щIапхъэ, лэжьыпхъэ жытIэмэ, абы и жэуапу щIэныгъэлIхэм жаIэ: псом япэрауэ гурэ-псэкIэ ахэр фIыуэ тлъагъун, пщIэ яхуэтщIын, я жыIэм дытетын, пэжу дабгъэдэтын, зэрытхузэфIэкIкIэ ди мылъку ятедгъэкIуэдэн.

Абы адэкIэ, нэхъыбэ дыдэу дызыхуэсакъын хуейхэм ящыщщ абыхэм щабэу депсэлъэныр, ди макъым зедмыгъэIэтыныр, атIэ псалъэм я нэхъ дахэр икIи я нэхъ щабэр къыхэтхыурэ захуэдгъэзэн хуейщ. Абы занщIэу дыкъыхуреджэ тIэщIэлъ КъурIэным.

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхум фIы щыхуэпщIэкIэ, езыми ар зэхищIыкIыжу цIыху хуэдэу къыпхущытыжыну уэри ухуейщ. Адэ-анэми быным фIы щыхуащIэкIэ, апхуэдэ гуэркIэ дауи езыхэри абы щогугъужхэ.

Ауэ зи къежьапIэр зыщыгъупщэжу, нобэ къаруилъыгъуэм зэрынэсам зыкъыфIигъэщIыжу е къулыкъу къыIэщIыхьам игъэгушхуэу зи адэ-анэм захэзыIэтыкIым, ахэм я хьэкъыр зыщыгъупщэжым, ахэм я дежкIэ зызымыгъэзэжым сыту леишхуэ зэрихьэрэ, сытуи емыкIушхуэ илэжьрэ!

Апхуэдэ гузэвэгъуэр зылъыIэса адэ-анэм абы нэхъ гузэвэгъуэ къалъыIэсыну къыщIэкIынкъым. Уи бын дыдэр къыпхуэмеижмэ, хэт мы дунейм къыпхуейр? Апхуэдизыр зыхуэпщIам ущызэхимыщIэкIэ, хэт узэхэзыщIыкIынур?!

Уэ уащыхуэныкъуэм я кIэ къуагъым укъыкIуэмыкIыу ущытауэ, иджы езыхэр къыпхуэныкъуэ щыхъум уи пэр дэпкъейуэ укъыдэувыжауэ! Ар нэхъ хьэл икIэ дыдэхэм ящыщщ: узыхуэныкъуэм къиубжьытхар плъэщIу, къыпхуэныкъуэм утеубжьытхэу мы дунейм утетыныр.

Ауэ щэхури нахуэри зыщIэ, фIыри Iейри зылъагъу Алыхь Талэр къытщхьэщытщ. Уи япэкIэ бгъэжа мывэм уигъэлъэпэрэпыжынущ, уи адэ-анэм япщIар уи быным Алыхьым къуригъэщIэжынущ.

Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-м жеIэ: «ИкIэщIыпIэкIэ дунеягъэкIэ тезыр къыхэкIыну, АхърэткIи гьэзабыр къырикIуэну нэхъ зыхуэфащэ гуэныхь щыIэкъым лей зехьэным и гуэныхьымрэ, благъэ кIапсэр зэпычын гуэныхьымрэ». (Ахьмэд, Абу Дауэ, Тирмизий, н. Хьэдисыр пэжщ). ИкIи шэч хэмылъу, «благъэ» псалъэм япэ дыдэ хиубыдэр адэ-анэрщ.

НэгъуэщI хьэдис пэжми къызэрыхэщщи, гуэныхь нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ адэ-анэм жыIэмыдаIуэ уахуэхъуныр, уеблэмэ (Жэнэтым кIуэнукъым апхуэдэ цIыхур) жиIэу къокIуэ нэгъуэщI хьэдисыр.

Джабир, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, жеIэж: Алыхьым и лIыкIуэр صلى الله عليه وسلم-р къытхыхьэри къыджиIащ: «Уэ, муслъымэн жэмыхьэт! Адэ-анэм жыIэмыдаIуэ хуэхъуным теухуауэ фымыбэлэрыгъ! ИпэжыпIэкIэ, Жэнэтым къырих мэ (гуакIуэр) илъэс мин гъуэгъуанэ и жыжьагъкIэ къыщыпщIехьэри, уэллахи абы и мэр адэ-анэм емыдаIуэм къыщIимыхьэну!». (Ахьмэд, Бэззар, ТIэбэраний, Хьаким…).

Мы аят лъапIэхэмкIи зэхуэтщIыжынщ ди хъутIбэр:

«Уи Тхьэм унафэ ищIащ, Езым нэмыщI, нэгъуэщIым фы­хуэмыпщылIыну, фи анэ-адэми фIыуэ фахущытыну. Языр е тIури жьы хъуауэ къыпхуэнэ­мэ, къохьэлъэкIыу къащумыгъэхъу икIи уатемыкIие, Iэдэбу япсалъэ. Абыхэм гущIэгъу яхуэщIи уи щхьэр яхуэгъэлъахъшэ, икIи жыIэ: «Уэ си Тхьэ, мыбыхэм гущIэгъу къахуэщI, сэ сыщыцIыкIум сызэра­пIам хуэдэу!». (Iэл-IисраI, 23-25).