Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Гуныкъуэгъуэ нэхъыбэу къыдэзытхэр!

Гуныкъуэгъуэ нэхъыбэу къыдэзытхэр!

ФIыщIэри щытхъури хуэфащэщ ДыкъэзыгъэщIам, акъыл къыдэзытам, иманкIэ къытхуэупсам, иужь дыдэу къигъэкIуэжа лIыкIуэм صلى الله عليه وسلم и Iуммэтым щыщ дызыщIам.

Аллаху Тэгьаларащ диузэщIу лIыкIуэ къытхуэзыгъэкIуар, дин пэжри абы къытхуезыгъэхьар. А дин пэжу иужьым къэнэжар дину щыIэм ящхьэ хъунущ, ар зыгуэрхэм яфIэфIми яфIэмыфIми.

Ар ауэ сытми ди щхьэм къитхыу жытIэкъым, атIэ КъурIэн тIэщIэлъым ар итщ, лIыкIуэм я нэхъ лъапIэм صلى الله عليه وسلم и хьэдисхэм а гупсысэр яхэтщ, нобэ къэхъури абы и щыхьэтщ.

КъурIэн ЛъапIэр къатщтэрэ дыкъеджэмэ, мы аятым дырохьэлIэ:

“هُوَ الَّذِي أَرْسَلَ رَسُولَهُ بِالْهُدَى وَدِينِ الْحَقِّ لِيُظْهِرَهُ عَلَى الدِّينِ كُلِّهِ وَلَوْ كَرِهَ الْمُشْرِكُونَ”.

«Аращ (Алыхьращ) къэзыгъэкIуар и лIыкIуэр узэщIыныгъэмрэ, дин пэжымрэ къыздихьу, ар (а диныр) дину щыIэм я щхьэ хъун папщIэ, Алыхьым гъусэ хуэзыщIхэм ар яфIэмыфIми (ахэр абы хуэмейми)». (Iэт-Тэубэ, 33).

Хьэдисхэми дахэплъэжмэ, мы хьэдис гъэщIэгъуэным дырохьэлIэ: «Жэщымрэ махуэмрэ псомкIи зэлъэIэсу зэрыщытым хуэдэу мы диным и Iуэхури дэни лъэIэсынущ. Мы щIыгум и щхьэм зы къали, зы къуажи, губгъуэм ит пщыIи къэмынэу Алыхьым мы диныр нигъэсынущ, хэти абыкIэ игъэлъапIэурэ, хэти абыкIэ игъэпудурэ». (Ахьмэд, ТIэбэраний, Хьаким, Бэйхэкъий).

НэгъуэщIу жыпIэмэ, хэти Алыхьыр къыхуэупсэнщи, езым и жэрдэмкIэ, фIэфIу мы дин лъапIэр къищтэнщи, и щхьэр игъэлъэпIэжынщ; хэти абы и щхьэр тыримылъхьэу зыхиIэтыкIынщ, и пэр дырикъеинщи, иужькIэ хуейми-хуэмейми утыку ихуэнщи ягъэпудауэ муслъымэнхэм захибжэнщ.

ИкIи аращ нобэ къэхъур. Нобэ куэдым Ислъам диныр зэрыхьэкъыр къагурыIуауэ, яфIэфIу диныр къащтэ, нэгъуэщI куэдми муслъымэн динымкIэ фIэкIа я Iуэхур къызэримыкIынур къащIауэ, ахэми муслъымэнхэм зыхабжэ.

Иужьрейхэм я щытыкIэр мы хьэдисым гъэщIэгъуэну къеIуатэ: «Мэл хъушитIым я зэхуакум дэт мэлыбзым ещхьщ мунафикъыр, зэ зы хъушэм деж тIы къыщилъыхъуэу, зэм адрейм деж къыщилъыхъуэу, зи яужь иувэнур имыщIэу!». (Ахьмэд, Муслим, НэсаIий).

Ауэ гурэ-псэрэкIэ диныр къэзыщтауэ, Аллаху Тэгьалам къабзэу бгъэдэтымрэ, фэрыщIагъым зэрихуэу, фейдэ гуэри къэзылъыхъуэу, и щхьэ Iуэху дигъэкIыну диныр къэзыгъэсэбэпымрэ зэикI зэхуэдэ хъунукъым дунеягъэкIи ахърэткIи.

Ноби нэхъыбэу гукъеуэ къыдэзытыр утыкум къилъэдауэ псыр къэзыгъэутхъуэ фейдэлъыхъуэхэращ. Проблемэу къэхъум и процент бгъущIыр, Алыхьым ещIэри, къызыбгъэдэкIри апхуэдэхэращ.

Зэм зыгуэр къагъэпцIэнщ, зэм зыгуэрым и мылъку фIашхынщ е и мылъку къытрахынщ; зэм зыгуэрым щыхьэнхэщи удын традзэнщ…

Мис апхуэдэурэ зытекIуэм текIуэу екIуэкIыхукIэ динри, шэригьэтри къафIэIуэхунукъым, ауэ зытезымыгъэкIуэн гуэр ирихьэлIэхэмэ, шэригьэткIэ ди Iуэхур зэхэдгъэкIынущ жаIэнурэ къызэрехьэжьэнущ.

Ауэ ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, уи шэригьэти, уи КъурIэни уи Суннэти хуейкъым ахэр, атIэ зыхуейр езыхэм жаIэр ядыжыпIэнращи, ар ядыжумыIэмэ, ар къадыжезыIын къалъыхъуэнущ. Аращ мунафикъ хьэл жыхуаIэри.

Муслъымэн жэмыхьэт! Хэт къэдгъапцIэми Тхьэшхуэу щэхури нахуэри зыщIэр къытхуэгъэпцIэнукъым. Хэт дыфIэкIми Абы дыфIэкIыфынукъым. Гува щIэхами псори ди щхьэм дыкъыхуэнэжынущ, уи щхьэм укъыхуэнэжамэ уи Тхьэм укъыхуэнэжауэ аращи, жэуапым зыхуэгъэхьэзыр!

Ди закъуэ мы дунейм дыкъызэрытехьам хуэдэ дыдэу ди закъуэ мы дунейм дытекIыжынущ; Iыхьлыри-благъэри, гъунэгъури ныбжьэгъури къызэднэкIынущ. Арамэ, ущIэмыгушхуапхъэмкIэ умыгушхуэ, пщэдей уи закъуэ укъэзыгъэнэжынухэм уакъыкъуэгушхукIыу узыхуещIэгъуэжын умылэжь, укъызыхуэнэжынур Алыхьым и закъуэщ.

Уеблэмэ Ахърэтыр къэгъэнауэ, дунеягъэкIэ уи закъуэ дыдэ укъыщынэжыр дапщэрэ, зыми зыри къыпхуимыщIэу е къыпхуимыщIэфу?! Щхьэ дерс хэдмыхрэ?!

Бегъымбар пэт صلى الله عليه وسلم-эм и Iыхьлыхэм, уеблэмэ и бын дыдэхэм захуигъазэурэ яжриIэу щытащ: (Фи щхьэ къызэревгъэлыжын Iуэху зефхуэ, сэ зыри фхуэсщIэфынукъым). (Бухъарийрэ Муслимрэ къаIуэтэжа хьэдисым къыхощ ар).

Муслъымэн жэмыхьэт! Мыпхуэдэ зэхэтыкIэм зыми фIы къытхуихьынукъым, ди дин Iуэхуи ди дуней Iуэхуи аткIэ игъэкIуэтэнукъым, атIэ кIуэтауэ къытщыхъу тIэкIури и щIыбагъкIэ къыригъэкIуэтыжынущ.

ЩIэныгъэм темыщIыхьа сыт хуэдэ зэхэтыкIэри, зэ еплъыгъуэкIэ къару гуэр щIэлъу къыпфIэщI щхьэкIэ, пудыныгъэм хуокIуэж икIи зэхощэщэж, зэрымыубыду чырбыш зэтебгъэсахэр е зэгуэбгъэувахэр жьы къызэрепщэу зэрызэхэщэщэжым хуэдэу.

А чырбыш зэтегъэсахэм е зэгуэгъэувахэм куэду ещхьщ ди зэхущытэкIэри. Зы псалъэмакъ къызэрыхъуу дызыфIокIуэдыжри дожьэж. Армырауэ лъагъуныгъэ пэж ди зэхуакум дэлъатэмэ, лъабжьэ быди диIатэмэ апхуэдэ къытщыщIынутэкъым.

Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI, нэхъыфIкIи ди Iуэхур къызэридзэкI! Иман пэж ди гум Алыхьым къырилъхьэ, лэжьыгъэфIкIи Алыхьым ди иманыр тхуигъэщIэращIэ! Пагэныгъэм Алыхьым дыщихъумэ!

Щхьэныкъуэ А.
22 джумада 1эл-1уула, 1433гъэ.
Мартым и 13, 2012гъэ.