Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

ЦIыхум и гум уемыуэныр!

17.11.2024
Еджауэ 25

ФIыщIэ худощI Алыхьу псори къэзыгъэщIам, къигъэщIахэми гущIэгъу къахуэзыщIыжам, я зэхуакум гущIэгъур къыдэзылъхьэжам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалауэ зыми хуэмыныкъуэу псори зыхуэныкъуэм абы щхьэкIэ къэмынэу цIыхум гущIэгъукIэ къыбгъэдэтщ, и Iуэхур псынщIэ къыдещI, сыт щыгъуи и бжэр къыхузэIуех, сыт щыгъуи Iэмал кърет.

АбыкIэ дэри дыкъыхуреджэ, дэри зыри зым гущIэгъу хуэтщIыжыну, зыр зым Iуэхур дэдгъэпсынщIэну, зым зыр къыфIэIуэхужу, зым адрейм и жагъуэ имыщIу, и гум емыуэу дызэхэтыну.

ЦIыхум и гум уемыуэу, Iэмал зэриIэкIи и жагъуэ умыщIу мы дунейм утетыфыныр хьэл дахэу щыIэм я нэхъ хэIэтыкIахэм ящыщщ, аращ ар ди ЛIыкIуэ лъапIэми صلى الله عليه وسلم нэгъэсауэ хэлъу щIыщытар.

Абы къыхэкIкIэ, сымаджэ хъуам щIэупщIэу, зыгуэр хуэныкъуам зыщIигъакъуэу, зыгуэр имылъагъужмэ и хъыбар къищIэу, ирагъэблэгъамэ жэуапыншэу цIыхур къимыгъанэу, шхын къытрагъэувар езым фIэгурыхьу щымытми зыгъэхьэзырам и жагъуэ имыщIын папщIэ зыкъримыгъащIэу щытащ.

Зыгуэрым мыхъумыщIагъэ гуэр илэжьауэ къылъыIэсыжмэ, и цIэри и щхьэри къыхимыгъэщу, а Iуэхур зэрымыхъунум, зэрыгуэныхьым тепсэлъыхьти зыщIами къыгурыIуэт, зымыщIари игъэгупсысэт.

Зыгуэрым тыгъэ къыхуищIарэ ар къриIыхыну къыщемызэгъым дежи цIыхум и жагъуэ имыщIын хуэдэу Iуэхур бгъэдилъхьэт. Хьэж ищIыну Iихьрамым иту зыгуэрым ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم и цIэкIэ къищэкIуар тыгъэ къыщыхуищIым ар къриIыхауэ щытатэкъым. Модрейм ар и жагъуэ хъуауэ щилъагъум и щхьэусыгъуэр къыгуригъэIуат: «Мыр къыпIытхыну дыхуэмейуэ (е зэдмыпэсу) аракъым, атIэ дэ Iихьрамым дитщи аращ!», — жиIэри. (Бухъарий, Муслим).

Имам НэсаIий итхыжа хьэдисми къыхощ а гупсысэр: Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم зы щIыпIэ деж щетIысэхмэ и Iэщхьабхэм щыщу цIыху зыбжанэ къыбгъэдэтIысхьэт. А гупым зылI яхэтт мэджлисым къырихьэлIэхукIэ и щIалэ цIыкIур къыздишэу. ЩIалэ цIыкIур и адэм и щIыбагъымкIэ къыдыхьэти, и адэм ар и пащхьэм иригъэтIысхьэт.

Апхуэдэу екIуэкIыурэ а лIыр ямылъагъужу бзэхащ. Абы къыхэкIкIэ Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم щIэупщIащ а лIым и хъыбарым. КъызэрыщIэкIымкIэ къыздишэу щыта щIалэ цIыкIур дунейм ехыжати, ар и гум щIыхьэIуауэ цIыхум къахэмыхьэжу арат.

Ар къыщищIэм Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم абы зыхуигъазэри хуэгузэващ, и гур фIы хуищIын щхьэкIэ фIыгъуэу къыпэплъэр къыгуригъэIуащ: Уэ, — жиIащ, — сыт нэхъ къапщтэр, упсэухукIэ а сабиймкIэ зыбгъэнщIу мы дунейм утетынра, хьэмэрэ, пщэдей Жэннэтым и дэтхэнэ бжэми уIухьэмэ уи япэ ищауэ а сабийр абдежым щытрэ бжэр къыпхуIуихынра? – Ар дауикI нэхъ къызощтэ!,- щыжиIэм лIым, — НтIэ, ар къыппоплъэ уэ! – жриIащ абы Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم .

АдэкIэ иджыри зы щапхъэ. Зы махуэ гуэрым Ибн Мэсгьуд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, и цеикIэр жьы къыкъуэуам иIэтри и лъэдиитIыр къыщIэщати абы я псыгъуагъым зыгуэрхэр игъэдыхьэшхащ. Абдежым Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم занщIэу Iуэхум хэIэбэри Ибн Мэсгьуд и гур фIы хуищIыжащ: «Мы си псэр зи IэмыщIэ илъым и цIэкIэ соIуэри, а тIур (лъэдиитIыр) тэрэзэ-мизаным Iухьуд бгым нэхърэ нэхъ хьэлъэу илъынущ!». (Ахьмэд).

Апхуэдэ защIэу зэхэлъащ а цIыху лъапIэм и хьэлыр. Езым хэлъри и Iэщхьабхэм яхипщэжащ. Абы къыхэкIыуи Суннэ Iыхьлыхэм я гьэкъидэм щыщ хъуащ: «ЗыхузэфIэмыкIхэм зэрызыщIагъакъуэр, гущIэгъу зэрахэлъыр, пэжым зэрытетхэм имызакъуэу, цIыхухэр яфIэгуэныхь зэрыхъур!». (Iэл-Iэщбэханий, Iэл-Хьуджджэ фи бэян Iэл-Мэхьэджджэ»).

Муслъымэн жэмыхьэт! Ди дин дахэр апхуэдэ защIэу зэхэлъщ, ар зыхэзылъхьэм и насыпщ, зыхэзымылъхьэм езым и щхьэ и зэран екIыжу аращ.

ГущIэгъу зыхэлъым, цIыхум и гум еуэн псалъэ къызэжьэдэмыкIым, щабэу гупсысэр бгъэдэзылъхьэфым – апхуэдэм сытри къохъулIэ. Аращ «Щабагъэр сытым хыхьэми егъэщIэращIэ, сытым хахми теплъэгъуей ещI!»- щIыжиIэр ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم. (Муслим).

Ауэ, зи гур пхъашэм, зи бзэгур джатэм, жиIэри, зэрыжиIэри къызыфIэмыIуэхум цIыхухэр щощтэ, я щIыбри къыхуагъазэ, и псалъэри зыхахыну, псэлъэгъуи, ныбжьэгъуи ящIыну хуейкъым.

Iуэху дахэр цIыхум ящыгъупщэкъым, зэман дэкIа нэужьи я гум фIыуэ илъщ, я бзэгум фIыкIэ телъщ.

Мес ГьаIишэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, лажьэ имыIэу и цIэр IейкIэ щагъэIуам, и напэр трахыну яужь къыщихьам, абы щыгъуэ и Iуэхур къыдэзыIыгъахэр зэикI щымыгъупщэу я цIэр фIыкIэ къыхигъэщыжт, уеблэмэ, «си нэпсыр мыгъущу сыгъыу, жейми семызэгъыжу сыхъуауэ… Iэнщархэм ящыщ зы цIыхубз къыщIыхьэщ си дежи… къыздэгъыу щысащ!», — жеIэж зэманыфI дэкIауэ.   

Кэгьб ибн Малик и тэубэр Алыхьым щыIихыжами къекIуэкIар игу къегъэкIыжри: «Мэжджытым сыщыщIыхьам ТIэлъхьэ къыщIэпхъуэри къызбгъэдэлъэдащ, си Iэр иубыдащ, къызэхъуэхъуащ. Абы нэмыщIи зы цIыху мухаджирхэм щыщу къызбгъэдыхьакъым. ТIэлъхьэ абы щыгъуэ дэслъэгъуар зэикI сщыгъупщэнукъым!», — жиIэт.

Уи щхьэ хуэплъагъур нэгъуэщIхэм хуэплъагъуфу упсэуным нэхъыфI зыри щыIэкъым. Ар дунеягъэкIи АхърэткIи насыпщи, ар къызэхъулIэн муслъымэн жэмыхьэт Алыхьым дищI!