Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

ЩIым и хъеиныр шынагъуэщ!

04.11.2024
Еджауэ 36

ФIыщIэри, щытхъури зыхуэгъэзар уафэри, щIылъэри къэзыгъэщIа, щIылъэр псэупIэ цIыхум хуэзыщIа, дунейри Ахърэтым лъэмыж хуэзыщIа Алыхь Инращ.

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхур зэсэр къыфIэмыIуэхужу мэхъури абы и фIыщIэ ищIын хуэмейуэ егупсысу мэхъу. Ар хьэл дахэкъым.

НобэкIэ абы и щапхъэ нэхъ нэрылъагъу дыдэхэм ящыщщ: зимыгъэхъейуэ мы ди лъабжьэм щIэт щIыр. ЩIыр Алыхьым къыдитащ псэуныгъэм сыт и лъэныкъуэкIи хуэщIауэ: унэ тепщIыхьынуми, къэкIыгъэ тепсэнуми, ущызекIуэнуми, нэгъуэщIми.

Ар къыхегъэщ Алыхьышхуэм:

“أَمَّنْ جَعَلَ الْأَرْضَ قَرَارًا وَجَعَلَ خِلَالَهَا أَنْهَارًا وَجَعَلَ لَهَا رَوَاسِيَ وَجَعَلَ بَيْنَ الْبَحْرَيْنِ حَاجِزًا أَإِلَهٌ مَعَ اللَّهِ بَلْ أَكْثَرُهُمْ لَا يَعْلَمُونَ

«Хьэмэрэ [нэхъыфIыр] щIыр зыгъэбыдэу, псы жапIэхэр хэзыщIыхьу, ар зыгъэбыдэ (къуршхэр), хитIым яку куутI дэзыгъэувара?[1] Алыхьым тхьэ и гъусэ? Хьэуэ, ахэм я нэхъыбэм ящIэркъым». (Iэн-Нэмл сурэ, 6I-нэ аят).

ЩIым аращ и щытыкIэ хабзэр, ауэ Алыхь унафэкIэ ар а хабзэм щытекI къохъури, ар нэхъ шынагъуэ дыдэу мы дунейм къыщыхъу къэхъукъащIэхэм ящыщ мэхъу.

ЦIыхур кхъухьлъатэм итIысхьэрэ уэгум ихьа нэужь къетIысэхыжу и лъакъуэр щIым быдэу теувэжыну щIохъуэпс, кхъухьым итIысхьэрэ псым техьа нэужьи зэм щIылъэр ди нэм къилъэгъужарэт жеIэ.

ЩIылъэращ цIыхум псэхугъуэ щигъуэтыр! Ауэ а псэхугъуэ къыщилъыхъуэм езым зигъэхъейуэ, зызэридзэу, зыщIэсысу хъумэ дауэ къыфщыхъурэ? Дэнэ цIыхур зыдэжэнур, дэнэ и щхьэр зыдихьынур?! Ар гузэвэгъуэшхуэщ.

Иджыблагъэ Тыркум, Сирием щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэм я щхьэм кърикIуащ апхуэдэ гузэвэгъуэ. Алыхьым гущIэгъу къахуищIыну, я гузэвэгъуэри IэтыгъуафIэ ящищIыну….. дахуолъаIуэ!

МыдэкIэ дэ ди лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, апхуэдэ къэхъукъащIэ инхэр ауэ сытми блэдгъэкIынкIэ Iэмал иIэкъым, атIэ дерсым я нэхъ иныр хэтхын хуейщ мы дунейм цIыху хуэдэу дытетыну дыхуеймэ.

Япэ дыдэрауэ, мы дунейм къыщыхъуу хъуар Ахърэтым ипэкIэ е езым и кIуэцIкIэ къыщыхъунум тхуегъапщэу дыщытын хуейщ.

Нобэ сыт хуэдэ гузэвэгъуэ къэмыхъуами, ар Ахърэтым къыщекIуэкIынум елъытауэ зы мащ1э гуэрщ. ЖеIэ ди Тхьэшхуэу-Алыхьышхуэм:

“يا أَيُّهَا النَّاسُ اتَّقُوا رَبَّكُمْ إِنَّ زَلْزَلَةَ السَّاعَةِ شَيْءٌ عَظِيمٌ * يَوْمَ تَرَوْنَها تَذْهَلُ كُلُّ مُرْضِعَةٍ عَمَّا أَرْضَعَتْ وَتَضَعُ كُلُّ ذاتِ حَمْلٍ حَمْلَها وَتَرَى النَّاسَ سُكارى وَما هُمْ بِسُكارى وَلكِنَّ عَذابَ اللَّهِ شَدِيدٌ”.

«Уэ цIыхухэ, Фи Тхьэм фыфIэлIыкI! Къемэт махуэм пыщIауэ щIыр зэрыхъеинур – ар икъукIэ Iуэхушхуэщ. А Махуэм анэм и бгъафэм щIэлъ сабийр щыгъупщэнущ, уэндэгъум сабийр фIэкIуэдыжынущ, цIыхухэри чэфу къыпщыхъунущ, ауэ ахэр чэфкъым, атIэ Алыхьым и гIэзабыр гуащIэщи аращ». (Iэл-Хьэдж сурэ, I,2- аятхэр).

Нобэ щIым и зы кIапэ хъейрэ цIыхухэр игъэгужьеймэ, Къемэт махуэм щIыр псори зэрыщыту хъеинущ. Аракъэ къыджиIэр «Iэз-Зэлзэлэ» сурэм:

“إِذَا زُلْزِلَتِ الْأَرْضُ زِلْزَالَهَا . وَأَخْرَجَتِ الْأَرْضُ أَثْقَالَهَا . وَقَالَ الْإِنْسَانُ مَا لَهَا . يَوْمَئِذٍ تُحَدِّثُ أَخْبَارَهَا . بِأَنَّ رَبَّكَ أَوْحَى لَهَا”.

«ЩIыр зджызджу щыхъейкIэ, щIым кIуэцIылъыр къыщыкIуэцIыкIыжкIэ, цIыхум [гужьеяуэ]: «Сыт мыбы къыщыщIар?» – щыжиIэкIэ. А Махуэм абы (щIым) и хъыбархэр къахуиIуэтэнущ[2]. [КъащIыхуиIуэтэнури] уи Тхьэм и унафэщи аращ…». (I-5-аятхэр).

«НобэкIэ щIыр щIэхъейр мыращ, моращ» жаIэурэ щIэныгъэлIхэр топсэлъыхь, и щхьэусыгъуэхэр къыхагъэщ, ауэ щхьэусыгъуэри абы кърикIуэжри къэзыгъэщIыжыр Аллаху Тэгьаларауэ зэрыщытыр ящогъупщэ.

ЩIыр щIэхъейр зыгуэрурэ зэпкърыпхыфми, ар зы щIыпIэ щыхъейуэ адрейм деж щIэмыхъейр, зым деж нэхъ мащIэу адрейм деж нэхъыбэу, зым зэхищIэу, адрейм зэхимыщIэу, адэкIэ зыми имыщIэххэу зэман хэха гуэрым къызэрыхъур… нэгъуэщIхэри, нэгъуэщIхэри…ахэм псоми къыбгурагъаIуэ Алыхь къарур Iуэхум и щIыбагъым къызэрыдэтыр.

Сыт-тIэ Аллаху Тэгьалам щIым щIыхуидэр хъеину? Абы нэхъыбэ дыдэу дин и лъэныкъуэк1э дэ дызыхуэныкъуэу хэлъыр зыщ: цIыхухэр игъэшынэу зригъэгупсысыжну хуейщ Аллаху Тэгьалар. Абы щыхьэт тохъуэ мы аятыр:

“وَمَا نُرْسِلُ بِالْآيَاتِ إِلَّا تَخْوِيفًا”

«Нэщэнэхэр ныщIэдгъакIуэр иридгъэшынэну аркъудейщ». (Iэл-ИсраI сурэ, 59-нэ аят).

Арамэ, апхуэдэ нэщэнэхэр зи нэгум щIэкIыр абы игъэшынэу зэрыщытым хуэдэ дыдэу дэри абы дришынэн хуейщ, абыхэм я щхьэ кърикIуар дэри ди щхьэ къызэрикIуэфыну зыхэтщIэн хуейщ, къинэмыщIауи Алыхьым фIыщIэ хуэтщIын хуейщ.

Нобэ зы щIыпIэ деж зыгуэр къыщыхъуамэ цIыхум я нэхъыбэм сыт ящIэр? Хъыбархэм кIэлъыплъу щIадзэ, къэхъуар сыт, къыщыхъуар дэнэ, хэкIуэдар дапщэ… Зыхахами иджыри зыкъом щIагъужри абы тепсэлъыхьу дэтхэщ.

Ауэ муслъымэн губзыгъэм аракъым и Iуэху бгъэдыхьэкIэр, атIэ япэ дыдэ Алыхьым зыхуегъазэ фIыщIэкIэ езым и щхьэм ар къызэримыкIуам папщIэ, етIуанэрауэ, и гуэныхьхэм тогузэвыхьри тобэ къехьыж, сэдэкъэ гуэр и мылъкум хегъэкI.

ДолъэIу Алыхь Иным апхуэдэ гузэвэгъуэ ди нэгум щIимыгъэкIыну, гузэвэгъуэ щымыIэми дыгупсысэфу, фIыщIэ тщIыфу, и арэзыныгъэр къэтлъыхъуэфу дигъэпсэуну!

[1] Еплъ 25-нэ сурэм и 53 Iэятым.

[2] Бегъымбарым жиIащ, Къемэт Махуэм ящIэмкIэ щIыр цIыхухэм щыхьэт яхуэхъуну.