Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дуней гъащIэр апхуэдизу гугъуу зэхэлъщи уи закъуэу щыпхуэлэжьынури, щыпхузэфIэкIынури мащIэщ. АтIэ, Iуэхум щыхэщIри, Iуэхур щыкIуатэри цIыхухэр зэкъуэувэу ар къызэдащтэмэщ.
Ауэ узэкъуэувэ закъуэкIи Iуэхур зэфIэкIкъым, атIэ зэкъуэувахэр зэхуэпэжу, анэмэт ябгъэдэлъу, зыр зым дзыхь хуищIыжыфу щытын хуейщ, армырамэ, зым къихьыр адрейм ихьыжу, зым къилэжьыр адрейм ишхыжу зэхэтмэ ар зэкъуэувэкIэ хъужрэ?!
Узыбгъэдэтыр бгъэпэжын, жыхуаIэ хьэлыр, хьэлу щыIэм я нэхъ хэIэтыкIахэм ящыщщ. ИкIи япэ дыдэ пэжу дызыбгъэдэтын хуейри дыкъэзыгъэщIа Аллаху Тэгьаларащ.
Япэ дыдэ дызыхуэпэжыну дэ къэдгъэгугъари Аллаху Тэгьаларащ. Ар дигу къигъэкIыжу къыщокIуэ КъурIэным:
“وَإِذْ أَخَذَ رَبُّكَ مِنْ بَنِي آدَمَ مِنْ ظُهُورِهِمْ ذُرِّيَّتَهُمْ وَأَشْهَدَهُمْ عَلَى أَنْفُسِهِمْ أَلَسْتُ بِرَبِّكُمْ قَالُوا بَلَى شَهِدْنَا أَنْ تَقُولُوا يَوْمَ الْقِيَامَةِ إِنَّا كُنَّا عَنْ هَذَا غَافِلِينَ”.
«Ягу къэгъэкIыж: уи Тхьэм Iэдэм и бынхэм я тхыцIэм щIэблэр къыхихри еупщIащ: “Сэракъэ фи Тхьэр?”- жиIэри. “НтIэ, дыщыхьэтщ”, — къыжраIащ. Ар Къемэт махуэм: “Дэ ар тщIэуэ щытакъым”, — жывмыIэжын щхьэкIэщ». (Iэл-Iэгьраф сурэ, I72-нэ аят).
Алыхьыр зыгъэпэжым цIыхури игъэпэжынущ, Алыхьыр зымыгъэпэжым цIыхури игъэпэжынукъым. Арамэ, динращ зэхущытыкIэ дахэу щыIэм къежьапIэ хуэхъур.
Дин зехьэкIэри зэхуэдэкъыми, зыр адрейм хуэпэжын теухуауэ цIыхухэр зэрызэхэтым теухуауэ уахэплъэмэ зэмыщхьу зэхэту гу ялъыботэ:
ЩыIэщ цIыху езыр къэзыгъэпэжым хуэпэжу, пэжу къыбгъэдэтым пэжу бгъэдэтыжу, армырамэ лъэныкъуэ зыригъэзыжу.
Ар хъарзынэщ, ауэ абы текIуэжащ къэзымыгъэпэж цIыхум пэжу бгъэдэтыфыр, къызэригъапцIэр ищIэ пэтрэ ар къэзымыгъэпцIэжыр, къызэредыгъуэр ищIэ пэтрэ абы емыдыгъуэжыр.
ЖеIэ Бегъымбарым عليه الصلاة والسلام-ым
“أَدِّ الأَمَانَةَ إِلَى مَنِ ائْتَمَنَكَ، وَلاَ تَخُنْ مَنْ خَانَكَ”
«Анэмэтыр къозыгъэщIылIам ар IэщIэгъэхьэж, укъэзыгъапцIэр къомыгъэпцIэж!». (Абу Дауд, Тирмизий).
ЦIыху Iейм цIыхуфIу бгъэдэтыфым ехьэлIауэ мыри жеIэ ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم : «Уэ къыбдищIэ гуэр теухуауэ зыгуэрым бзаджэ къыбжиIамэ, къогиямэ, уэ дэпщIэ гуэр теухуауэ уемыгиеж, ар абы ищхьэм къихуэжынущ!». (Абу Дауд).
Ауэ япэрейми, етIуанэрейми щымыщу щыIэщ цIыху лIэужьыгъуэ: пэжу къыбгъэдэтым хуэмыпэжу, дзыхь къыхуэзыщIам едыгъуэжу, цIыхум и щIыб къигъэзамэ сэ хиIурэ щIэпхъуэжу. Ар цIыху икIэ дыдэу аращ.
Муслъымэн жэмыхьэт! ПшахъуэщIым къина цIыхум зэфэн псы къызэрилъыхъуэм хуэдэу нобэ цIыхухэм къалъыхъуэу хъуащ пэжу къабгъэдэтын, къэзыгъэпэжын, къэзымыгъэпцIэн цIыху.
КъыщIалъыхъуэри, пшахъуэщIым псыр зэрыщымащIэм хуэдэу цIыху пэжхэри мащIэ хъуащи аращ. ЩIэхъуари, япэ дыдэ, цIыхухэр Аллаху Тэгьалам пэжыжьэ хуэхъуахэщи аращ.
Нобэ дин зезыхьэ дыдэхэми куэд къахокI лэжьыгъэм гукъабзэкIэ бгъэдэмыхьэ, дзыхь къыхуэзыщIа цIыхум епцIыж, и къалэныр имыгъэзэщIауэ цIыхум пщIэ къеIызых.
Дин зезыхьэхэм апхуэдэ къащIыхэкIыр диным абы къыхуриджэу аракъым ахэр, атIэ дин зэрахьэм хуэмыпэжу апхуэдэ дуней тетыкIэ яIэу аращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, зэ еплъыгъуэкIэ мыIэрысэ дахэу плъагъум и кIуэцIыр фауэ къызэрыщIэкIым хуэдэу, дин фащэ дахэр зыщатIэгъауэ, ауэ я гум диныр нэмысауэ аращ апхуэдэхэм.
Ауэ фэрыщIагъым жыжьэ унигъэсынукъым, уимыIэр уиIэ хуэдэу зыпщIкIи ар уиIэ хъунукъым, Алыхь Талэри куэдрэ къыбдэджэгунукъым, и динми уриджэгуу идэнукъым.
Диныр Алыхьым къыщIыдитар ди псэукIэр зытриухуэн, дызэрыпсэун хуей щIыкIэри къыдгуригъэIуэн папщIэщ. Ауэ языныкъуэхэр абы хуейкъым, атIэ абыхэм зэрыпсэун хуейр къагурыIуащ, а къагурыIуам динри къыхуэбгъэсэбэп хъууэ къыщIэкIащ.
Нобэ апхуэдэу диныр къэзыгъэсэбэпхэр из хъуащ утыкум. Языныкъуэм жьакIэ ягъэкIмэ щIагъэкIыр зы закъуэщ: зыгъэлажьэм жьакIэ тетщи. Языныкъуэм кIэ кIыхь щатIагъэ, IэлъощI зытралъхьэ, ауэ сыт щхьэкIэ, зыдэкIуэнум жьакIэ тетщи.
Мис апхуэдэурэ дыхэплъэн щIэддзэмэ фэрыщIагъ защIэкIэ дызэхэту дыкъыщIидзыжынкIэ хъунущ. Абы иужькIэ щIэдгъэщIэгъуэн щыIэкъым «жьакIэ зытетхэм е IэлъощI зытелъхэм дыкъагъэпэжакъым» щыжаIэм деж.
Ауэ гугъэ дахэ къыдэзытыр апхуэдэ цIыху фейдэлъыхъуэхэр зэрымащIэращ, нэхъыбэми апхуэдэ хьэл мыхъумыщIэ зэрахэмылъращ. АтIэ зэрахьэ диным хуэпэжу, жэуап зэрахьыжынури къагурыIуэжу, я пщIи яIыгъыжу щытхэщи -Алыхьым иригъэфIакIуэхэ, я мурадыфIхэр къаригъэхъулIэ, я псапэхэри яхуигъэбагъуэ!