Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыху къэскIэ гъащIэ зэрыз Алыхьым къритащ, цIыху къэскIи хьэл зэрыз къыхипщащ, цIыху къэскIи езым зы дуней иIэжщ.
Хэт и блэкIар мыхъумыщIэу екIуэкIыурэ иужькIэ фIы и лъэныкъуэкIэ зихъуэжащ, хэт хъуащIауэ екIуэкIыурэ, иужькIэ Iей и лъэныкъуэкIэ зихъуэжащ. ЦIыху щхьэ закъуэм и гъащIэр апхуэдэу зэмыфэгъуу зэрыщытым хуэдэ дыдэу, жылэ псоми, адэкIэ къэрал псоми зыщахъуэж щыIэщ.
Абы къегъэлъагъуэ цIыхум и къарур зэрымащIэр, и Iэмалхэри зэрымыкуэдыр, зым шэщIауи зэрытемытыфыр, зым теухуауи зэрыщымытыфыр.
Хьэдисым къыщокIуэ: «Аллаху Тэгьалам Жэннэтым и кIуэцIкIэ Iэдэм цIыху сурэтым щригъэувам, (псэ химыпщэу) зы зэманкIэ къигъэнати, Иблис ар къызэпикIухьу, ихъуреягъкIэ зэпиплъыхьу щIидзащ. И кIуэцIыр (мыгъэбыдауэ) нэщIу гу щылъитэм, къыгурыIуащ зыхуэмыIыгъыжу ар къызэрагъэщIар». (Муслим).
Аращи, цIыхур мыхьэнэншэщ и щхьэ къыхуэнэжмэ, ауэ Алыхьым пыщIауэ, Абы и къаруми епхауэ псэумэ — абы къытекIуэн мы дунейм теткъым.
Аращ Аллаху Тэгьалам щIыжиIэр Иблис хуэгъэзауэ:
“إِنَّ عِبَادِي لَيْسَ لَكَ عَلَيْهِمْ سُلْطَانٌ إِلَّا مَنِ اتَّبَعَكَ مِنَ الْغَاوِينَ”.
«Сэ си пщылIхэр уэ пхуэтхьэкъунукъым, уэ ныпкIэлъыгъуэщахэм нэмыщI…». (Хьиджр сурэ, 42-нэ аят).
Абы къикIращи, языныкъуэм «си псэм сыпэлъэщакъым», «шейтIаныр къыстекIуащ», «си щхьэ сыхуитыжакъым»… нэгъуэщIкъым, сыткъым щыжаIэм деж я щхьэ къагъэпцIэж, ар щхьэусыгъуэ яхуэхъун ягугъэурэ загъэунэхъуж.
Къемэт махуэм цIыхум ищIар шейтIаным трилъхьэну яужь ихьэнущ, арщхьэкIэ, шейтIаным жиIэнущ:
“… وَمَا كَانَ لِيَ عَلَيْكُمْ مِنْ سُلْطَانٍ إِلَّا أَنْ دَعَوْتُكُمْ فَاسْتَجَبْتُمْ لِي فَلَا تَلُومُونِي وَلُومُوا أَنْفُسَكُمْ…”.
«… Сэ фэ фыхэзгъэзыхьыну къару фхузиIакъым, сэ фыхуезджа къудейти фыкъызэувэлIащ, иджы фыкъызэмышхыдэу фи щхьэ фыхуэшхыдэж…». (Ибрахьим сурэ, 22-нэ аят).
Муслъымэн жэмыхьэт! ЗэикI хуэмыдэжу нобэ куэдым захъуэжу гу ялъыботэ: дыгъуасэ хуэдэм мэжджытым епхауэ, муслъымэн къуэшхэми яхэту щытауэ, ауэ иджы уэрамым дыхьэжахэу, цIыху къуейщIейхэми пэшэгъу яхуэхъуауэ.
Яхэтщ абыхэм шейтIаным къызыхуриджэм едэIуапэу диныр IэщIыб дыдэ зыщIыжа, абы ищIыIужкIэ муслъымэнхэм бий яхуэхъужу къапэщIэувэжа.
МыдэкIэ нэгъуэщI зы гуп, я лэжьыгъэ Iуэхур, я мылъку Iуэхур щызэтемыувэм мэжджытым нэхъ щIэсу, дерс едаIуэхэм яхэсу, упщIэ-чэнджэщкIи щIэныгъэ зыбгъэдэлъхэм ябгъэдыхьэ-ябгъэдэкIыу щытауэ, ауэ иджы зыгуэр къыхэхъуэу щыхъум зыми хуэмеижу зыкъыщыхъужауэ, я кIуэгъужэгъухэри нэгъуэщI хъуауэ.
НэгъуэщI зы гуп: зы щIыпIэ деж зэикI щымызагъэу, щIыналъэм мэжджытрэ, жэмыхьэтрэ зыхэмыхьарэ, зыхэмыплъарэ къамыгъэнауэ, езыхэм къагурыIуэ мащIэм темыхуэу зыгуэрым зыгуэр далъэгъуамэ абы демыкIуэкIыфхэу, атIэ махуэ къэс зы щIэщыгъуэ гуэр къалъыхъуэу.
Пэжращи, ахэр псори зэхэтыкIэ узыншэкъым, атIэ Алыхьыр къэзыгъэгубжьу, шейтIаныр зыгъэгуфIэ IуэхущIафэщ.
ЩIэщыгъуэщIым нэхъ цIыху гугъу мы дунейм тету къыщIэкIынкъым. Абы гугъу ирегъэхь мэжджытри, жэмыхьэтри; абы гугъу ирегъэхь и бынхэри, и щхьэгъусэри; абы гугъу ирегъэхь и ныбжьэгъухэри, и лэжьэгъухэри.
И къуэш муслъымэнхэм зыгуэр ядигъуэу, абыхэм яхуэпсалъэу, ахэм яхэмызагъэу зыгуэр плъагъумэ быдэу уи фIэщ щIы: ар апхуэдэу здэщытыр къуэш муслъымэнхэм я деж и закъуэкъым, атIэ хэт пэшэгъу хуэмыхъуами, апхуэдэщ абы и хьэлыр.
Муслъымэн пэжри, цIыху къабзэри хэт жыпIэмэ: япэ дыдэ езым и щыуагъэхэм егупсысыжу, диным щыщу иджыри куэд къызэримыщIар къыгурыIуэжу, езым зэригъэзахуэ мащIэмкIэ мэжджытри, жэмыхьэтри ихъуэжыну хэмыту цIыху зэпIэзэрыту мы дунейм тетращ.
Алыхьым нэхъыфIым дыхуишэ, дифI зыхэлъми ди гупсысэр хуигъакIуэ, ди лъэри абы кIэлъигъакIуэ! Алыхьым пэжым дытету дигъэпсэу, пэжым дытетуи дигъэлIэж, цIыху пэжхэми дахэту дыкъигъэтэджыж!