Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Пэжращ кIэух дахэ зиIэр

03.11.2024
Еджауэ 31

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дунейр «зыхъуэжыпIэ щIыпIэщ», жыпIэмэ ущыуэнукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зызымыхъуэжу зыри теткъым,  цIыхури абы яхэту.

ЗыхъуэжыкIэр Iэджэу зэхидзмэ, абы я нэхъ Iейуэ яхэтыр: цIыхум и гум Iей и лъэныкъуэкIэ зыщихъуэжым дежщ. Гум зихъуэжамэ адрей псоми захъуэжынущ. Аращ ЛIыкIуэ лъапIэр صلى الله عليه وسلم куэдрэ мы дугьэмкIэ лъаIуэу щIыщытар:

يَا مُقَلِّبَ الْقُلُوبِ ثَبِّتْ قَلْبِي عَلَى دِينِكَ

«Уэ, гухэр зэзыгъэдзэкI, си гур уи диным быдэу тегъэт!». (Тирмизий, Ибн Маджэ).

Зым тету зыри щытыфкъым. ЦIыхур зэм нэжэгужэу, дэрэжэгъуэ иIэу, къаруущIэ къыщIыхьам хуэдэу, фIэфIу и нэмэзыр ещI, щIэныгъэ Iуэхум пэрытщ, адрей IуэхуфIхэри елэжь.

Зэми нэхъ хьэлъэ мэхъу, нэхъ щхьэхынэ мэхъу, абы ипкъ иткIэ и псапэ нэмэзхэр нэхъ мащIэ ещI, уеблэмэ фардым и закъуэ имыщIыжу мэхъу, и мылъкуми зыгуэр хигъэкIыну и гум Iэпимыхыу мэхъу, и гур нэхъ пхъашэ мэхъу.

Уеблэмэ, абы фIэIэбыкIыжу фардхэри къэгъэнэным, хьэрэм дыдэхэри лэжьыным нэс щыIэщ. Зи Iуэхур абы нэсам и Iуэхур шынагъуэщ. Абы насып иIэмэ Алыхьым гущIэгъу къыхуищIынщи тобэ къихьыжыну, зэгупсысыжыну Iэмал къритынщ.

Армырамэ цIыхур екIуэтэхым, ещэтэхыурэ, зы гуэныхьым адрей гуэныхьыр къыхигъахъуэурэ щытыкIэ нэхъ Iей дыдэм иту Алыхьым и пащхьэ ихьэжынкIэ хъунущ. Алыхьым абы дыщихъумэ дэтхэнэ зыри!

ЦIыхур цIыху гъэунэхъущ, жыхуаIэращи, цIыхур зытекIуадэр адрейхэм ядилъагъу гуэныхьхэращ. НэгъуэщIым илэжьу илъэгъуа нэужь цIыхур гуэныхьым нэхъ тегушхуэу мэхъу. Аращ щапхъэ Iей зыгъэлъэгъуам и гуэныхьыр тIуащIэ-щащIэ щIэхъури.

Ауэ щапхъэ зытрахам и гуэныхьыр багъуэми, тезыхам абы щхьэкIэ зыри щхьэщахынукъым икIи зыри хуэгъэкъуэншэнукъым, атIэ илэжьамкIэ и закъуэ жэуап ирагъэхьынущ.

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыху зэрызхэм зызэрахъуэжым хуэдэу жылэ псоми захъуэж. ЦIыхухэм зэм диным я гупэр нэхъ хуагъазэ, зэм нэгъуэщIыпIэкIэ загъазэ, зэм адэ-анэхэм диныр нэхъ зэрахьэ, зэм бынхэм диныр нэхъ къафIэIуоху.

Зэм фIыр, хъейрыр, псапэр зыдалэжьыну хуейуэ мэхъу цIыхухэр, зэм нэпсеягъэр нэхъ къатокIуэ, щхьэж и щхьэ Iуэхур нэхъ къыфIэIуэхуу мэхъу.

Ауэ, хьэкъращи, дэ диныр тхэлъми тхэмылъми а диныр зей Тхьэшхуэм зыкIи зэран дыхуэхъунукъым и зэфIэкIми абы щхьэкIэ зыри хэщIынукъым, атIэ диныр зетхьэмэ ди насыпщ, зедмыхьэмэ ар ди насыпыншагъэм щыщщ.

ЖиIэр сыт Тхьэшхуэм:

“فَإِنْ يَكْفُرْ بِهَا هَؤُلَاءِ فَقَدْ وَكَّلْنَا بِهَا قَوْمًا لَيْسُوا بِهَا بِكَافِرِينَ”

«Мыхэм ар яфIэщ мыхъуми, ар зи фIэщ мыхъухэм ящымыщу зы гуп я пщэ дэтлъхьэнущ!». (Iэл-Iэнгьам, 89).

Аращи, дэ диным зедмыхьэми ар зезыхьэн сыт щыгъуи щыIэнущ. Мэжджыт закъуэм и Iуэхур къэтщтэнщи, дэ хэдмылъхьэми мэжджытым ди мылъкур, абы хэзылъхьэн щыIэнущ, дэ дыщIыхьэу щыдмыщIми абы нэмэз, абы нэмэз щызыщIын щыIэнущ, дэ зетхьэну дыхуэмейми мэжджытыр, ар зезыхьэн щыIэнущ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Дунейр чэзущ. Зэм пэжыр ищхьэм къокIуэ, зэм пцIым и щхьэр къыкъуегъэж. Ауэ сыт хуэдизу пэжыр ирамыудыхами ар яхуэгъэкIуэдынукъым, сыт хуэдизу пцIым пкъы щIамыгъэувами, ар яхущыгъэтынукъым.

Аращ, пцIым сыт хуэдиз цIыху темытами зэрыпцIыуэ къонэж! Пэжым тетхэр сыт хуэдизу мымэщIами ар зэрыпэжу щытыжщ. Пэжым и ныпыр щытщ зыми имыIыгъми, пцIым и ныпыр щылъщ сыт хуэдизу яIэтыну яужь имытхэми.

Хьэлэлыр Алыхьым хьэлэл ищIаращ, ар хэт къыфIэмыIуэхуами; хьэрэмри Алыхьым хьэрэм ищIаращ, мы дунейм цIыхуу тетым ар ялэжьами.

Ауэ пэжращи, хэт сыт хуэдэу щымытами, хэт сыт хуэдизкIэ къимыкIуэтыжами, диныр зи фIэщу зезыхьэхэр сыт щыгъуи щыIэщ.

ЩыIэщ зи нэмэзым и нэм хуэдэу хуэсакъхэр, Iэмал зэриIэкIэ мэжджытым ар езыхьэлIэхэр. ЩыIэщ щIэныгъэм гукъабзэкIэ етахэр: еджэнымрэ, егъэджэнымрэ зи гъащIэр теухуахэр. ЩыIэщ мылъкукIэ псапэ щIэным хущIемыгъуэжхэр, щыIэщ зи хьэлкIэ ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم и хьэлым пэгъунэгъу зызыщIыну хуей цIыху губзыгъэхэр.

Абыхэм ятеухуауэ къыщIэкIынщ Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم и псалъэхэр:

“لا تَزَالُ طَائِفَةٌ مِن أُمَّتي قَائِمَةً بِأَمرِ اللهِ لا يَضُرُّهُم مَن خَذَلَهُم أَو خَالَفَهُم حَتَّى يَأتيَ أَمرُ اللهِ وَهُم ظَاهِرُونَ عَلَى النَّاسِ”.

«Си Iуммэтым зы гуп сыт щыгъуи хэтынущ Алыхь унафэм тетхэу; хэт имыкIуэтыжами, хэт къатемыхуами абы и зэран къемыкIхэу. ИкIи Алыхьым и унафэр къэсыхукIэ ахэр цIыхухэм къахэщу щытынущ!». (Бухъарий, Муслим).

И сэбэп Алыхьым къыдигъэкI нобэ зыхэтхам! КъимыкIуэтыжу икIи щIемыгъуэжу мы дин дахэр зезыхьэн, зи гур къабзэу адрей дунейм зыгъэзэжын Алыхьым дищI!