Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам мы дунейр хьэлэмэту зэтриухуащ, зыр адрейм епхыжауэ псори игъэпсащ. Абы щыщщ псори зым зэрыримытар, атIэ цIыхухэр зыр адрейм хуэныкъуэжын хуэдэу, зым адрейми пщIэ хуищIыжын хуэдэу зэмыщхьу фIыгъуэхэр къабгъэдилъхьащ.
Жи1ащ Аллаху Тэгьалам:
“نَحْنُ قَسَمْنَا بَيْنَهُمْ مَعِيشَتَهُمْ فِي الْحَيَاةِ الدُّنْيَا وَرَفَعْنَا بَعْضَهُمْ فَوْقَ بَعْضٍ دَرَجَاتٍ لِيَتَّخِذَ بَعْضُهُمْ بَعْضًا سُخْرِيًّا”.
«Дэ абыхэм фIыгъуэр мы дуней хьэхум щахуэдгуэшащ, зыхэр адрейхэм яхэдгъэфIыкIащ, зыхэр адрейхэм хуэлэжьэн щхьэкIэ…». (Iэз-Зухъруф сурэ, 32-нэ аят).
Зым щIэныгъэ къыбгъэдилъхьащ, ауэ IэщIагъэ бгъэдэлъкым, адрейм IэщIагъэ къыритащ, ауэ щIэныгъэ бгъэдэлъкым; щIэныгъэ зыбгъэдэлъхэри Iэджэуи зэхедзыж, IэщIагъэ зиIэхэри аращ.
ЩIэныгъэм къыхуигъэщIам и акъылыр абы нэхъ теухуауэ ищIащ, и гури абы тегъэщIащ. IэщIагъэм е лэжьыгъэм къыхуигъэщIам и Iэпкълъэпкъыр абы нэхъ хуэщIауэ ищIащ. Зи насыпри къызыхуагъэщIар къызыгурыIуэжу абы зи гъащIэр тезухуэращ.
УкъызыхуагъэщIар къыбгурыIуэжмэ уэ уи гъащIэр къохъулIауэ аращ, уэ езыри утыншынурэ цIыхухэри бгъэтыншынущ, ауэ ар къыбгурымыIуамэ уэ мы дунейм хьэлъэу утетынурэ, ущытекIыжкIэ цIыхухэр тыншыжынущ.
«Дэ дыкъызыхуагъэщIар Алыхьым дыхуэпщылIыну, дыхуэлэжьэну аракъэ?!», — жиIэнкIэ хъунущ зыгуэрым. – Аращ, Дэ дыкъызыхуагъэщIар Алыхьым дыхуэпщылIыну, дыхуэлэжьэну аращ, ауэ хуэпщылIын, хуэлэжьэн жыхуиIэ Iуэхугъуэр тэмэму зэщхьэщыхауэ къыдгурыIуэн хуейщ.
Алыхьыр бгъэзэкъуэнымрэ, Абы фард ищIахэр бгъэзэщIэнымрэ дэ иджыпсту игугъу тщIыкъым. Ахэр лъабжьэшхуэу псоми яхэлъын хуейщ, атIэ абы и щхьэкIэ кIуэуэ цIыхум езым къыхихыжу адэкIэ псапэ къызэрилэжьын щIыкIэхэращ зи гугъу тщIыр.
Диныр зэрыхэлъым и щIыIужкIэ езыри цIыху Iущу, гъащIэми куэд щилъэгъуауэ щыт цIыху хэIэтыкIахэм ящыщ зы, Гьумэр ибн Iэл-ХъэтIтIаб, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, мыр и псалъэщ: «ЦIыхум зы Iуэхугъуэ гуэр къехъулIэу игъэунэхуамэ абы епхауэ щырырет!».
ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъхэм, цIыху Iущхэм къагуроIуэ а псалъэм къикIри я гъащIэр зым траухуэ. Зы Iуэхугъуэ гуэр нэхъ къехъулIэхэу ягъэунэхуамэ, ар хаубыдыкIри абы телажьэу, ар ирагъэфIакIуэу, езыхэри ефIакIуэу мэпсэухэ.
Ауэ ар къызыгурымыIуэхэм я акъылыр зэхэтхъуауэ аращи, я гъащIэри апхуэдэ дыдэу зэхэтхъуауэ мэпсэухэ. Нобэ зы Iуэхугъуэ кърахьэжьэри икIэм ар намыгъэсу хыфIадзэжри нэгъуэщI Iуэхугъуэм пэрохьэхэ. Мис апхуэдэу я гъащIэ кIэщIым ироджэгухэ.
Мыр дин Iуэхуми, дуней Iуэхуми епхащ. Аллаху Тэгьалам мы дунейм хабзэ зэтригъэувахэр зыми еубзэкъым. Уи гум фIы илъ къудейкIи мы дунейм къыщохъулIэнур мащIэщ, атIэ уи гум фIы илъым лэжьыгъэфI, лэжьыгъэ тэмэм игъусэжын хуейщ.
ЩIэныгъэр къэтщтэнщи, языныкъуэр абы щыпэрыхьэм деж шэщIауэ зым етауэ щытыфхэкъым. АтIэ нобэ зы щIэныгъэлI йодаIуэри, я щIэщыгъуэр икIмэ нэгъуэщI къалъыхъуэ. Нобэ зы тхылъ къащтэри, ар яужэгъури икIэм намыгъэсу нэгъуэщI къащтэ.
IэщIагъэ, лэжьыгъэм и Iуэхури аращ. Куэдыр зы Iуэхугъуэм шэщIауэ куэдрэ пэрытыфхэкъым, атIэ нобэ зы кърагъажьэ, ар намыгъэсу нэгъуэщIым зрапщыт. Зэуэ мылъкушхуэ къаIэрыхьэну хуейхэщи, зыр мыхъумэ адрей хъункъэ, жаIэурэ къажыхь, ауэ нэхъыбэм къэхъураши: зыми щымыщу хьэулейуэ уэрамым къыдэнэжу аращ апхуэдэхэр.
Гьибадэт Iуэхугъуэхэри мыбы ещхьщ. Псапэ къэхьыпIэ куэд диным хэтщ, ауэ ахэм псоми ухэмытыфынкIэ хъунущ. Псалъэм папщIэ, псапэ нэщIыр пфIэфIмэ, абы уи псапэ нэмэзхэр нэхъ мащIэ ищIынкIэ хъунущ. Псапэ нэмэзхэр пфIэфIмэ, абы уи КъурIэн еджэныр хигъэщIынкIэ хъунущ….
Гьибадэт лIэужьыгъуэхэм тIэкIу уащыхэдэни къыпхуихуэнущ, ауэ нэхъ шэщIауэ зым нэхъ етауэ ущытын хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псоми зэхуэдэу ухэзэгъэнукъым.
Имам Малик, رحمه الله, зэрытщIэщи нэхъ къызэрацIыхур и щIэныгъэмкIэщ. — Псапэ нэщIым апхуэдэу уеугугъкъым жаIэу гукъанэ зэгуэрым къыхуащIауэ щытати мыр къикIыу жиIат: «Ерыскъыр Алыхьым зэригуэшам хуэдэу, лэжьыгъэхэри иугуэшащ. Зым псапэ нэмэзыр нэхъ къритащ, ауэ псапэ нэмэзыр къритакъым. Адрейм сэдэкъэ тыныр нэхъ къретри, нэщIыр къриткъым… сэ щIэныгъэр къызитауэ абыкIэ псапэ къырызохь, нэщIым зестмэ ар си щIэныгъэм тIэкIу зэран хуэхъуу къысщохъу. Аращи, зыр зым гукъанэ хуэдвмыгъэщIыжу, щхьэж зыхэзагъэм хырет!».
Абы ещхьу, зы лIыжь и хъыбар тхыдэм къыхощыж щэкIуэныр фIэфIу, къищэкIуамкIэ псэууэ щытауэ. – Хъунщ иджы мы Iуэхур къэгъэнэж уи ныбжьыр хэкIуэтащ, узыхэпсэукIын теухуауэ дэ зыпщIэдгъэкъуэнщ, — къыщыжраIэм, — Хьэуэ, жиIащ, хьэлэл шхыну ар Алыхьым сэ къызитащ, икIи сыхэзэгъауэ йокIуэкIри, ар зыкIи схъуэжынукъым. Узыхэзагъэм ухэтын хуейщ!-, жиIащ нэхъыжьым.
Алыхьым сэбэп тхуищI псоми нобэ зыхэтхар, ди хъейр зыхэлъым ди Iэр Алыхьым тригъахуэ, Iуэхум я нэхъ дыдэми дыхэту и пащхьэ дришэж!