Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Рэмэданым ипэ къихуэу!

03.01.2022
Еджауэ 1 196

Муслъымэн жэмыхьэт! Зэманыр псынщIащэу макIуэ. Махуэр кIыхьу къытщыхъуми напIэзыпIэм блокI, мазэри зы махуэм хуэдэу йокI, илъэсри зы тхьэмахуэм хуэдэу токI.

Мис апхуэдэу псынщIащэу илъэс псор ди щIыбагъым къыдэднауэ махуэ бжыгъэ дэкIмэ мазэу щыIэм я нэхъ лъапIэм, цIыхуфIхэм къахуэмыгъэсу зыпэплъэ зэман дахэм, Алыхьым жиIэмэ дыхэбэкъуэнущи, псоми фIы Алыхьым абы къытхудигъакIуэ! ПсапэкIэ ар дгъэнщIауэ, ди гуэныхьхэри ди щIыбагъым къыдэднауэ ар икIэм ныдигъэхьэс!

Зэманыр псынщIэу зэрыблэкIыр Къемэт махуэ шынагъуэм и нэщэнэхэм ящыщщ. ЖиIащ ди ЛIыкIуэ лъапIэм عليه الصلاة والسلام— ым абы теухуауэ: «Къемэт махуэр къэсынукъым зэманыр зэпэгъунэгъу мыхъуауэ: илъэсыр мазэм хуэдэу хъунущ, мазэр тхьэмахуэм хуэдэу хъунущ, тхьэмахуэр зы махуэм хуэдэу хъунущ, махуэр зы сыхьэтым хуэдэу хъунущ, сыхьэтри тхьэмпэ гъуар мафIэм зэрисым хуэдэу хъунущ!». (Ахьмэд, Ибн Хьиббан).

Илъэс блэкIам теухуауэ дызэгупсысын куэду диIэщ. ЦIыхубэм я нэгум куэд щIауэ щIэмыкIа узыфэ гуащIэм дуней псом псэукIэ къыщекIуэкIым зыригъэхъуэжащ. Хэти абы дерсышхуэхэр хихащ, хэти и гур нэфу зэрыщытам  хуэдэу нэфу къэнэжащ.

ЖеIэ ди Тхьэшхуэм:

 مَنْ يُضْلِلِ اللَّهُ فَلَا هَادِيَ لَهُ وَيَذَرُهُمْ فِي طُغْيَانِهِمْ يَعْمَهُونَ

«Алыхьым игъэгъуащэм гъуазэ иIэжкъым, ахэр Абы нэфу щхьэрыуауэ къегъанэ».  (Iэл-Iэгьраф сурэ, I86-нэ аят).

КъекIуэкIам теухуауэ ди дин зехьэкIэми лъэныкъуэ куэдкIэ зэхъуэкIыныгъэ къыхыхьащ. Ауэ иджы Iуэхур нэхъ зэтеувэжу фэ тетщи, Аллаху Тэгьалам нэхъыфIым псори дыхуишэ!

Мэгъэрей Рэмэданыр догугъэ ди мэжджытхэм епхауэ етхьэкIыну, ди тэрауихьхэри зэгъусэу псоми зыдэтщIыну, гьид нэмэзри дызэщIыгъуу дгъэлъэпIэну!

Муслъымэн жэмыхьэт! Ди гъащIэ кIэщIым и кIуэцIкIэ ди псапэхэр щыдгъэбэгъуэн, ди гуэныхьхэми щыхэдгъэщIын чэзу къытхуохуэри дывмыгъэбэлэрыгъ!

Къытхуоблагъэ нэщIым, нэмэзым, сэдэкъэм, КъурIэным, тобэм я мазэри фIыр зэрытфIэфIыр ди Тхьэ лъапIэм иджыпсту щыщIэдзауэ къыддырещIэ!

Пэжращи, НэщI мазэр фIыгъуэ защIэкIэ гъэнщIащ. НэщI исми зегъэкъабзэ псэкIэ, зеузэщI гукIэ, зэтоувэ хьэлкIэ.

КъурIэн лъапIэу Алыхьым и Псалъэм нэщIым теухуауэ къыщыкIуа унафэм нахуэу къыхощ ар:

﴿ يَا أَيُّهَا الَّذِينَ آمَنُوا كُتِبَ عَلَيْكُمُ الصِّيَامُ كَمَا كُتِبَ عَلَى الَّذِينَ مِنْ قَبْلِكُمْ لَعَلَّكُمْ تَتَّقُونَ ﴾

«Уэ, зи фIэщ хъуахэ! Фэ НэщIыр фи пщэм къыдалъхьащ, фи япэкIэ щыIахэм я пщэм къызэрыдалъхьам хуэдэу, тхьэшынагъэ къыхэфхын папщIэ!». (Iэл-Бэкъэрэ сурэ, I83-нэ аят).

ИкIи пэж дыдэу нэщI исыфынур тхьэшынагъэ зыхэлъ цIыхуращ. Алыхьым щымышынэр и закъуэ хъужмэ и нэщIыр икъутэнурэ ежьэжынущ, ауэ Алыхьым дежкIэ плъэ цIыхур дэнэ щымыIами и нэщIым хуэсакъыжынущ.

НэщIымрэ тхьэшынагъэмрэ зэрызэпхар къэзыгъэлъагъуэхэм ящыщщ: цIыхур нэщI щисым и деж и нэми, и тхьэкIумэми, и бзэгуми нэхъ яхуэсакъыу, «абыхэмкIэ гуэныхь гуэр къэзмыхьащэрэт» жиIэу зык1элъыплъыжу зэрыхъур.

Хьэнэфий щIэныгъэлI ин Ибн Iэл-Хумам رحمه الله етх: «НэщIым цIыхум и псэу Iейм къыхуезыджэр егъэсэбыр, Iэпкълъэпкъым хэт пкъыгъуэхэм (нэм, бзэгум, тхьэкIумэм…) лейуэ къапкъыркIхэм я гуащIагъыр нэхъ кIащхъэ ещI!».   

Пэжращи, Аллаху Тэгьалар дэ ди нэщIым къыхуэныкъуэкъым, атIэ абы хуэныкъуэр дэращи, абы ди хъейр зыхэлъ къыхэдмыхмэ, ди кIуэцIыр гугъу зэредгъэхьам нэхъыбэ къыхэдмыхауэ НэщI мазэр итхынущ.

ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «МыхъумыщIэ жыIэнымрэ, мыхъумыщIэ щIэнымрэ цIыхум къимыгъанэмэ, и шхэн-ефэныр къызэригъанэм Алыхьыр къыхуэныкъуэкъым!».

КъинэмыщIауи, НэщIым хэлъ гупсысэшхуэхэм ящыщщ, мэжалIэныгъэр Аллаху Тэгьалам зэхыдигъащIэу, зи ныбэ изу мышхэфу щыIэ цIыху тхьэмыщкIэхэм гущIэгъу яхудигъэщIыныр, диIэмкIэ, тхузэфIэкIымкIэ абыхэм дадигъэгуэшэныр.

«НэщI мазэр сэдэкъэм и мазэщ» щIыжаIэри апхуэдэ зыгуэрщ. КъинэмыщIауи, зи сэджыт тыгъуэр НэщI мазэм ирихьэлIэхэми я къалэныр ящыгъупщэ хъунукъым. Абыхэм я псапэр тIуащIэу бэгъуауэ Алыхьым къаритыжынущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, НэщIым и фардри, Сэджытым и фардри зы мазэм и кIуэцIкIэ ягъэзэщIэнущ.

Дыузыншэу, иман дбгъэдэлъу Аллаху Тэгьалам дынигъэс Мазэ лъапIэм! ПсынщIэ Аллаху Тэгьалам тщищI НэщI мазэр екIуу къэднэщIыну, нэхъри абы и кIуэцIкIэ зыдузэщIыну, нэхъри нэхъ гъунэгъу Езым дызыхуищIыну!