Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Псэлъэрейр Алыхьым и жагъуэщ!

03.01.2022
Еджауэ 1 494

ФIыщIэ худощI, щытхъуи къыхудохь Аллаху Тэгьалам, цIыхур КъэзыгъэщIам, имыщIэр къезыгъэщIам, и бзэри къэзыгъэпсэлъам, фIыгъуэ куэди къыбгъэдэзылъхьам.

Щыхьэт дытохъуэ Аллаху Тэгьалам и закъуэныгъэм, Абы нэмыщI узыхуэпщылI хъуну тхьэ зэрыщымыIэм. Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, абыкIи Аллаху Тэгьалам лIыкIуэхэм я къэкIуэныгъэр зэрызэхуищIыжам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам адрей псэущхьэхэм яримыту цIыхум къыбгъэдилъхьа зэфIэкIхэм ящыщщ: и бзэр псалъэу зэрищIар, зыхуейр тыншу адрейхэм ягуригъэIуэфыну Iэмал къызэрыритар.

ЦIыхури хуеймэ и бзэгумкIэ фIы куэд хуэлэжьынущ, куэдми я гуапэ ищIыфынущ, псапэ куэди къыхуэхьынущ. Хуеймэ и бзэгур Iейм хуигъэлажьэурэ, гуэныхьым зыригъэтхьэлэжыфынущ.

ЦIыхум псапэу къихьым и нэхъыбэр и бзэгум къыдокIуэ, гуэныхьми я нэхъыбэр апхуэдэ дыдэу бзэгум деж къыщожьэ, жытIэмэ дыщыуэну къыщIэкIынкъым.

Мис апхуэдэу, икIи уигъэунэнкIэ икIи уигъэунэхъункIэ хъуну щыт Iуэхугъуэм сакъыныгъэшхуэ дбгъэдэлъу дыбгъэдыхьэн хуейщ. Аращ щIыжиIэри ди ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم: «مَنْ صَمَتَ نَجَا» — «Мыпсэлъар къелащ!». (Ахьмэд, Тирмизий).

Псэлъэныр мащIэ щIыным апхуэдэу дыщIытригъэгушхуэр, псэлъэным Iуэхушхуэхэр къыдокIуэри аращ. КъыдэкIуэнкIэ хъунущ абы: цIыхур щыуэныр, пцIы иупсыныр, бзэгу зэрихьэныр, цIыхум хуэпсэлъэныр, фэрыщIагъ зыхэлъ жиIэныр, емыкIу зыпылъ къыжьэдэкIыныр, и щхьэ щытхъужыныр. НэгъуэщIхэри, нэгъуэщIхэри.

Ахэр цIыхум тынш дыдэу къыIэщIощIэ, тынш дыдэуи и бзэгум къытозэрыхь, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, и гум абыхэм IэфIагъэ гуэр зэхрагъащIэ, шейтIанми ар хуегъэщIэращIэ, и псэри къыщIэроIэ.

ЦIыхум и бзэр зэ иутIыпщамэ абы и шхуэр тыншу къыхуэубыдыжкъым, атIэ зы псалъэм нэгъуэщI псалъэ къилъхуурэ Iуэхур куу ещI, цIыхум зыгуэр жиIа нэужьи, абы зэрыхущIегъуэжыр мащIэщ.  Аращ зи псалъэр мащIэм и Iуэхур щIэнэхъыфIри.

ЦIыхум и псэлъэныр нэхъ мащIэ ищIмэ и гупсысэр нэхъ зэтет мэхъу, нэхъ зэщIэкъуа мэхъу, и пщIэри нэхъ Iэтауэ къызэтонэ, нэгъуэщI IуэхуфI куэд ищIэнуи зэман къыхуонэ.

ДевгъэдаIуэт Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Гьумэр и псалъэ Iущхэм: «Зи дыхьэшхыныр куэд зыщIым фIэлIыкIыныгъэу иIэр мащIэ мэхъу, зи гушыIэр куэдми и пщIэр лъахъшэ мэхъу, цIыхури къызэрацIыхур нэхъыбэу къыдалъагъумкIэщ. Зи псалъэр куэдми и щыуагъэр куэдщ, зи щыуагъэр куэд хъуами и укIытэр мащIэ хъуащ, зи укIытэр мащIэ хъуам и тхьэшынагъэри мащIэ хъуащ, зи тхьэшынагъэри мащIэ хъуам и гур псэншэ хъуащ!».

Абы щыхьэт техъуэу жеIэ езы ЛIыкIуэ лъапIэми صلى الله عليه وسلم: «Алыхьым и цIэр зыхэмыт псалъэмакъхэр куэд фымыщI. Апхуэдэ псалъэмакъхэр куэд хъуныр гур пхъашэ хъуным щхьэусыгъуэ хуохъу. Аллаху Тэгьалам нэхъ пэжыжьэ дыдэу щытри гу пхъашэращ!». (Тирмизий).

Нобэ дигухэр зыр зым хуэщIыIэу, зы щхьэусыгъуэ цIыкIу зэрыдгъуэту зыр зым дыхуэпсэлъэжу дыщIыдэувэжым и щхьэусыгъуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ: ди гур быдэ, ди гур пхъашэ зэрыхъуар.

КъинэмыщIауи, цIыхур Iуэхуншэ хъумэ, IэнатIэ гуэрми пэрымытмэ, езым хуэдэ Iуэхуншэ гуэр къегъуэтри, я Iуэху зыхэлъми зыхэмылъми, зыхащIыкIми зыхамыщIыкIми хэпсэлъыхьын щIадзэ. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Иужьу зы хьэдис дедэIуэжынщ. А хьэдисыр зэхэзыхар и бзэгум хуэмысакъыжмэ абы нэгъуэщIу зэхихын хуейр къэщIэгъуейщ. ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «ЦIыхум емыгупсысу псалъэ гуэрхэр къепсэлъ, абы и зэранкIэ мы дунейм и бгъуагъ хуэдизкIэ Жэхьэнэмэм хэхуэну къилэжьу!». (Бухъарий, Муслим).

Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! Алыхьым къыдита фIыгъуэр Езым и арэзыныгъэр хэлъу къэзыгъэсэбэпын, и бзэгумкIэ къихьа псапэ куэдым щыгуфIыкIыжын дищI дэтхэнэ зыри!