ФIыщIэ Аллаху Тэгьалам худощ, ДыкъэзыгъэщIам, иманкIэ къытхуэупсам, Езыр арэзы зытехъуэ диныр зетхьэныр насып тщызыщIам, ЛIыкIуэхэм я нэхъ лъапIэм и Iуммэтым щыщ дызыщIам.
Щыхьэт дытохъуэ Аллаху Тэгьалам и закъуэныгъэм, Iыхьэгъуи, ныбжьэгъуи Абы зэримыIэм, Езым фIэкIа нэгъуэщIми щхьэщэ хуэпщI зэрымыхъунум.
Щыхьэт дытохъуэ иужь дыдэу Аллаху Тэгьалам къигъэкIуэжа Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, КъэзыгъэкIуам хуэпэжу зэрыпсэуам, къыщIагъэкIуа къалэнри нэгъэсауэ зыгъэзэщIам.
Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалар цIыхум къызэрыхуэупсэ фIыгъуэхэм ящыщщ: и закъуэ IэпцIанэ-лъэпцIанэу мы дунейм къытримыгъэхьэу е «къытримыутIыпщхьэу», езым ипэ зыгуэр иригъэщрэ, а ипэ ищахэм я жьауэ щIэту, я нэхум хэту цIыхур къызэригъэхъур.
Мыбы теухуауэ япэ дыдэ дигу къэкIыр адэ-анэхэращ. ИкIи пэжу дигу къокI. Адэ-анэм я хьэкъыр Аллаху Тэгьалам Езым и хъэкъым бгъэдэту КъурIэн лъапIэм къыщокIуэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Аллаху Тэгьалам и закъуэ дыхуэлэжьэну, адэ-анэми дахэу дахущытыну.
Мыпхуэдэущ ар КъурIэн лъапIэм зэритыр:
“وَقَضَى رَبُّكَ أَلَّا تَعْبُدُوا إِلَّا إِيَّاهُ وَبِالْوَالِدَيْنِ إِحْسَانًا”
«Унафэ ищIащ уи Тхьэм: Езым нэмыщI нэгъуэщIым фыхуэмыпщылIыну, адэ-анэми дахэу фахущытыну…!». (Iэл-IисраI сурэ, 23-нэ аят).
Ауэ, зи жьауэ дыщIэту, зи нэхуми дыхэту дыкъэзыгъэхъур адэ-анэм я закъуэкъым, атIэ уеблэмэ, адэ-анэм къытхуащIэм къыкIэрымыхуу, атIэ уеблэмэ, щIегъуж хужыпIэну щытщ динкIэ гъуазэ тхуэхъу щIэныгъэлIхэм къытхуащIэр.
ЩIэныгъэлIхэращ дэ къыдгурызыгъаIуэр дыкъэзыгъэщIа Аллаху Тэгьалам и хьэкъхэр Ахэращ къыдгурызагъаIуэр Аллаху Тэгьалар арэзы зытехъуэмрэ, Абы и губжьыр къэзышэмрэ; Абы хьэлэл ищIамрэ, хьэрэм ищIамрэ.
ЩIэныгъэр тхылъхэм ярыт щхьэкIэ тхылъым итыр къизыхыфыр, щыуагъэ хэмыту ар къызыгурыIуэфыр щIэныгъэлIхэращ. Аращ щIыжаIэри: «Тхылъыр зи шейхъым и щыуагъэр нэхъыбэщ и захуагъэм нэхърэ!».
ЩIэныгъэлIхэр хэмыту Iуэхур зэфIэкIыу щытамэ, апхуэдизрэ щIэныгъэлIхэм я цIэр фIыкIэ Къурэнымрэ, Суннэмрэ къыхэщынтэкъым, абыхэм я пщIэри апхуэдэу лъагэу яIэтынтэкъым.
ЩIэныгъэлIхэр хэмыту Iуэхур зэфIэкIыну щытамэ мыпхуэдэу ди ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم жиIэнтэкъым: «Аллаху Тэгьалам щIэныгъэр цIыхухэм я гум къричыжурэ иубыдыжкъым, атIэ, щIэныгъэлIхэр зыришэлIэжурэ щIэныгъэри еубыдыж…». (Бухъарий, Муслим).
Муслъымэн жэмыхьэт! ЩIэныгъэлIхэм я пщIэр апхуэдэу лъагэу щыщыткIэ, ди щIэныгъэлIхэр тцIыхужу, абыхэм я лэжьыгъэхэм дыщыгъуазэу дыщытын хуейщ. Дэ тцIыхум имызакъуэу, щIэблэ къыдэкIуэтейми ахэр къедгъэцIыхун хуейщ, щапхъэ зытрахынур ящIэн папщIэ.
Муслъымэн дин щIэныгъэлIхэм я бжыгъэр куэд мэхъу, псоми гулъытэ яхуэфащэщ, ауэ дэ Iуэхур къыщыщIэддзэн хуейр нэхъ гъунэгъуу къыдэдзылIахэм, ди щIыналъэм къихъукIахэм, ди лъэпкъым къыхэкIахэм я дежщ.
Дэ ди тхьэмыщкIагъэм ар щыщти, дин щIэныгъэм зиужьу, щIэныгъэлIхэми заубгъуу зэрыщIидзэу лъэхъэнэ кIуам и пэублэхэм къэралыщхьэм зихъуэжщ, къэрал политикэми нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ зигъазэри, щIэныгъэлIу, цIыху Iущу, щэджащэу диIар хэт Сыбырым яшащ, хэт къэралым ирахуащ, хэт гуузу яукIащ.
Жыг дахэу къэкIам и къудамэр паупщIри, илъэс блыщIым щIигъукIэ жыгыр гъуа пэлъытэу щытащ, ауэ пцIым тещIыхьа зэхэтыкIэр зэрылъэлъэжу жыгым къудамэщIэ къыдэкIэжащ, адэкIэ зиужьыну, цIыхум щхьэпэ яхуэхъуу псэуну хуежьащ.
“فَأَمَّا الزَّبَدُ فَيَذْهَبُ جُفَاءً وَأَمَّا مَا يَنْفَعُ النَّاسَ فَيَمْكُثُ فِي الْأَرْضِ“
«Тхъурымбэр пщIэншэу мэкIуэдыжри, цIыхум къащхьэпэнур дунейм къытонэ…», — жиIащ ди Тхьэшхуэм. (Iэр-Рэгьд сурэ, 17-нэ аят).
Муслъымэн жэмыхьэт! Ди япэ ища щIэныгъэлIхэр, япэ лъагъуэр хэзыша нэхъыжьыфIхэр тцIыхужын хуейщ. Ахэр дымыцIыхужмэ нэгъуэщIхэр къыдагъэцIыхунущ, нэгъуэщIхэр щапхъэ тхуащIынущ е ар дыдэхэр нэгъуэщI теплъэ гуэрым иту ди пащхьэ къралъхьэнущ.
Нобэ утыкум зы гуп къилъэдащ лъэпкъым и тхыдэр езыхэм я щхьэзыфIэфIыныгъэм тещIыхьауэ ятхыжыну хущIэкъухэу. Ди нэхъыжьыфIхэм зэрахьа диныр лъэныкъуэ ирагъэкIуэтэкIыу , лъэпкъыр диныншэу щытауэ къытфIагъэщIыну, диныншэуи щытын хуейуэ къытщагъэхъуну яужь итхэщ.
Апхуэдэ цIыхухэм зэман бзаджэ блэкIам къыкIуэцIакIа щхъухьыр иджыри якIуэцIытщи, ныбжьыщIэ гупцIанэхэм, тхыдэм щымыгъуазэхэм ящыщ гуэрхэр ягъэгъуэщэф, езыхэм макъкIэ яхужымыIэр мо ныбжьыщIэ-IуэхумыщIэхэм я бзэкIэ жаIэри дэтхэщ.
Пэжрщи, Диныр зетхьэнущ, жызыIэу утыкум къихьэжа щIалэгъуалэм егъэлеиныгъэ къыхэзылъхьэ зэрахэтым хуэдэу, Хабзэр зетхьэнущ жызыIэу къежьахэми егъэлеиныгъэм иукI куэд яхэтщ.
Ауэ, дэ мыдрейхэми модрейхэми яхудиIуэху щыIэкъым. Ди Iуэхури кIуэтэну дыхуеймэ, Диным и лъабжьэхэр ди гъуазэу, лъэпкъым къыдекIуэкIа хабзэ дахэхэри ди напIэу, тхыдэм дыхэплъэжрэ нэхъыфI дыдэу къыхэщыр къыхэтхрэ нобэрей зэманым дыдекIуу, къакIуэ зэманми зыхуэдгъэхьэзыру дыпсэумэ ди насыпщ!
И сэбэп Алыхьым къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! НэхъыжьыфIу ди япэ ищахэм я Ахърэтыр дахэ Алыхьым яхуищI, абыхэм хаша лъагъуэм екIуу ирикIуэфын дэри Алыхьым дищI! Иужьым псоми и Жэннэт лъапIэр унапIэ тхуищI!