Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Нэмэзым игъусэщ сэджытри

03.01.2022
Еджауэ 299

Муслъымэн жэмыхьэт! Дин дахэу Аллаху Тэгьалам къыдитам ди гъащIэр сыт и лъэныкъуэкIи зэтреухуэ, Езы Тхьэшхуэм дызэрыбгъэдэтынури, Тхьэшхуэм къигъэщIахэм дазэрыхэтынури къыдгурегъаIуэ, щхьэж и хьэкъри еубзыху.

Апхуэдэу убзыхуауэ Iуэхур щытмэ цIыхум и гупсысэкIэр зэтеухуа мэхъу, и къалэнымрэ, и хьэкъымрэ зэщхьэщыха мэхъу.

Апхуэдэу Iуэхур убзыхуауэ и пащхьэ щилъым и деж, цIыхум сыт зэхихми, сыт иджми, и Iуэху бгъэдыхьэкIэр махуэ къэс имыхъуэжу, лъабжьэ быдэ зытетым адрей къылъыIэсхэр щIигъэпщурэ трищIыхьу мэхъу.

ХъутIбэ кIуам Нэмэзыр псом нэхърэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр къыхэдгъэщащ, абы игъэзащIэ къалэнхэм ягугъу тщIащ. Нобэ Нэмэзым и цIэр къызэрыхэщу абы къыкIэлъыкIуэу Тхьэшхуэм къыхигъэщ Сэджытым и гугъу тщIынщ.

Сыт хуэдизрэ дырихьэлIэрэ КъурIэн лъапIэм:

“وَأَقِيمُوا الصَّلَاةَ وَآتُوا الزَّكَاةَ”

«Нэмэзри фщIы, Сэджытри хэвгъэкI!», — жиIэу.

(Iэл-Бэкъэрэ, 43,83; Iэн-НисаI, 77; Iэл-Хьэдж, 78….).

 

Алыхьышхуэм зы Iуэхугъуэшхуэм нэгъуэщI Iуэхугъуэ щыпищIэкIэ, тIуми мыхьэнэшхуэ яриту аращ. Армырамэ зэгъусэ ахэр зэхуищIынутэкъым.

Сэджытыр Алыхь Иным и унафэу щыщыткIэ, ар ди мылъкум хэдгъэкIмэ Алыхь унафэм дедаIуэу, абы нэмыщI Абы Езым къыдита мылъкум и фIыщIэ тщIыуэ, Абы къыдитыжыну псапэми дыщыгугъыу аращ.

Сэджытыр ди мылъкум щыхэдгъэкIкIэ, хуэмыщIауэ псэу ди къуэшхэм, ди шыпхъухэм защIыдогъакъуэ. Абыхэм защIэдгъэкъуэхукIи Аллаху Тэгьалам дэри зыкъытщIегъакъуэ, ди Iуэхухэр псынщIэ тщещI.

Сэджытыр ди мылъкум хэдгъэкIмэ, ди мылъкур догъэкъабзэ, цIыху Iейхэм, нэпсейхэм ди цIэр къыхахри, цIыхуфIхэм, жумартхэм хатхэ.

Сэджытым мылъкур зэригъэкъабзэм имызакъуэу, мылъкур егъэбагъуэ. Хьэдис къудсийм къыщокIуэ Алыхь Иным жиIэу: «Уэ, Iэдэм и бын. Уи мылъкум хэгъэкIи, ныхэзгъэхъуэнщ!».

Ауэ ахэр къызыгурымыIуэм и мылъкум хигъэкIын хуей мащIэм тогужьеикIри зегъэунэхъуж, мащIэм щосхьри, нэхъыбэж фIокIуэдыж. ЖеIэ ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم: «Сэджытыр мылъкум хэзэрыхьмэ исрафыр къыхуегъакIуэ!». (Ахьмэд). НэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхум и мылъкум хэгъэкIыпхъэр химыгъэкIыу адрей мылъкум къыхинэмэ абы зэран хуохъу, жыхуиIэщ.

Нобэ хъыбар куэд зэхыдохыж, хэт и мылъкур фIэкIуэдауэ, хэт фIадыгъуауэ, хэт трахауэ, хэт гъэпцIагъэкIэ IэщIагъэкIауэ, хэт нэщIэбжьэ гуэр и щхьэм къырикIуэрэ мылъкуу иIэр абы хилъхьэжауэ…. Апхуэдэхэр япэ дыдэ зэгупсысын хуейр сэджытым хущытыкIэ хуаIэращ.

Ауэ ар псори дунеягъэ гьэзабщ, Ахърэтым щыIэ гьэзабыр сыт щыгъуи нэхъ гуащIэщ. ЖеIэ Тхьэшхуэм:  

“يَوْمَ يُحْمَى عَلَيْهَا فِي نَارِ جَهَنَّمَ فَتُكْوَى بِهَا جِبَاهُهُمْ وَجُنُوبُهُمْ وَظُهُورُهُمْ هَذَا مَا كَنَزْتُمْ لِأَنْفُسِكُمْ فَذُوقُوا مَا كُنْتُمْ تَكْنِزُونَ”.

«(Къемэт) махуэм абы зэхуихьэса мылъкур Жэхьэнэмэ мафIэкIэ ягъэплъынурэ и натIэм, и джабэм, и тхыцIэм нэпкъыжьэ къытрадзэнущ. “Мис щэхуу вгъэтIылъа мылъкур, вгъэвыж иджы а щэхуу вгъэтIылъар“, — къыжраIэнущ абыхэм. (Iэт-Тэубэ, 36).

Сэджытыр хэзыгъэкIыфым иман зэрыбгъэдэлъыр къигъэлъагъуэмэ, Сэджытым щысхьу зыбудыжым мунафикъ хьэл зэрыхэлъыр къегъэлъагъуэ.

ЖеIэ Тхьэшхуэм напитIу дунейм тет мунафикъхэм ятеухуауэ:

“وَلَا يَأْتُونَ الصَّلَاةَ إِلَّا وَهُمْ كُسَالَى وَلَا يُنْفِقُونَ إِلَّا وَهُمْ كَارِهُونَ”

«Нэмэзым щхьэххэу фIэкIа ахэр къекIуалIэкъым, яфIэмыфIу фIэкIа я мылъкум зыри хагъэкIкъым». (Iэт-Тэубэ сурэ, 54-нэ аят).

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ ди япэ идгъэщращ пщэдей къытхуэнэжынур. Псори кIуэдыжынурэ Алыхьым и цIэкIэ тщIар къэнэжынущ. Псори щIым хэкIуэдэжынурэ, ди псапэхэр нуру кхъэм къыщыттепсэнущ, жьауэу Къемэт махуэм къытщхьэщытынущ.

Ди хъейр зыхэлъым ди гупсысэр хуэкIуэу, ди Iэри нэсу Алыхьым дигъэпсэу! Мылъкур ди Iэм IэщIэлъми ди гум имылъу, тхьэмыщкIэм я хьэкъ абы зэрыхэлъыр ди гум имыхуу, зэпIэзэрыту, цIыху зэтету Алыхьым мы дунейм дытригъэт!