Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Нэмэз зымыщIым и нэщIыр

03.01.2022
Еджауэ 344

ФIыщIэ мыухыжыр хуэфащэщ ди Тхьэ лъапIэу мазэм я нэхъ лъапIэм дыхезыгъэубыдам, ди псапэхэр дгъэбэгъуэну, ди гуэныхьхэри дгъэкъэбзэну IэмалыфI къыдэзытам.

НасыпыфIэр ар — къехъулIа фIыгъуэр къызыгурыIуэу къэзыгъэсэбэпращ, насыпыншэр ар — гугъэ нэпцIым иIыгъыу, къэкIуэнури махуэщ, къэунэхунури мазэщ, жызыIэурэ зи гъащIэ кIэщIыр купщIэншэ зыщIаращ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Шэч хэмылъу НэщI мазэр мазэ угъурлыщ. НэщI мазэр мазэ берычэтщ. Мы мазэм цIыхум и Iуэхуми, и зэманми, и ерыскъыми нэгъуэщI теплъэ яIэщ, нэгъуэщI купщIэ яхэлъщ.

НэщI мазэм и берычэтыгъэм щыщщ: муслъымэнхэр зы зэрищIыр. Зы зэманым я нэщIыр яублэу, зы зэманым я нэщIыр яухыу, жэмыхьэту тэрауихь нэмэзыр зэдащIу, иужьым псори зэхуэсыжрэ ГьидымкIэ зэдэгуфIэжу!

Адрей гьибадэт лIэужьыгъуэхэр ди бзэм хьэрыпыбзэм, е тыркубзэм, е персыбзэм зэрыхэтым хуэдэу къыхыхьамэ, НэщIыр адыгэбзэ дыдэу мы мазэм къытенауэ къокIуэкIри, ар икъукIэ гъэщIэгъуэнщ.

Апхуэдэуи гъэщIэгъуэнщ куэдым нэмэз ямыщI пэтрэ, нэщI зэрисхэр, нэщIым гулъытэ лей зэрыхуащIыр.

Мыр дэ ди лъэпкъэгъухэм я деж къыщежьа хабзэуи щыткъым, атIэ дуней псом щызекIуэ зэхэтыкIэщ. Уеблэмэ, мы иужьрей лъэхъэнэм имызакъуэу нэхъапэIуэкIэ псэуахэм я дежи къыщекIуэкIа Iуэхугъуэщ.

Илъэс щибгъу ипэкIэ псэуа имам Ибн Iэл-Джэузий, رحمه الله, и зэманым щыпсэуа муслъымэнхэм ядилъэгъуауи къыщыхегъэщыж и тхылъхэм.

«Щыпсэуа муслъымэнхэм ядилъэгъуауэ» жытIэу къыщIыхэдгъэщыр, «абыхэм нэмэз ящIкъыми, я нэщIым зыри къикIкъым» жиIэу зигъэткIиякъыми аращ имам Ибн Iэл-Джэузий, رحمه الله, нобэ имамхэм япэ илъэдауэ зызыгъэткIий щIалэщIэхэм хуэдэу.

ИпэжыпIэкIэ ди гур къабзэу Iуэхум дыбгъэдыхьэмэ, нэщI ис тлъагъумэ дыгуфIэн хуейуэ арат, езы нэщI исхэри нэхъри дгъэгушхуэн хуейуэ арат.

ДыгуфIэн хуейщ, мыбыхэми ди Тхьэр арэзы зытехъуэн Iуэхугъуэ ялэжь, мыбыхэми диным щыщ гуэр ягъэзащIэ, мыхэри дыдейщ, мыхэри ди сатырым хэтщ, жытIэу.

Абы игъусэу, ахэр дгъэгушхуэн хуейщ икIи нэхъри тедгъэгушхуэн икIи къыхуедджэн хуейщ нэщIыр зи гугъагъ щаIыгъыфкIэ, нэмэзри ящIыну, адрей дин къалэнхэми гулъытэ хуащIыну.

Аращ дэ ди къалэныр. Армырауэ, хэт иман бгъэдэлъми, хэт иман бгъэдэмылъми, хэт и нэщIыр къабыл хъунуми, хэт ар Iамыхынуми зэдгъэзэхуэну дэ ди пщэм къыдэхуэкъым.

Мыпхуэдэхэм деж дигу къэдгъэкIыжын хуейхэм ящыщщ, зэкъуэшитIым я хъыбарыр къызыхэщ хьэдисыр. Зым диныр и фIэщу зэрихьэт, адрейр гуэныхьым дихьэхт. Диным нэхъ етауэ щытым модрейм мыхъун гуэр дилъагъухукIэ ешхыдэт, ехъурджауэт.

Зы махуэ гуэрым апхуэдэу ешхыдауэ модрейр къэгубжьри, «къыскIэрыкI, сэ сщIэр зэбгъэзэхуэну уэ къалэн Алыхьым пщищIауэ ара?!» жиIэри къыжьыхэлъащ, мыдрейри пагэныгъэм зэщIищтэри псалъэшхуэ абдежым къыжьэдэхуащ: «Уэ Алыхьым и Жэнэтыр плъагъунукъым зэикI е уи гуэныхьыр къыпхуэгъунукъым!» жиIэри.

ИужькIэ дунейм ехыжахэ нэужь Аллаху Тэгьалам тIури и пащхьэ иришэри псалъэшхуэ къызэжьэдэкIам еупщIащ: «Сэ сщIэнум уэ сытыт хэпщIыкIыр е сэ си IэмыщIэ илъым сытыт уи Iуэхуу хэлъыр?!» жиIэри. Абы иужькIэ унафэ ищIащ пагэныгъэм нэф ищIар Жэхьэнэмэм яхуну, адрей гуэныхьыщIэу псэуам Жэннэтыр псэупIэ хуащIыну.

Хьэдисыр къэзыIуэтэжа Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, мыр жеIэ иужьым: «Си псэр зи IэмыщIэ илъымкIэ соIуэри, абы къыжьэдэкIа псалъэм и дунейри и ахърэтри фIигъэкIуэдащ!».  (Ахьмэд, Абу Дауд). 

Дэтхэнэ зыри дигъэгузэвэн хуейщ мы хьэдисым къыхэщам. ЗыкъыщIытфIэщIыжын, зыгуэруи зыкъыщIытхъужын щыIэкъым. Ди дин зехьэкIэр зы щIыпIи нэсакъым, адрей зэдмыпэсхэм я дуней тетыкIэми куэдкIэ япэ дищакъым.

Аллаху Тэгьалам и гущIэгъур дэ ди IэмыщIэ къралъхьам хуэдэу дыщIэпсэлъэн щыIэкъым, дызыхуейм ар хуэдгъэфащэу, дызыхуэмейр абы хэдну.

Аллаху Тэгьалам и гущIэгъур инщ, дэ зэдгъэзахуэ мащIэми ар къыхуигъэнакъым. Дэ ар къытхуэнамэ дэри дыунэхъури, адрейхэри дгъэунэхъуат.

А Абу Хурейрэ дыдэм, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, къеIуэтэж: Зэгуэрым Алыхьым и лIыкIуэр صلى الله عليه وسلم нэмэзым теуващ, дэри и щIыбагъым дыдэуващ. Нэмэзым зыдыхэтым зы губгъуэрыс къэпсалъэри: «اللَّهُمَّ ارْحَمْنِي ومُحَمَّدًا، ولَا تَرْحَمْ معنَا أحَدًا» — «Я-Алыхь, сэрэ Мухьэммэдрэ гущIэгъу къытхуэщI, дэ тщIыгъуу нэгъуэщIым зыми гущIэгъу хуомыщI!»,-жиIащ. Сэлам ита нэужь ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم абы зыхуигъазэри: «Бгъуэр зэхуэпшащ!», жыриIащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Алыхьым и гущIэгъу иныр уэрэ сэрэ фIэкIа нэгъуэщIым хуримыкъуну пщIащ, жыхуиIэщ. (Бухъарий).

Жэмыхьэтым хэмызагъэ цIыхуитI, хъэуаридж зыхужаIэхэм ящыщу, Кэгьбэ лъапIэр зыдэт мэжджытым щIэсхэу, зыр тIэкIу нэхъ губзыгъэт адрейм нэхъри, мопхуэдиз цIыхуу абдежым гьибадэт зылэжьу дэтым яхэплъэри и гъусэм жыриIащ: «Уэрэ сэрэ ди еплъыкIэмкIэ, псори гъуэщащ, дэ тIур гъуэгу захуэм дытетщ. Ауэ, Алыхьым и Жэнэтыр зи инагъым уэрэ сэрэ фIэкIа нэгъуэщI имысыныр пэж ар?!».

Дызэвгъэгупсысыж дэтхэнэ зыри ди бзэм дыхуэвгъэсакъыж, ди бзэм ипэ къихуэу ди гупсысэр зэтедвгъэухуэ. ДымыщIэххэу тщIауэ хъуар дгъэкIуэдыжынкIэ хъунущ.

Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! Къабылу Алыхьым тIих ди нэмэзхэри, ди нэщIри, ди дугьэхэри, ди IуэхуфI псори. НэщIым зи гури, зи бзэри, зи псэри игъэкъэбзэн Алыхьым дищI!