Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Дыгъэм и гуащIагъым къелынухэр!

16.10.2021
Еджауэ 690

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дунейм сыт къыщыхъуми, нэхъыбэу абы лъэныкъуитI иIэщ. Зы лъэныкъуэкIэ сэбэпынагъ абы пылъщ, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ зэран гуэр къыдокIуэ, ауэ а зэранми сэбэпынагъ муслъымэн цIыхум къыхехыф.

Нобэ дэ дызыхиубыда гъэмахуэ зэманри а хабзэм тетщ. Гъэмахуэм фIыгъуэрэ-тыншыгъуэу къыдэкIуэр бжыгъэншэщ, ауэ нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ узыгъэшынэ икIи узыгъэгузавэ Iуэхугъуэ куэд пыщIащ гъэмахуэ лъэхъэнэм.

Япэ дыди дигу къэкIыр мы иужьрей илъэс зыбжанэм зэикI хуэмыдэжу дуней псом хуабагъэ щыIэращ. ЦIыхуми, псэущхьэми, къуалэбзуми я щхьэр зыдахьынур ямыщIэу иджыпсту къажыхь, къэкIыгъэри щIым хесыхьэж.

Имам Хьэсэн Iэл-Бэщрий жиIауэ къаIуэтэж: «Сыт хуэдэ хуабагъэуи зэран хъур — Жэхьэнэмэм и бэуэгъуэм щыщщ».

Абы хэлъхьэж хуабагъэм къытехъукIыж нэщIэбжьэхэр: мафIэсыр, уэгъур, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абы хэлъхьэж, хуабэр яхуэмышэчу мин бжыгъэкIэ дунейм цIыхухэр зэрехыжыр.

ЩIымрэ дыгъэмрэ я зэхуакум жыжьагъ дэлъыр киллометрэ бжыгъэкIэ къапщтэмэ, миллионищэрэ мин щитхум нос, ауэ итIани апхуэдиз гузэвэгъуэр пыщIащ. Къемэт махуэм цIыхум я щхьэщыгум гъунэгъу дыдэу къыщхьэщытыну дыгъэм и шынагъуагъыр зыдынэсыр дэнэ?! Алыхьым дыщихъумэ дэтхэ зыри абы!

Нобэ дыгъэм и пщтырагъым зыщахъумэн папщIэ цIыху цIыкIум Iэмалу щыIэр къагупсыс, сыт хуэдиз и мыуасэми щIыIэтыIэ зыщI Iэмэпсымэхэр унэм щIагъэувэ.

Къапщтэмэ, ику иту цIыхум и гъащIэм къыриубыдэу гъэмахуэу зыхиубыдэр зэхэплъхьэжмэ илъэсийм щIигъунукъым. Ауэ, Къемэт махуэ шынагъуэр илъэс мин тхущI и кIыхьагъыу хьэдис пэжым къыхощ. Арамэ, зызыхуэгъэхьэзырын хуейр сыт хуэдэ махуэрауэ пIэрэ?!

Адрей дунейр зи фIэщ хъу муслъымэныр нэхъыбэ дыдэу иджыпсту зыгъэгупсысэр абдежым дыгъэм и гуащIагъым къызэрелынуращ, абы къелын папщIэ нобэ илэжьын хуей Iуэхугъуэхэращ. ИкIи абы егупсысым и къэкIуэнур дахэ хъунущ:

Къемэт махуэм и кIыхьагъыр Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم къащыжриIэм, — Ар сыту махуэ кIыхь!- жаIащ щэхьабэхэм. – «Си псэр зыIэщIэлъым и цIэкIэ соIуэри, ар (Къемэт махуэр) муIмин цIыхум тынш щащIынущ, уеблэмэ, дунеягъэм фарз нэмэзыр зэрищIыу щытам нэхърэ нэхъ тыншу, — жиIащ ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم. (Ахьмэд, Ибн Хьиббан).

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхум я нэхъыбэр зыгъэгузавэр нобэ дыгъэм и гуащIагъым къызэрелынурамэ, муIмин пэжыр нэхъыбэу зыгъэгузавэр адрей дунейм къызэрелынуращи, абы щхьэусыгъуэ хуэхъухэм ящыщ гуэр къэтхьынщ: 

А щхьэусыгъуэхэм ящыщ: уи щIыхуэ зытелъым Iуэхур тынш щыпщIыныр. ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «ЩIыхуэ тыжыныр къызытехьэлъэ цIыхум:  тыжыгъуэ зэманыр хуэзыгъэкIуатэр е хуэзыгъэгъур Аллаху Тэгьалам и жьауэм щIигъэувэнущ. (Муслим).  Алыхьым и Гьэршым и жьауэм ущIигъэувами укъелауэ аращ.

Нобэ нэхъыбэ дыдэу цIыхухэр щIызэныкъуэкъу икIи щIызэфIэнэж щхьэусыгъуэхэм ящыщщ: щIыхуэ Iуэхур. ЩIыхуэ хуэтыжын пэтрэ зымытыжым дэ игугъу тщIыкъым, ауэ пэж дыдэу къызытехьэлъэм теухуащ хьэдис блэкIари, тIэкIу нэхъ жыжьэ дывгъаплъэ!

Къемэт махуэм дыгъэм и гуащIагъым дыкъезыгъэлыну щхьэусыгъуэхэм ящыщщ: псори зи IэмыщIэ илъ Аллаху Тэгьалам и цIэкIэ дызэрылъагъуфыныр.

«Къемэт махуэм Аллаху Тэгьалам жиIэнущ: — Сэ си хьэтыркIэ фIыуэ зэрылъэгъуахэр дэнэ щыIэ? Сэ си жьауэм фIэкIа нэгъуэщI жьауэ щыщымыIэну махуэм ахэр си жьауэм щIэзгъэувэнущ!». Къыхощ ар хьэдис пэжым. (Муслим).

Къемэт махуэм дыгъэм и гуащIагъым дыкъезыгъэлыну щхьэусыгъуэхэм ящыщщ: нобэ ди мылъкум хэдгъэкI сэдэкъэр. «ЦIыхухэм я Iуэхухэр зэхагъэкIыхукIэ дэтхэнэ зыри и сэдэкъэм и жьауэм щIэтынущ, — жиIащ ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم.

Къемэт махуэм дыгъэм и гуащIагъым дыкъезыгъэлыну щхьэусыгъуэхэм ящыщщ: мэжджытхэм ди гур епхауэ дыщытынур, дыщIэкIыжамэ, зэ адрей уахътыр къэсу дгъэзэжащэрэт, жытIэу дыпсэуныр.

Абыхэм ящыщщ: ди нэм дыхуэсакъыжурэ ди щIыхьыр тхъумэжыныр. Абыхэм ящыщщ: зыми къыддимыщIу Алыхьым и фIэлIыкIынгъэм къыхэкIыу ди нэм нэпс къыщIэкIыныр. Абыхэм ящыщщ: ди Iэ ижьым итар ди Iэ сэмэгум имыщIэу сэдэкъэ ди мылъкум хэдгъэкIыфыныр. Къыхощ ахэр псори хьэдисым. (Бухъарий, Муслим).

Мис апхуэдэ Iуэхугъуэ дахэхэращ нобэ дэ ди гупсысэм хэтын хуейр дыгъэм и гуащIагъым дыщеплъым деж. Зи дунейр дахэу щытам, и Ахърэтри дахэу щытынущи, дунеягъэкIи АхърэткIи дахагъэр зыхуагъэфэщэн Алыхьым дищI!