ФIыщIэ Аллаху Тэгьалам худощI, зи гущIэгъур сытми нэсым, зи щIэныгъэр сытми лъыIэсым, цIыхур къэзыгъэщIам, имыщIэр къезыгъэщIам.
Щыхьэт дытохъуэ ди Тхьэшхуэм и закъуэныгъэм, ныкъусаныгъэу щыIэми зэрыхэIэтыкIам, щIэныгъэми, щIэныгъэлIхэми я пщIэр лъагэу зыIэтам.
Щыхьэт дытохъуэ иужь дыдэу къигъэкIуэжа Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, цIыхум гъуазэу яхэтам, хьэлым я нэхъ дахэмкIи щапхъэу щытам.
Муслъымэн жэмыхьэт! Ди псалъэм и пэублэм ди щхьэри, фи щхьэри къыхудоджэ: ДыкъэзыгъэщIам икIи ДызыгъэлIэжынум, абы иужькIэ Дыкъэзыгъэтэджыжу хьисэп дызыщIыжыну Тхьэшхуэм ди щэхукIи, ди нахуэкIи дыфIэлIыкIыу дыпсэуну!
Апхуэдэ псэукIэ диIэмэ Къытщхьэщыт Тхьэшхуэри дгъэпэжу, къыдбэгъэт цIыхухэми я хьэкъ къыттемынэу цIыху пэжу мы дунейм дытетынущ, адрей дунейми напэ хужькIэ дгъэзэжынущ.
Япэ дыдэ апхуэдэ псэукIэ дахэми щхьэусыгъуэ хуэхъур щIэныгъэращ. Ди лъэпкъэгъу дин щIэныгъэлI Куп Исмел-Хьэжым, зи ахърэтым нэху хъуным, иджыри I9I3 гъэм мыр итхауэ щытащ:
ПсэукIэ дахэр гьилмым къыхокI.
ДыкъызыхэкIар сыт гъэщIэгъуэн!
Хьилмыншэ цIыхум сытыр и махуэ?
Махуэшхуэ махуэм сытхэр и псалъэ?
Псалъэм и дахэр гьилмым къыхокI.
ДыкъызыхэкIар сыт гъэщIэгъуэн! (АДЫГЭ МАКЪ газет).
Махуэ бжыгъэ дэкIмэ ди щIэблэ къыдэкIуэтейр зи яужь ихьэжынури а щIэныгъэращ. Хэт япэу еджапIэм щIэбэкъуэнущ, хэти и еджэныр пищэнущи, псоми гъуэгу дахэ Алыхьым къарит!
Зы щIыпIи пхуэмыхьыжыну, нобэ нэхъыбэу еджапIэ щыIэхэм щIэныгъэу щIэблэм къыщIахыр зэхьэлIар дунеягъэ Iуэхугъуэу щытщи, ауэ муслъымэнхэр абыи дыхуэмыныкъуэу щыткъым, атIэ дин щIэныгъэкIи, дуней щIэныгъэкIи муслъымэнхэм бжьыпэр яIыгъын хуейщ.
«Муслъымэн къарууфIэр муслъымэн къарууншэм нэхърэ нэхъыфIщ!» жиIакъэ ди ЛIыкIуэ лъапIэм عليه الصلاة والسلام? «Къару» псалъэм Iэпкълъэпкъым и къарум фIэкIа къимыкIыу къыдгурыIуэмэ хьэдисыр ныкъуэу къыдгурыIуауэ аращ, атIэ мы дунейм къарууэ сыт къалъытэми абы хеубыдэ, щIэныгъэм нэхъ къаруи щыIэу къыщIэкIынкъым.
«Нобэ мы еджапIэ щыIэхэм дин щIэныгъэ щаджкъым», жытIэу щIэблэ къыдэкIуэтейм я гур абы щыдгъэкIыу, я къэкIуэнум дыриджэгу хъунукъым. Ар езыхэми, зэманми къытхуагъэгъунукъым.
АтIэ, мы еджапIэхэм къытхущIэхыр къыщIэтхын хуейщ, ауэ абы игъусэу щIэблэр Аллаху Тэгьалам и диным пытщIэн хуейщ, сыт хуэдэ Iэмалу щыIэри къэдгъэсэбэпурэ.
Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхум цIыху къыщыхэкIыр: и щIэныгъэми, и IэщIагъэми тхьэшынагъэр и лъабжьэу щыщытым и дежщ. Армырамэ, цIыхур и щхьэми, и лъэпкъми, и Iуммэтми щхьэпэ хуэмыхъужыфу мы дуней бзаджэм зы къуэгъэнапIэ гуэр къуидзэнкIэ хъунущ.
Лъэпкъыр щIэгушхуэн хуей дин щIэныгъэлIу ди япэ ита нэхъыжьыфIхэм ящыщу Щоджэн Алихъан, ЖэннэткIэ Алыхьым игъэгуфIэным, Куп Исмел и усэр щиуса гъэ дыдэм, Налшык къалэм къыщызэIуаха еджапIэм щIэтIысхьэхэм мы псалъэ Iущхэр яхуигъэзат:
«ФIыуэ фызэреджэнум зэрыфхузэфIэкIкIэ иужь фит! Къывата тыншыгъуэхэр къэвгъэщхьэпэ! Зыщывмыгъэгъупщэ: щIэныгъэр нэхущ, акъылыр къарущ! ЩIэныгъэ зимыIэм зыри иIэкъым. Лъэпкъ щIэныгъэншэхэр тхьэмыщкIэщ, апхуэдэхэр лъэпкъ зызыужьахэм я унафэ щIэмыхуэнкIэ Iэмал иIэкъым!».
Алихъан щхьэмахуэм адэкIэ занщIэу къыхегъэщ зытедгъэчыныхь гупсысэр:
«Ауэ щIэныгъэ лъагэ щызэвгъэгъуэткIэ, динри зыщывмыгъэгъупщэ! Акъылым къызэщIиубыдэми, нэр зытеплъэми я щхьэщыгу псори къэзыгъэщIа Алыхь Талэр зэритыр фигу ивмыгъэху! ФыкъызыфIэмыщIыж, абы куэд текIуэдащ. Дин зезыхьэращ щIылъэм лъэ быдэкIэ тетыр, Iиманыншэр жьым зэрихьэ тхьэмпэм ещхьщ…». (Терские Ведомости).
Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ муслъымэн Iуммэтыр щIэныгъэм хуабжьу дыхуэныкъуэмэ, абы къыкIэрымыхуу хьэлщэным, гъэсэныгъэм дыхуэныкъуэщ.
Быным я егъэджэным дызэрелIалIэм хуэдэ дыдэу, уеблэмэ нэхъыбэжу гъэсэныгъэ дахэ зэрахэтпщэным дегугъун хуейщ.
ЖеIэ ди ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم:
“حسن الخلق وحسن الجوار يُعَمِّرَانِ الديار ويزيدان في الأعمار”
«ЦIыхум хьэл дахэкIэ уахэтынымрэ, гъунэгъум дахэу ухущытынымрэ унагъуэхэм берычэтыр къралъхьэ, гъащIэхэри нэхъ кIыхь ящI!». (Ахьмэд).
Аращи, ищхьэкIэ «щIэныгъэм псэукIэ дахэр къыхокI» жытIэу къыхэдгъэщар нэгъэса щыхъур щIэныгъэмрэ, гъэсэныгъэмрэ зэгъусэ щыхъужам дежщи, ар ди гум ирелъ!
И сэбэп Алыхьым къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! Дин щIэныгъэкIи, дуней щIэныгъэкIи ди щIэблэр Алыхьым иригъэфIакIуэ, гъэсэныгъэкIи щапхъэ псоми яхуищ!