Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

НэщIымрэ сэджытымрэ

10.03.2021
Еджауэ 2 029

ФIыщIэри щытхъури нэгъэсауэ зыхуэфащэр Аллаху Тэгьала закъуэращи, ахэр ди Тхьэшхуэм худогъэфащэ, и цIэр лъагэу доIэт, хуэмыфащэ псоми хыдоIэтыкI.

Алыхьым и нэфIыр къыщыхуэну, хъуэхъум я нэхъ дахэри къылъигъэсыну дыхуолъаIуэ лIыкIуэм я нэхъ лъапIэм, Мухьэммэд عليه الصلاة والسلام-ым.

Муслъымэн жэмыхьэт! ЙокIуэкI нэщI мазэ лъапIэр. Хэти ар зэрыкIуэр фIэпсынщIэщ, хэти фIэхуэмщ. Ари зэлъытэжар цIыхум и фIэщхъуныгъэм и кууагъращ.

Зи къэкIуэнум емыгупсысым, атIэ иджыпсту и нэм къыщIэуэм адэкIэ къэкIуэнур иримыгъэлъэгъужу хъуам къытохьэлъэ нэщI мазэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зыхуей куэдым и Iэр лъыIэскъым, зэхъуапсэ куэдри илэжьыну Iэмал иIэкъым.

Ауэ пщэдей къызыхуэнэжыну Ахърэтыр зи нэгу щIэт цIыхум и дежкIэ мы махуэхэр егъэлеяуэ псынщIэу блокI, уеблэмэ блолъэт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыпхуэдэ махуэ лъапIэхэм хуэдэ гуэркIэщ ГъащIэ мыухыжыр къызэралэжьыр.

Муслъымэн жэмыхьэт! Махуэ къэс тщIы нэмэзитхум, илъэсым и кIуэцIкIэ къэднэщI мы зы мазэм щIыгъуу нэгъуэщI зы Iуэхугъуэ щыIэщ, и ткIиягъкIэ абыхэм зыкIи къакIэрымыхуу.

Нэмэз тщIымрэ, нэщI тIыгъымрэ нэхъ зэхьэлIар икIи нэхъ зэрызэхэтщIэр Алыхьым къыдита мы ди Iэпкълъэпкъхэрамэ, мы зи гугъу тщIынур нэхъ зэхьэлIари, нэхъ зэрызэхэтщIэри ди мылъкумкIэщ.

Сэджытращ зи гугъу тщIынур. КъурIэн лъапIэм нэмэзым и гугъу ищIу аят къэкIуэхукIэ, сэджытри къыбгъурыт хабзэщ. А хабзэм текIауэ къэкIуа аятхэр егъэлеяуэ мащIэщ.

Пэжращи, сэджытым и Iуэхур Iуэхушхуэщ. Ар мыIуэхушхуэтэмэ фарзу ди диным хэтынтэкъым.

Ауэ ара пэтрэ куэдым Iэпэдэгъэлэл ящI сэджытым и Iуэхур. Птымэ хъарзынэу, умытми ягъэ мыкIын хуэдэу егупсыс щыIэщ абы. Ауэ ар щыуагъэшхуэщ. 

Тын зэрыхуейр щхьэщылъэфауэ зэхихауэ, ауэ и тыкIэ хъунуми, щатми, зыратми хащIыкI щымыIэу зи гъащIэр езыхьэкI щыIэщ. Ауэ абыкIэ укъелыну? Жэуап уамыгъыхьэжуи уаутIыпщыну?

Мылъку зэхуихьэсам хэгъэкIыпхъэ сэджытыр хэзымыгъэкIам гьэзаб гуащIэр къыпоплъэ. Къемэт махуэм абы зэхуихьэса мылъкур Жэхьэнэмэ мафIэкIэ ягъэплъынурэ и натIэм, и джабэм, и тхыцIэм нэпкъыжьэ къытрадзэнущ. Мис щэхуу вгъэтIылъа мылъкур, вгъэвыж иджы а щэхуу вгъэтIылъар, — къыжраIэнущ абы. (Iэт-Тэубэ, 36).

Ахърэтым нэмысуи дунеягъэкIэ зыгуэр зэхищIэнущ сэджыт зымытым. «Сэдэкъэм (сэджытри абы щыщщ) мылъкур хигъэщкIкъым», — жиIэу хьэдисыр къыщыкIуэкIэ, сэджытыр мылъкум хомыгъэкIмэ, мылъкур хэщIыну аращ.

ЗэрыхэщIынури а сэджыту хэбгъэкIыныр къыуигъэщтэжущ зэрыхэщIынур. Мис апхуэдэ насыпыншагъэм щыхъума хъуну хэт хуейми, абы и мылъкум сэджытыр хигъэкIынущ и чэзум.

Сэджыт птар Къемэт махуэм жьауэу къыпщхьэщытынущ, — жеIэ صلى الله عليه وسلم-эм. (Щэхьихь Iэл-Джамигь). Къемэт махуэ шынагъуэм, дыгъэр жьэражьэу щхьэщыгум щитыну зэман гуащIэм сэджыт хэзыгъэкIыу, сэдэкъэ зыту щытахэр къахэщынущ адрейхэм.

Iуэхугъуищ щыIэщи ахэр зыхэлъым иманым и IэфIагъыр зэхищIащ“, жиIэщ عليه الصلاة والسلام-ыми, абы хэту мыри жиIащ: «Гъэ къэскIэ гукъыдэж иIэу, гурэ псэкIэ зи мылъкум сэджыт хэзыгъэкIыр». (Абу Дауд).

Муслъымэн жэмыхьэт! Сэджытым егъэлеяуэ Iуэху куэд зэфIегъэкI, муслъымэнхэм я Iуэху куэди дегъэкI.

ЩIэныгъэлIхэм, Iуэхур кууэ зыджахэм къыхагъэщ: сэджытыр зытыпхъэм и чэзум иту щытамэ, мы дунейм зы тхьэмыщкIэ къытемынэну. Ауэ тхьэмыщкIэхэр зэрыкуэдым къегъэлъагъуэ, сэджытыр зытхэр зэрымащIэр.

Сэджытыр зытыпхъэм и чэзум иту щытамэ, къулейхэмрэ къулейсызхэмрэ зэтеплъэ мыхъуу, зыр зым щыщтэу, зыр зым хуэпсалъэу уэрамым дэтынутэкъым, атIэ зым и гуфIэгъуэр адрейми и гуфIэгъуэу, зым и гузэвэгъуэри адрейм и гузэвэгъуэу щытынут.

Ауэ ди къалэныр зэрыдмыгъэзащIэм папщIэ, зым и гуфIэгъуэмэ адрейм и хьэдагъэщ, адрейм хьэдагъэ иIэмэ мыдрейр абы щогуфIыкI. Апхуэдэ зэхэтыкIэм зауэбанэ къикIынри бетэмалщ.

Апхуэдэ зыгуэру къыщIэкIынщ щIыжиIэри ди Бегъымбар лъапIэм عليه الصلاة والسلام-ым: «Сэджыт тыным Алыхьым и губжьыр къегъэувыIэ, кIэух Iейм (лIэкIэ Iейм) ущехъумэ». (Щэхьихь Iэл-Джамигь).

Арамэ, пщэдей кIуэдыжыну мылъкум щхьэкIэ бэлыхьыр ди щхьэм къыхуэдвмыгъэхьыж! Ди Тхьэшхуэм и къалэныр дывгъэгъэзащIи и губжьым зыщыдвгъэхъумэ! Ари къыдэзыгъэхъулIэфынур езы Тхьэшхуэращи, и арэзыныгъэр къыдигъэлэжьыну долъэIу!