ФIыщIэр Алыхьым хуэфащэщ къытхуигъэфащэ фIыгъуэхэм папщIэ. ФIыгъуэу щыIэм я нэхъ ин дыдэхэми ящыщщ Езым и арэзыныгъэр къызэрыблэжьын Iэмал Алыхьым къыббгъэдилъхьэныр.
А Iэмалыр къыдбгъэдилъхьащ ди Тхьэшхуэм, ауэ къэзыгъэсэбэпу дапщэ къытхэт? Ди нэщI IыгъыкIэр пэж дыдэу Езы Тхьэшхуэр арэзы зытехъуэн нэщI IыгъыкIэу щыт, дымыукIытэжу Алыхьым и пащхьэ иредгъэлъхьэфыну?
Зи фIэщу мазэр езыхьэкIахэм, иджыри езыхьэкIхэм уехъуэхъуну яхуэфащэщ, ауэ къафIэмыIуэхущурэ мыпхуэдиз фIыгъуэр блэзыгъэкIхэм уахуэгузавэ хъунущ.
Рэмэданым и иужьрей жэщыр къихьэмэ Гьэлий, رضي الله عنه-р къыщиудти гъыт мыхэр жиIэурэ: «Къабылу зыIахар сщIамэ сыкIуэнти сехъуэхъунти, зыIамыхам сыхуэгузэвэнти!».
Пэжращи, мазэ лъапIэм и нэхъыбэр ди щIыбагъ къыдэднами, абы нэхъ лъапIэ дыдэу хэтыр мы къэнэжа мащIэм хиубыдэнкIэ хъунущи дывмыгъэбэлэрыгъ.
Мы къэнэжа жэщ зыбжанэм хэтынкIэ хъунущ жэщ мин нэхърэ нэхъыфI жэщыр, Къэдыр жэщыр, КъурIэныр къыщеха жэщыр. Илъэс пщIейрэ илъэсищкIэ Алыхьым ухуэлэжьэнымрэ, а зы жэщым утехуэрэ гьибадэт блэжьынымрэ зэбгъапщэмэ, а зы жэщыр абыхэм ятекIуэжынущ.
Iуэхури Къэдр жэщыр зытехуэр къэтщIэнракъым, атIэ а жэщым ирихьэлIэу гьибадэт куэд тхуэлэжьынращ. Къэдр жэщым хиубыдауэ ябжыр, ар зытехуэр къэзыщIаракъым, атIэ ар зытехуэр къимыщIа пэтрэ а жэщыр гьибадэткIэ зыгъэкIуаращ.
Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхьым и лIыкIуэ лъапIэм, صلى الله عليه وسلم-м, жеIэ: “ИпэжыпIэкIэ лэжьыгъэхэр зэлъытэжар абы кIэух яхуэхъуращ“. (Бухъарий).
Арамэ, къыддрелъагъу Аллаху Тэгьалам мы махуэ къэнахэм: фIыр зэрытфIэфIыр, ди нэри къызэрихуикIыр, къытхуагъэгъунуи дызэрыхуейр, Жэнэтми дызэрыщIэхъуэпсыр, Жэхьэнэмэми дызэрыщышынэр.
И насыпщ мы жэщ лъапIэхэр екIуу езыхьэкIыфым, апхуэдизрэ икIи апхуэдизкIэ къыхуэупсэ Аллаху Тэгьалам ахэр хухэзыхыфым; нэмэз щIынкIэ, КъурIэн еджэнкIэ, зикр щIынкIэ, сэдэкъэ тынкIэ ахэр зыгъэкIуэфым.
Дугьэ щIыныр нэхъыбэрэ тщIын хуейщ мы жэщипщIым. Демызэшыжу девгъэлъэIу псори зэлъэIууу зыми емылъэIуж, псори зыхуэныкъуэу зыми хуэмыныкъуэж ди Тхьэшхуэм.
— Уэ, Алыхьым и лIыкIуэ, Къэдыр жэщым сытехуэмэ сыт жысIэнур?-жиIэу ГьаIишэ, رضي الله عنها, лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم -м зыщыхуигъазэм, мис мыхэр жыIэ къыжриIащ: «اللَّهُمَّ إِنَّكَ عَفُوٌّ تُحِبُّ الْعَفْوَ فَاعْفُ عَنِّي» — «Я-Аллах, уэ УгущIэгъущIщ, гущIэгъу щIынри фIыуэ болъагъури, гущIэгъу къысхуэщI».
Муслъымэн жэмыхьэт! НэщI икIыж гьидым ипэ къихуэу бегъымбар лъапIэр, гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламыр, цIыхухэм къахыхьэти я мылъкум бытыр хагъэкIын зэрыхуейр къажриIэт. (Абу Дауд). Дэри абы дытету бытырым и Iуэхур фигу къыдогъэкIыж.
Бытыр тыныр мы дин дахэм хэт Iуэхугъуэ дахэхэм ящыщ зыщ. БытырымкIэ уи нэщIым ныкъусаныгъэ къыхыхьахэр зыбогъэзэхуэж, тхьэмыщкIэри гуфIэгъуэ махуэм – гьидым гуфIэу тыбогъэхьэ, цIыхухэм щIелъэIун е щIехъуэпсэн щхьэусыгъуэ имыIэу а махуэ лъапIэм ирыбогъэхьэлIэ.
Бытыр тыныр зыхуэзэфIэкIыу щыIэ дэтхэнэ муслъымэнми къалэну и пщэм къыдохуэ. Уэ езым уи пщэ къыдэхуэм къищынэмыщIауэ уэ къыпщыгугъыу унагъуэм ису хъуам папщIэ птын хуейщ ар.
Хьэдисым къызэрыхэщыжымкIэ бытырым и купщIэр: тхьэмыщкIэхэр цIыхухэм яхуэмыныкъуэу гьид махуэм тебгъэхьэнращ. Ар щыгурыIуэгъуэкIэ, бытырыр зыхатыкI мылъкум зимыхъуэжу сыт щыгъуи зым тетыфынукъым, атIэ цIыхум я псэукIэм, шхынхэкI зэрахьэм ехьэлIауэ зихъуэжынущ.
Уеблэмэ шхынхэкI гуэр тхьэмыщкIэм епт нэхърэ, а шхыным и уасэр ептмэ нэхъ къищтэу икIи нэхъ хуэныкъуэу щыщытыр мащIэкъым.
Аращи псори зэлъытэжар тхьэмыщкIэм нэхъ сэбэп хуэхъунуращ, ар шхынхэкI ирехъу, е абы и уасэрауэ ирехъу, тIури щIэмыхъун щхьэусыгъуэ щыIэкъым.
Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI. Ди нэщIи, ди нэмэзи, ди сэдэкъэи Алыхьым къабылу тIих.