Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Зыгъэгусэн хьэлыр

10.03.2021
Еджауэ 1 247

ФIыщIэри щытхъури хуэфащэщ жэщымрэ махуэмрэ зэблэзыгъэкIым, зы фIыгъуэм адрей фIыгъуэр къыкIылъыкIуэу къыдэзытым, зи жумартагъым гъунапкъэ имыIэм. 

Псалъэм я нэхъ пэжыр Алыхьым и Псалъэращ, гъуэгум я нэхъ захуэри лIыкIуэ лъапIэм, صلى الله عليه وسلم,  хиша гъуэгуращ. Iуэхум я нэхъ Iейри абы емызэгъыу щIэуэ кърагъэжьахэращ. Апхуэдэ щIэхэр псори бидгьэщ; бидгьэ псоми уагъэгъуащэ; гъуэщари зыхуэкIуэр мафIэрщ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхь Иным и фIыщIэкIэ Мазэ лъапIэм и фIыгъуэхэм дыхэтщ, и нурыр къыттопсэ, и хуабэр къытлъоIэс.

И насыпщ мы махуэ лъапIэхэмрэ, мы жэщ лъапIэхэмрэ мыхьэнэуэ яIэр нэгъэсауэ къызыгурыIуэу, ахэр зыхуей хуэзыгъазэм. Насыпыншэщ ар къызыгурымыIуэр, кIуэдыжыну гуэркIэ зи зэманыр зыгъакIуэр.

Мы дунейр зэрыхьэхур, гъащIэ пэжи здэщыIэр Ахърэтыр арауэ зэрыщытыр хьэкъыу зыпхрыкIахэм я дежкIэ – мы мазэр насыпышхуэщ, гуфIэгъуэшхуэщ, ар зыпащIыни щыIэкъым.

Ауэ гъуэгущхьэм иджыри гуитIщхьитIу тетхэм, я нэр АхърэтымкIэ гъэзами я гур дунейм къыкIэрамычыфу щытхэм я дежкIэ мы мазэр хьэлъэщ.

«НэщI мазэм хиубыда пэтрэ, и гуэныхьыр къыхуэмыгъуауэ ар изыгъэкIыр – насыпыншэщ!», — жеIэ Бегъымбар лъапIэм, عليه الصلاة والسلام-ым. (Тирмизий).

Гуэныхьыр къызэрытхуэгъунури – мы мазэ лъапIэм пщIэ лей хуэтщIурэщ, Алыхьым дызэрыбгъэдэтри, цIыхухэм дазэрыхэтри едгъэфIакIуэурэщ.  

Ауэ нэщI мазэри адрей мазэхэри ди зэхуэдэу, дыщынэщIри дыщымынэщIри зэщхьу екIуэкIмэ дэ дыкъыщIагъэщIар тщыгъупщэжауэ, дыкъыщIамыгъэщIам дыкъырихуэкIыу аращ.

ЦIыху губзыгъэм мыпхуэдэ зэманхэр къегъэсэбэпри, мэтIысри нэхъ зогупсысыж, и блэкIам ироплъэж, и щытыкIэм зэ йоплъыж, ди япэкIэ зэрыхъунури зэрегъэзахуэ.

Дызэгупысын диIэ?-, жыпIэмэ, ди куэдщ. Ауэ нобэ нэхъ къыхэзгъэщыну сызыхуейр ди зэхущытыкIэращ, зыр зым дызэрыбгъэдэтращ, ди Iуэху щIэкIэращ, ди Iуэху зехьэкIэращ.

Ди зэхущытыкIэр зыгуэрым ещхь, жыпIэмэ, ещхьщ щхьэнтэ гъэпщам. Жыжьэу укъеплъмэ къэбэтауэ, къэгъэбэлэцауэ, зы бэлыхьу къыпщыхъуу, ауэ гъунэгъуу убгъэдыхьэрэ уеплъмэ, пкъы щIэмыту, уеIусэмэ пщэхыжыну хьэзыру.

Сыт ар апхуэдэу щIыщытыр? Сыт ди зэхущытыкIэм пкъы щIыщIэмытыр? Зы мыхьэнэншэ гуэр щхьэкIэ псынщIэ дыдэу зыр зым ди щIыбыр щхьэ хуэдгъэзэжыфрэ, сабийм хуэдэу щхьэ зыр зым зыхуэдгъэгусэрэ?

Ар къызыхэкIыр зэхущытыкIэм, зэкъуэшыныгъэм, зэныбжьэгъугъэм лъабжьэ хуэхъухэм дащыгъуазэкъыми аращ, дащыгъуазэми зыхэтлъхьэну дыхуейкъыми аращ.

Дапщэрэ зэхэтха Ибн Сирин, رحمه الله, и псалъэхэр: «Уи къуэшым гукъанэ щIыхуэпщIын гуэр къыплъыIэсыжамэ, щхьэусыгъуэ къыхуэлъыхъуэ, щхьэусыгъуэ умыгъуэтмэ, сэ сымыщIэу, сэ къызгурымыIуэу щхьэусыгъуэ иIэнкIэ хъунущ, жыIэ!».

Ахэр зэхэзымыха къытхэту къыщIэкIынкъым, нэгъуэщIым чэнджэщу ар езымытыфыни мыбдежым щIэскъым, ауэ ди щхьэм Iуэхур къызэрысу псори тщогъупщэж.

Ныкъусаныгъэ гуэр зимыIэ цIыху щыIэкъым, зыгуэр зыдэбгъуэ мыхъуни бгъуэтынукъым. Арамэ, ар щыхьэкъкIэ, ныкъусаныгъэ гуэр е дагъуэ гуэр цIыхум дэтлъагъумэ уафэм сабэ щхьэ дэтпхъейрэ, дунейм дытемыхуэжу щхьэ дыхъурэ?!

«Зызыгъэгусэ Iыхьэншэщ!», — жаIэмэ, дэ «зызыгъэгусэ насыпыншэщ!» жытIэфынущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зыгъэгусэн хьэлыр зыхэлъым насыпыншэу ехь и гъащIэр. Уеблэмэ, езым и гъащIэм имызакъуэу, къыбгъэдэтхэм я гъащIэри кIыфI ещI абы.  

ЦIыхуитI гъунэгъуу зэувэлIамэ, зэныбжьэгъунуи мурад зыхуащIамэ – я зэхуакум зыри къыщIыдагъэхьэн щыIэкъым, я зэхуакум дэлъыр нэгъуэщIым щIыбгъэдалъхьэни щыIэкъым, атIэ езы тIум зэфIахыжыфу щытын хуейщ Iуэхур.

Армырауэ, зыгуэр дигу иримыхьыхукIэ нэгъуэщI гуэрым дыхуэтхьэусыхэжмэ, дэ зэикI зэтес хъунукъым ди Iуэхур. Тхьэусыхэнри зэрытфIэфIыр цIыхум къыддащIэмэ, ар къэзыгъэсэбэпынухэр гъунэжщ.

«Фи Iуэхур щыфIым, хэхъуэ фиIэу фи сатур щекIуэкIым зыми зыри къывдащIэну фыхуэмейуэ, псори фыбзыщIу фыщытащ, иджы фи Iуэхур зэрымыхъужу, фи IеймкIэ псоми фадэгуашэу, фытхьэусыхэу уэрамым фыкъыдэувэжащ», — къыхэдгъэщат дэ а псалъэхэр нэгъуэщIыпIэ деж.

Уи ныбжьэгъу ухуэпсэлъэжмэ, уи щхьэ ухуэпсэлъэжу аращ. Уэ езым ухуейуэ къыхэпхащ а ныбжьэгъур, уи акъылкIэ, уи зэгъэзахуэкIэ. Иджы абы ухуэпсэлъэжмэ, хэт узыхуэпсалъэр? Уи акъылращ, уи зэгъэзахуэращ.

Алыхьращ гугъап1эу диIэр ди Iуэхур нэхъыфI ищIынуи:  нэхъыфIым Алыхьым дыхуишэ, гужьгъэжьгъыу ди гум илъыр ирих, ди гур зэхуэкъабзэу, зэхуэхуабэу дигъэпсэу, ди гуэныхьыр къытхуэгъуауи мазэ лъапIэр икIэм ныдигъэгъэс!