Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Щхьэхынагъэр

 «Я-Алыхь сыщыхъумэ къарууншагъэми, щхьэхынагъэми, къэрабгъагъми, лъэрымыхьыгъэми, нэпсеягъэми…». А псалъэхэмкIэ иублэт и махуэр иужь дыдэу бегъымбарыгъэкIэ Алыхьыр зыхуэупсэжа ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم. (Муслим).

«Къарууншагъэми, щхьэхынагъэми сащыхъумэ»-, жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым. Къарууншагъэр — ар Iэмал зыри уимыIэжу, зыри Iуэхум пхухэмылъхьэжу укъэнэнращ. Щхьэхынагъэр — ар Iэмал уиIэ пэтрэ уи лъакъуэр щIэгъэжауэ, къыпфIэмыIуэхуу, уемылIалIэу Iуэхур зыIэщIэбгъэкIынращ.

Зыгуэр пхузэфIэмыкIмэ абы теухуауэ гуэныхь уиIэкъым, ауэ пхузэфIэкI пэтрэ Iуэхум зыри хомылъхьэмэ гуэныхьи, емыкIуи къэпхьынкIэ хъунущ.  

Щхьэхынагъэр цIыхум, псом хуэмыдэу щIалэм, къытекIуэмэ и лIапIэм къытехуауэ жыпIэ хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гъащIэм мыхьэнэ иIэн папщIэ цIыхур жыджэру, псэ хэту, мурадышхуэхэр иIэу, абыхэм яхущIэкъуу щытын хуейщ. Щымытрэ, ар мы гъащIэм щыщкъым, атIэ хьэпшыпыжь гуэрым хуэдэу зы щIыпIэ деж къуэлъу аращ.

Щхьэхынагъэр зы цIыхум къытекIуэу зэригъэунэхъум хуэдэ дыдэу, лъэпкъ псори зэщIидзэлэнкIэ мэхъу, мы дунейм тет лъэпкъхэм къакIэрыхуми къакIэрымыхуми къафIэмыIуэхужу, атIэ щхьэж езым и щхьэ 1уэху зэрихуэжу.

Щхьэхынагъэр къызытекIуэ цIыхур зыри хуэмеижу, зыри фIэмыIэфIыжу мэхъу, ауэ ар зыхуэмейри, абы фIэмыIэфIыжри Iуэху щIэн, лэжьэн хуэдэращ, мыдрейуэ шхэн, зыгъэпсэхун, жеинхэ хуэдэхэр фIэфIщ ик1и ф1э1эф1щ.

Ауэ ушхэн, ужеин, зыбгъэпсэхун папщIэ уи жыпым зыгуэр илъын хуейкъэ, зыгуэр убгъэдэлъын хуейкъэ? Хуейкъым! АтIэ, нэгъуэщIхэм я жыпым илъымкIи зэфIокI ахэр. Уи Iэр шияуэ улъаIуэу удэтмэ, е гъэпщкIуауэ зыгуэрым и жыпым уиIэбэмэ уи Iуэхур дэкIынущ.

Мис аращ ар щхьэхынагъыр диным щIижагъуэр. Сыт щхьэк1э жыпэмэ, лъэIуэнри, дыгъуэнри, нэгъуэщI емыкIу зыпылъ куэд лэжьынри къыдокIуэ щхьэхынагъэм.

Езыр узыншэу, акъыли бгъэдэлъу, адрейхэм яхуэщIэ дыдэр хуэщIэни пэтрэ, щхьэрэ пщIэрэ иIэуи псэуфын пэтрэ, щхьэхынагъэм къыхэкIкIэ ц1ыхум и хамэми, езым ейхэми пщIэ къыхуамыщIыжу мэхъу.

Аллаху Тэгьалам цIыхум и Iэпкълъэпкъым пкъыгъуэу хэтыр лэжьэным, зегъэкIуэным тещIыхьауэ къыритащ. Щхьэр лэжьэн хуейщ, Iэри лэжьэн хуейщ. Мылажьэмэ кIуэдыжыпIэр къахуокIуэ. Аращ щхьэхынэм и натэ хъур!

Муслъымэн жэмыхьэт! Щхьэхынагъэр Iэджэ лIэужьыгъуэу зэхедз, ауэ я нэхъ Iейуэ яхэтыр цIыхур АхърэткIэ къезыгъэлыну лэжьыгъэхэм теухуауэ щхьэхынэу щытынращ.

Щхьэхынэщ, псалъэм папщIэ, и нэмэз теухуауэ, и нэщI теухуауэ, и КъурIэн еджэн теухуауэ, зикр щIыным теухуауэ, и мэжджыт кIуэн теухуауэ.

МыдэкIэ щIэныгъэ зэгъэгъуэтын теухуауэ, ар дин щIэныгъэ ирехъу е дуней щIэныгъэ ирехъу, щхьэхынагъэм имыгъэбакъуэхэр диIэщ. Езыр гурыхуэу икIи губзыгъэу, щ1эныгъэлIи къыхэкIыфыну, ауэ зэрыщхьэхынэм къыхэк1к1э щIэныгъэншэу псэууэ.

Мис апхуэдэу зыхузэфIэкIынухэр щхьэхынагъэм къыдэмыхуэу, мыдрей зыхузэфIэмыкIынухэр утыкум къизэрыхьарэ тхуимыхужу докIуэкI!

ЦIыхур щыщхьэхынэм и деж Iэмал имыIэу илэжьын хуей Iуэхухэм ящыщ зыгуэр къонэ. Iуэхур къэнамэ цIыхум жэуап ихьыжын хуей мэхъу. Ихьыжын щыхъукIэ, бзаджагъэ гуэрхэм егупсысын щIедзэ.

Псалъэм папщIэ, еджапIэм щIэсыр илъэс хъурейм хьэулеямэ, тхылъыр къищтэу еплъыным хуэщхьэхыу гъэр игъэкIуамэ, экзамен тыгъуэм абы ищIэнур сыт? ПцIы иупсын, зыгуэрым итхам къытритхыкIын хуей мэхъу.

Апхуэдэ щIыкIэкIэ еджам, апхуэдэ щыкIэкIи экзамен зытам сыт хуэдэ щIэныгъэ еджапIэм къыщIихынур, сыт хуэдэ IэщIагъэлI абы къыхэкIынур?!

Аращ, узыр и закъуэу къакIуэу и закъуэу кIуэжкъым, атIэ икIэщIыпIэкIэ Iэмал йомыхьэлIэмэ, зы узым нэгъуэщI уз къыхэкIыжынущ, нэгъуэщI лъэныкъуэхэри зэщIицIэлэнурэ цIыхур ажалым IэщIилъхьэжынущ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Щхьэхынагъэм зэрану къихьыр щэ хъумэ, щэм щыщу зы жытIауэ аращ нобэ. АпхуэдизкIэ абы мыхъумыщIагъэу къыхэкIыр куэдщи.

Аращ ди Бегъымбар лъапIэр عليه الصلاة والسلام-ыр абы щышынэу, пщэдджыжь къэси къытригъэзэжурэ лъаIуэу щIыщытар. А цIыху лъапIэр зытешыныхьам дэри дытешыныхьу дыщытын хуейщ.

Алыхьым щхьэхынагъэм ди щхьэкIи, ди унагъуэкIи, ди къуэшкIи дыщихъумэ! Ди хъейр зыхэлъым ди фIэщу делэжьыфу, жыджэру дыпэрытыфу Алыхьым дызэхигъэт!