Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Алыхьым и фIыщIэр

Муслъымэн жэмыхьэт! Щытхъум я нэхъ нэгъэсари, щытхъу щIыкIэу щыIэри зыхуэфащэр Алыхь Закъуэу псори дыкъэзыгъэщIауэ, псори дызыгъэлIэжыну, псори хьисэп дызыщIыжынуращ.

Ар апхуэдэу щыт пэтрэ, абы шэчи хэмылъ пэтрэ, нобэ цIыхум я нэхъыбэм я щытхъур зыхуэгъэзар езыхэм хуэдэ цIыху цIыкIухэращ. Абы теухуауэ цIыхухэр жьакIуагъэкIэ зэпоуэхэ, псом хуэмыдэу Iэнэм пэрысу хъуэхъу щыжаIэхэм деж.

Хъуэхъум къегъэлъагъуэ цIыхум и къэухьри, и гупсысэкIэри, плъапIэу иIэри, зыщыгугъри, зыфIэлIыкIри, пщIэ зыхуищIри, нэгъуэщIри. Зы псалъэкIэ жыпIэмэ: гъащIэр къеIуатэ.

Нобэ диныр гъащIэм щыщ зы Iыхьэ ящIыжыну хуейуэ еувэлIахэми — цIыхум я жьэм жьэдэлъ хъуэхъуэкIэхэм фIыуэ хэлъыр ирагъэфIэкIуэну, мыхъуну хэлъыр IуагъэкIуэтыну, нэгъуэщI лъэныкъуэ гуэркIи хъуэхъум зырагъэужьыну я пщэ къыдохуэ.

Ауэ мыр зыхузэфIэкIынур, лъэпкъым и Iуэхум иригузавэу, лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыж лъэныкъуэхэми щыгъуазэу, лъэпкъым и зыужьынымрэ диным и Iуэхур кIуэтэнымрэ зэзыпхыф цIыху щэджащэхэращ.

Муслъымэн жэмыхьэт!  Алыхьым щытхъуныр, Абы фIыщIэ хуэщIыныр ди дин дахэм дэнэ дежи къыщыхощ, КъурIэн лъапIэми ар къытригъэзэжурэ къыщокIуэ, уеблэмэ, япэ дыдэу КъурIэным ит сурэм и купщIэ нэхъыщхьэр а фIыщIэращ.

Муслъымэнхэр зыпхырыкIыну псом пхырыкIа нэужь:  Къемэт махуэм и губгъуэ шынагъуэм икIыу, Жэхьэнэмэм телъ лъэмыжми зэпрыкIа нэужь, Жэннэт дахэри я псэупIэ хъуа нэужь жаIэнущ:

﴿ الْحَمْدُ لِلَّهِ الَّذِي أَذْهَبَ عَنَّا الْحَزَنَ ﴾

“Нэщхъеягъуэр тщхьэщызыха Алыхьым фIыщIэр ейщ”. (ФатIир, 34).

Ди Бегъымбар лъапIэращ صلى الله عليه وسلم дэ щапхъэм я нэхъыфIу диIэри, абы дэнэ щIыпIи, сыт хуэдэ зэмани, сыт хуэдэ щытыкIи теухуауэ Алыхьым фIыщIэ хуищIу щытащ.

Езым фIэфI гуэр къехъулIамэ: «الْحَمْدُ لِلَّهِ الَّذِي بِنِعْمَتِهِ تَتِمُّ الصَّالِحَاتُ». – жиIэт عليه الصلاة والسلام. Абы къикIыр: IуэхуфIхэр зи фIыгъуэкIэ зэфIэкI Алыхьым фIыщIэр хузощI. (Ибн Маджэ).

Ауэ нэгъуэщI зыгуэр къеуэлIамэ, абы щыгъуэми Алыхьым фIыщIэ хуищIт мы псалъэхэмкIэ: «الْحَمْدُ لِلَّهِ عَلَى كُلِّ حَالٍ»Алыхьым и шыкурщ сыт хуэдэу мыхъуами“. (Ибн Iэс-Сунний).

Нобэ куэдым я псалъафэ хъуащ, “дауэ ущыт?” — жыпIэрэ уеупщIмэ, — “десауэ Алыхьым и шыкурщ жыдоIэ”-, жыхуаIэр. Ауэ ар жыIэкIэ хъукъым, Алыхьым фIыщIэ хуэщIынми щыщкъым ар, атIэ тхьэусыхафэм нэхъ ещхьщ.

Алыхьым фIыгъуэ гуэр цIыхум къыхуищIэрэ, абы иужькIэالحمد للهжиIэмэ, (фIыгъуэ) къыратам нэхърэ нэхъыфIу езым дежкIэ къыщIокI (фIыщIэ) зэрищIар“, — жиIащ عليه الصلاة والسلام-ым. (Ибн Маджэ).

Арамэ, уесэжауэ Алыхьым фIыщIэ хуэпщIыну аракъым, атIэ пфIэфIу икIи пфIэIэфIу хуэпщIын хуейуэ аращ, псом хуэмыдэу уэ къоуэлIа нэщхъеягъуэм уи насыпыр пыщIауэ, абы и лъабжьэм кIэщIэту щытынкIэ хъунущи.

ЖеIэ Алыхь Иным:

“وَعَسَى أَنْ تَكْرَهُوا شَيْئًا وَهُوَ خَيْرٌ لَكُمْ وَعَسَى أَنْ تُحِبُّوا شَيْئًا وَهُوَ شَرٌّ لَكُمْ وَاللَّهُ يَعْلَمُ وَأَنْتُمْ لَا تَعْلَمُونَ”.

Фэ зыгуэр фи жагъуэу, ауэ ар фэркIэ фIыуэ, фэ зыгуэр фи щIасэу, ауэ ар фэркIэ Iейуэ къыщIэкIынкIэ хъунущ. Алыхьым ещIэ, фэ фщIэкъым. (Iэл-Бэкъэрэ, 216).

 

Ди хъутIбэхэм язым къыхэдгъэщауэ щытат “بسم الله — Бисмиллях” псалъэ дахэр къыщезэгъи къыщемызэгъи куэдым къагъэсэбэп, жытIэри, абыкIэ я муслъымэнагъыр къырагъэлъэгъуэну, абыкIэ пщIэ лей цIыхум зыхурагъэщIыну.

Нобэ зи гугъу тщIы “الحمد لله -Iэл-Хьэмду лиллях” псалъэри хуэмыщафэ зыкIэлъыдлэжьхэм ящыщщ, къыщезэгъи къыщемызыгъи къэдгъэсэбэпу, къикI дыдэми демылIалIэу, дэ езым зыгуэр къидгъэкIыу къэтпсэлъу.

Муслъымэн жэмыхьэт! ФIыщIэ Алыхьышхуэм хуэтщIу ди хъутIбэр зыхудощIыж. Абы и фIыщIэр ди бзэгум телъ къудей мыхъуу, ди  гуми илъу, ди IуэхущIафэми къигъэлъагъуэу Алыхьым дигъэпсэу! Жэннэтым псори зэгъусэ дыщыщIижи, иужь дыдэм “الحمد لله” жызыIэжынухэм ящыщ дищI!