Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

АдыгэщIэу адыгэщIэтIэхэр

Муслъымэн жэмыхьэт! Шэч хэмылъу Аллаху Тэгьалар нэхъыбэ дыдэу цIыхум къызэрыхуэупсэр — Езыр арэзы зытехъуэ диным и гур къыхузэIуихыу, мы дунейм гуитIщхьитI узыщIу IуэхуеплъыкIэ тетхэм къахихынращ.

Диныншагъэр зиIысыр зыщIэу, дин зэблэша куэдми зэрану къахьыр къызыгурыIуэм — уи Тхьэр зыуэ, уи бегъымбарыри зыуэ, уи къиблэри зыуэ, уи Тхылъри зыуэ щытыным фIыгъуэу хэлъыр зэхещIыкI.

ЦIыхум, адэкIэ лъэпкъым и дин къыхэхын Iуэхур зэфIэкIамэ, Аллаху Тэгьалам къабзэу хуэлэжьэнуи бгъэдэувамэ, адэкIэ, и дуней Iуэхур иригъэфIакIуэу, дунейм тет лъэпкъхэм закъыкIэримыгъэхуу псэунращ акъыл узыншэм укъызыхуриджэр.

ИкIи абы тету илъэсипщI бжыгъэр къэгъэнауэ, илъэсищэ бжыгъэ хъуауэ Iуэхур къокIуэкI. Ислъам диныр лъэпкъым и бзэми, и хабзэми, адэкIэ, псэуныгъэм и лъэныкъуэ псоми щыщ хъуащ.

Иджы а къекIуэкIым зыдэтщIын, зыгуэркIэ ныкъусаныгъэ гуэр хэлъмэ лъэныкъуэ едгъэзын, псори дызэрыщIэурэ лъэпкъым и Iуэхум зедгъэужьын ипIэкIэ…

Абы ипIэкIэ, нобэ утыкум къизэрыхьащ зы гуп: апхуэдиз щIауэ лъэпкъыр гъуэщэныгъэм хэтауэ, гъуэгу Iушэми тетауэ, иджы щIэрыщIэу тхыдэр тхыжын хуейуэ, нэхъ ипэIуэкIэ лъэпкъым зэрихьэу щыта мэжусий диным дихьэжын хуейуэ зыукъуэдий.

Ар сыт хьэдыгъуэдахэ?! Ар хэт игу къэкIыхха?! Мыхэр дэнэ къикIа?! Мыхэр хэт и кIуэцI къикIа?! Мыхэр дэ тщыщ, хьэмэрэ къахьу къытхадза?!

Мыпхуэдэ Iуэху шынагъуэм дауи ахэр тегушхуэфа?! Аллаху Тэгьалам и губжьым щымышынэр, лъэпкъ зыхэсым дин зэрихьэм пщIэ гуэр щхьэ хуамыщIрэ, хьэтыр гуэр щхьэ хуамыIэрэ?!

“Ди адэжьхэр, ди адэшхуэхэр”, жаIэурэ, псалъэшхуэхэр къапсэлъ абыхэм. Ауэ ди адэжьхэм зэрахьэу щытакъэ Ислъам диныр?! НтIэ, сыт къалъыхъуэр?!

— Дэ къэтлъыхъуэр а ди адэжьхэм япэ къитыжа адэжьхэу мэжусий диным итахэращ!, — жаIэмэ, гурыIуэгъуэ мэхъу мыхэм адэжь Iуэху зэрызэрамыхуэр, атIэ адэжьхэр я тегъэщIапIэу, иджыпсту щIалэгъуалэм зызратыжа муслъымэн диныр щIатIэну зэрамурадыр.

Ауэ, ар къызыгурыIумыIуэу “адэжь” псалъэм зи щхьэр игъэунэза гупцIанэ яхэтмэ, абыхэм яжыдоIэ: Iуэхур адэжьрамэ, мэжусий диным ита ди адэжьхэм я деж щхьэ дыкъызытеувыIэжа? Абыхэм япэ къитакъэ адэжь? Абы къитар фымыщIэжмэ, дэ, муслъымэнхэм, фIыуэ дощIэ псори дыкъызытехъукIыжа ди адэшхуэ Iэдэм عليه السلام-ым, Алыхьыр игъэзакъуэу дунейм зэрытетар, иIэ ди адэшхуэм и диныр зедвгъэхьэ!

Муслъымэн жэмыхьэт! Пэжым дыхуеймэ, мы гупсысэр къытхэзылъхьахэм езыхэм я фIэщ хъужу сигугъэкъым я Iуэхум зыгуэр къикIыну, апхуэдизкIэ мыбы къыхалъхьар акъылыншагъэщи.

Дауэ мы дин къабзэу, мы дин дахэу Алыхьым къыригъэхар къэбгъанэу, нэгъуэщI къагупсыса гуэрым узэрихьэнур?! Дауэ, Алыхь Закъуэм хуэлэжьэныр къэбгъанэу, Алыхьым къигъэщIа гуэрыр тхьэ зэрыпщIынур?! Дауэ нэхум укъыхэкIыжу, кIыфIыгъэм узэрыхыхьэжынур?!

Алыхьыр дин къабзэкIэ зыхуэупса Исуф бегъымбар лъапIэр, عليه السلام-ыр, хьэпсым щихуам, тхьэнэпцIхэм къагъэпцIа гуп яхэхуати, абыхэм яхуигъэза ущиер мы гупым яхудогъазэ:  

” يَاصَاحِبَيِ السِّجْنِ أَأَرْبَابٌ مُتَفَرِّقُونَ خَيْرٌ أَمِ اللَّهُ الْوَاحِدُ الْقَهَّارُ “.

Уэ си тхьэмыщкIэгъухэ! Дэтхэ­нэр нэхъыфI — тхьэ зэмылIэужьыгъуэхэра, хьэмэрэ Алыхь зи закъуэу лъэщыра?”.

 АдэкIи пещэ:

“مَا تَعْبُدُونَ مِنْ دُونِهِ إِلاّ أَسْمَاءً سَمَّيْتُمُوهَا أَنْتُمْ وَآبَاؤُكُمْ مَا أَنْزَلَ اللَّهُ بِهَا مِنْ سُلْطَانٍ “.

“Ар къэвгъэнауэ фызыхуэпщылI­хэр, фэрэ фи адэжьхэмрэ къэвгупсыса цIэ къудейщ, ар къызэрывгъэпэжын къаруи Алыхьым къывитакъым”.

 МыбыкIи зэхуещIыж Исуф и ущиер:

“إِنِ الْحُكْمُ إِلاّ لِلَّهِ أَمَرَ أَلاّ تَعْبُدُوا إِلاّ إِيَّاهُ ذَلِكَ الدِّينُ الْقَيِّمُ وَلَكِنَّ أَكْثَرَ النَّاسِ لا يَعْلَمُونَ”.

“Уна­фэр зыIэщIэлъыр Алыхьым и закъуэщ. Абы и унафэщ Езым нэмыщI нэгъуэщIым фыхуэ­мыпщылIыну. Аращ дин пэжыр, ауэ цIыхум я нэхъыбэм ящIэркъым”.

(Исуф сурэ, аятхэу 39-40).

Муслъымэн жэмыхьэт! Зи диныр къызыфIэIуэхум, зи лъэпкъым и Iуэхум иригузавэм, акъыл зыбгъэдэлъым мыр къыфIэIуэхун, мыбы иригузэвэн, мыбы тепсэлъыхьын хуейщ.

Мы акъылыншэхэу лъэпкъым япэм илъэдэну, лъэпкъыр щыхупIэми хуэзышэну мурад зыхуэзыщIыжахэр – къызытегъэувыIэн, мыбыхэм закъегъэщIэжын, мыхэр зэгъэгупсысыжын хуейщ.

Абы ипкъ иткIэ, Iэмалу щыIэр къэдгъэсэбэпу Iуэхум и пэжыпIэр цIыхум ябгъэдэлъхьэн хуейщ.

Мыбы теухуа псалъэмакъхэр ди жылэхэм къыщегъэкIуэкIын, зэхуэсхэм къыщыпсэлъын, хъутIбэхэм къыщыхэгъэщын, жэназы пщIантIэхэм цIыхухэм зэхегъэхын хуейщ. 

Алыхьым нэхъыфIым дыхуишэ, акъылыншэхэми Алыхьым ирапэс емыкIуми и гуэныхьым дыримыгъэхьыну Езы Алыхьышхуэм долъэIуж!  Алыхьым муслъымэну дигъэпсэуи, муслъымэну дигъэлIэж!