Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

“Бисмиллях”-ым и мыхьэнэр

Псоми япэ иту, зи япэ зыри имытыр; псори къэзыгъэщIауэ, псори зи IэмыщIэ илъыр; псори зезыгъакIуэу, псори зи лъабжьэ щIэтыр Алыхь Закъуэу зи хуэдэ щымыIэращ.

Алыхь Иныр апхуэдэу зэрыщытыр къызыгурыIуэу, фIэщхъуныгъэ быдэ зыбгъэдэлъым зы дуней тетыкIэ иIэщ, ауэ ар къызыгурымыIуэр къулыкъушхуэ зыIыгъ, е мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ, е зэфIэкIышхуэ зиIэ гуэрым IущIэмэ – абы и Iуфэлъафэр къиуфэрэзыхьу, и Iупэм IэфI къытемынэжыхукIэ еубзэу, зызэхуишэурэ Iушэ хъужауэ мэпсэу!

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам и деж псори къыщежьэкIэ, дэри ди Iуэхуу хъуам дыщыхуежьэкIэ Алыхьым и цIэр ди бзэгум телъу, ди гум илъу щытын хуейщ.

Езым къыригъэха Тхылъ лъапIэр и цIэмкIэ иублэу بسم الله الرحمن الرحيم-кIэ къызэрызэIуихым къегъэлъагъуэ Алыхьым и цIэр псоми япэ иту щытын зэрыхуейр.

Аращи, сыт хуэдэ Iуэхугъуэ яужь димыхьами, сыт хуэдэ псалъэ къэтпсэлъыну утыку димыхьами, псом япэ иту “Бисмиллях”-ыр ди бзэгупэм телъу дыщытын хуейщ.

“Бисмиллях” щыжытIэм деж, Алыхьым и цIэкIэ соублэ, Абы и дэIэпыкъуныгъэм сыщыгугъыу, Абы и берычэтыр Iуэхум къыхилъхьэну зыхуэзгъазэу, жытIэу аращ.

“Бисмиллях”-кIэ сыт Iуэхури быублэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр къигъэлъагъуэу, ди Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم и махуэр абыкIэ иригъажьэти, и махуэр абыкIэ иухт, махуэм и кIуэцIкIи Iуэхугъуэ куэдым и деж и бзэгум ар телът.

ЖеIэ ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم: “Хэти ирехъу, пщэдджыжь къэскIэ, пщыхьэщхьи къэскIэ мыр 3-рэ жызыIэм зыри зэран къыхуэхъунукъым:

“بِسْمِ اللَّهِ الَّذِي لاَ يَضُرُّ مَعَ اسْمِهِ شَيْءٌ فِي الأَرْضِ وَلاَ فِي السَّمَاءِ وَهُوَ السَّمِيعُ الْعَلِيمُ”.

(Абу Дауд, Тирмизий сымэ къаIуэтэжащ).

Мы дугьэр ди щхьэкIэ зэдгъащIэу нэгъуэщIхэми едгъэщIэжмэ ди насыпщ, апхуэдизкIэ куэд пыщIащи ди гъащIэм елъытауэ. Мыпхуэдэ дугьэхэращ цIыхур къэзыхъумэр, Алыхь IэмыркIэ, адрейхэу я пщэм ищIауэ, е машынэм кIэрыщIауэ зэрахьэхэракъым.  

АдэкIэ Iэнэм пэрытIысхьа нэужь “Бисмиллях” жимыIауэ муслъымэныр шхыным еIэбынукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Суннэм абы дыкъыхуреджэ. КъинэмыщIауи, ар жомыIэу шхэныр ебгъэжьамэ, шейтIаным апхуэдэ шхыныр хьэлэл зыхуещIыж, хьэлэл зыхуищIыжамэ, уи шхыныр берычэтыншэ хъуауэ аращ.

Уеблэмэ, шхыныр Iэнэм къытемыхьэ ипэкIэ, лыр хьэлэл хъун папщIэ “Бисмиллях” жытIэн хуейуэ КъурIэным къыхощ, Суннэри абы щыхьэт тохъуэж.

Уеблэмэ, мыри щIыдгъужынщ. Унэгуащэм шхыныр щигъэхьэзыркIэ “Бисмиллях”-кIэ Iуэхум яужь ихьэмэ, а шхыным и IэфIагъри, абы и берычэтри, шэч хэмылъу, нэгъуэщI мэхъу.

АдэкIэ, унэм дыщыщIыхьэжкIэ “”Бисмиллях”-кIэ дыщIыхьэжын хуейщ, берычэтыр ди унэм щIэлъыну дыхуеймэ. Хьэдисым къыхощ, цIыхур унэм щыщIыхьэжым деж “Бисмиллях” жиIамэ, шейтIаным и пэшэгъухэм яжриIэу “ныжэбэ мыбдежым нэху фыкъыщекIыфынукъым”. ЖимыIэмэ, а унэр тIысыпIэ ящI.

Сымаджэм щепщэм дежи “Бисмиллях”-ыр и дугьэм япэ иту щытащ عليه الصلاة والسلام-ым. (Муслим).

Тхыгъэ гуэр зы щIыпIэ иригъэхьынумэ, ари “Бисмиллях”-кIэ иублэу щытащ. Пащтыхьхэр диным къыхуриджэу яхуригъэхьа тхыгъэхэм уеплъыжмэ ар нэрылъагъуу къыхощ.

Уеблэмэ, дунейм ехыжа муслъымэныр мащэм щырахьэхыжкIэ “Бисмиллях”-кIэ ирахьэхыж. Езы ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم апхуэдэу муслъымэнхэм пщIэ яхуищIыжу иужьрей гъуэгуанэм тыригъэхьэжу щытащ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Апхуэдизым деж “Бисмиллях”-ыр къызэрыхэщым къегъэлъагъуэ а псалъэр муслъымэным и дамыгъэу, и нэщэнэу, абыкIэ адрейхэм къахэщу, абы ар игъэщIэращIэу зэрыщытыр.

Ауэ абы игъэщIэращIэр, а псалъэм къикIыр къызыгурыIуэу, къыгурыIуам хуэфэщэжу дунейм тет муслъымэн пэжращ.

Армырауэ, нобэ “муслъымэныщIэ” къэунэхуахэм псалъафэ яхуэхъуауэ, къыщезэгъым дежи, къыщемызэгъым дежи “Бисмиллях”-ыр я бзэгупэм телъу, ауэ я IуэхущIафэм ар къыхэмыщу дунейм тетхэм я Iуэхур нэгъуэщIщ.

Апхуэдэ цIыхухэм диныр щIэщыгъуэм е зэманым тещIыхьауэ зэрахьэу аращ, я щIэщыгъуэр икIмэ е зэманым зихъуэжмэ, я псалъафэми зихъуэжынущ.

Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! И цIэ лъапIэр ди бзэгум телъу, ди гуми илъу, ди IуэхущIафэми къыхэщыжу Алыхьым дигъэпсэу, апхуэдэуи и пащхьэ дыришэж!