Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Къаджэ псоми дыпэджэжу допсэу!

ФIыщIэ худощI Аллаху Тэгьалам, дыкъэзыгъэщIам, дызыузэщIам, дымыщIэр къыдэзыгъэщIам, гъуэгу Iушэм дыкъытезышам, гъуэгу захуэм дытезышам, дбгъэдэлъу хъуар къыдэзытам.

Щыхьэт дытохъуэ ди Тхьэшхуэу-Алыхьышхуэм и закъуэныгъэм, уи щхьэ хуэбгъэтIылъ хъуну Абы нэмыщI тхьэ зэрыщымыIэм, адрейхэр псори зэрынэпцIым, псори Алыхь Закъуэм и лъабжьэм зэрыщIэтым.

Щыхьэт дытохъуэ иужь дыдэу Алыхьым къытхуигъэкIуэжа Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, Алыхьым и диныр нэгъэсауэ къызэрытлъигъэIэсам, и псэ емыблэжу и гъащIэр псори диным зэрытриухуам.

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхур щехъулIари, насыпкIэ Алыхьыр къыщыхуэупсари — Езым къигъэкIуа цIыху лъапIэм عليه الصلاة والسلام-ым и псэукIам, и дунейм тетыкIам, и цIыху хэтыкIам зыригъэщхьыну, абы хуэдэ дыдэ мыхъуми абы пэгъунэгъу хъуну хущIэкъуу щыпсэум дежщ.

КъурIэн лъапIэм итщ аят, Алыхьыр ди фIэщ хъумэ, Алыхьым и пащхьи дызэрихьэжынур ди гум пхырыкIамэ а цIыху лъапIэр صلى الله عليه وسلم щапхъэ тхуэхъун зэрыхуейр.

ЖеIэ Аллаху Тэгьалам:

“لَقَدْ كَانَ لَكُمْ فِي رَسُولِ اللَّهِ أُسْوَةٌ حَسَنَةٌ لِمَنْ كَانَ يَرْجُو اللَّهَ وَالْيَوْمَ الآخِرَ وَذَكَرَ اللَّهَ كَثِيرًا”.

«Алыхьымрэ, Ахърэтымрэ ятеухуауэ гугъэ зиIэхэм, Алыхьыр зи гум куэду илъхэм, зи бзэгуми телъхэм я дежкIэ Алыхьым и ЛыкIуэр фэ фи щапхъэ дахэщ!». (Iэл-Iэхьзаб сурэ, 21 аят).

ЦIыхум жиIэм икIи ищIэм икIи зэхищIэм теухуауэ Алыхьым и ЛIыкIуэр صلى الله عليه وسلم щапхъэ ищIын зэрыхуейм лъабжьэ хуэхъур а аят дыкъызэджаращ. (Ибн Кэсир).

ЦIыхум сыту и насыпт зыгуэр жиIэн ипэкIэ, е зыгуэр ищIэн ипэкIэ, е зыгуэрым егупсысын ипэкIэ абыхэм теухуауэ عليه الصلاة والسلام-ым къыбгъэдэкIахэр и нэгум къыщIигъэхьэу, езым имыщIэмэ зыщIэм еупщIыурэ и гъащIэр ирихьэкIамэ.

Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи дэ муслъымэну зыдбжыж пэтрэ, ди муслъымэнагъри Бегъымбарым عليه الصلاة والسلام-ым къыбгъэдэхыжауэ щытын зэрыхуейр тщIэ пэтрэ, ди дуней тетыкIэр нэгъуэщI зыгуэрхэм тещIыхьауэ, нэгъуэщI зыгуэрхэри щапхъэ зыхуэтщIыжауэ нэхъыбэм допсэу.

Допсэу, пэжым дыхуеймэ, иджыри джахилийем дыхэту, ди щхьэзыфIэфIыныгъэм дихьу, пагэныгъэм диIыгъыу, дызэса хабзэ мыхъумыщIэхэм демыбэкъуэфу, щIэныгъэншагъэм димыгъэбакъуэу.

Абы и зы щапхъэ къэсхьыну сыхуейщ. Мы щапхъэмкIэ зыри къыхэзгъэщыну сыхуейкъым, иужь дыдэу къэхъуа гуэрми еспхыну сыхуейкъым, атIэ куэдрэ къэхъуу, дэнэ дежи къыщыхъуу щытщи псори дызэвэгъэгупсысыж!

Сыт хуэдизрэ зэхэтхыжрэ, зы щIыпIэ и деж зыгуэр къыщыхъурэ, къэхъуа дыдэри дымыщIэу, къызыхэкIами дыщымыгъуазэу, къуаншэри захуэри зэхэдмыгъэкIауэ, дыхэлъадэрэ Iуэхур зэIытщIэу, дызэхэлъэдэжрэ зыр зым деIунщIу, иужькIэ тщ1ам дегупсысыжу дытIысыжу?!

— Уэхьэхьей, лей къыстохьэ!-, жиIэу зыгуэр къэкIиямэ, псори дыщIэпхъуэну щхьэ дыхьэзыр? КъэкIий псоми дапэджэжын хуейуэ щхьэ къытщыхъурэ?! Азэным и джэ макъым пэмыджэжыфыр, цIыху къуейщIей гуэрым и джэ макъыр щIыпэджэжыфыр сыт?!

Апхуэдэу зыгуэр къэджа нэужь, къэджам лей къытехьэу, адрейм лей зэрихьэу занщIэу щхьэ къытщыхъурэ?! Къэджам и зы нэр иращIамэ, къызыхуэджам и нитIри иращIауэ къыщыщIэкIыжыр дапщэрэ?!

Хьэмэрэ, зыгуэр къэджамэ, псори лIыгъэмрэ, акъылымрэ дыкъызэгуиуду, дэ дыхыхьэмэ Iуэхур зэфIэкIыну, дыхэмыхьэмэ, дунейр къэуэжыну щхьэ къытфIэщIрэ?!

Зыгуэр къэджамэ уэ абы занщIэу упэджэжын хуэдэу уунафэщI е унафэщIым уриуэчыл? Уимам е имамым урикъуэдзэ? УщIэныгъэлI е щIэныгъэлIым уечэнджэща?

Дыхуейми дыхуэмейми, тфIэфI хъунуми тфIэфI мыхъунуми жытIэн хуейщ: мыпхуэдэ зэхэтыкIэр, муслъымэн зэхэтыкIэр къэгъэнауэ, цIыху зэхэтыкIэкъым, атIэ мэзым щIэс хьэкIэкхъуэкIэм я зэхэтыкIэщ.

Имам Бухъарий رحمه الله и хьэдис тхылъыр къатщтэмэ, мыпхуэдэ псалъащхьэ иту дырохьэлIэ: بَابُ مَا يُنْهَى مِنْ دَعْوَى الْجَاهِلِيَّةِ“” – “Джахилийе зэманым я къэджэкIэр имыдэу къэкIуар” жеIэри, адэкIэ хьэдисыр етх.

Имам Ибн Хьэджэр, Алыхьыр рэхьэмткIэ зыхуэупсэным, етх а псалъащхьэм теухуауэ: ” Джахилийе зэманым я къэджэкIэр ар: зауэбанэ Iуэху къэхъуамэ “уэхьэхьей” жаIэрэ жылэм хэджэрэ, модрейхэри къызэхуэсрэ, къэджар лейзехьэ пэтрэ абы къыщхьэщыжу зэрыщытахэращ. Ислъам диным ар имыдэу къэкIуащ”. (Фэтхь Iэл-Барий, 6/546).

КъэкIуар абы теухуауэ, мухьаджирхэмрэ Iэнщархэмрэ я зэхуаку къыдэхъуаращ. Мухьаджирхэм ящыщ зым Iэнщарым ящыщ гуэрым и жагъуэ ищIати, цIыхухэр зэхагъэлъэдэжыну мурад ящIащ. Iэнщарым ящыщыр: “Уэхьэхьей, Iэнщархэ!”, жиIэри яхэджащ, мухьаджирхэм ящыщыр “уэхьэхьей, мухьаджирхэ!” жиIэри яхэгуэуащ.

КъекIуэкIыр щызэхихым ЛIыкIуэ лъапIэр صلى الله عليه وسلم къахыхьэри щIэупщIащ: ” مَا بَالُ دَعْوَى أَهْلِ الجَاهِلِيَّةِ” – “Джахилийе зэманым и цIыхухэм я къэджэкIэу щытар къызыхэкIар сыт?“-, жиIэри.

КъызыхэкIар щыжраIэм, Алыхьым и ЛIыкIуэм صلى الله عليه وسلم жиIащ: “دَعُوهَا فَإِنَّهَا خَبِيثَة” – “Къэвгъанэ ар, ар фIейщ, (ар Iейщ)!”. (Бухъарий). 

Мис а фIейр, мис а Iейр ди деж нобэ куэду къыщокIуэкIри, икIэщIыпIэкIэ, дымуслъымэныр пэжмэ зыхэднын хуейуэ ди къалэнщ, ар ткIэрылъу дылIэжыну дыхуэмеймэ.

Аллаху Тэгьалам и сэбэп къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! ФIым къыхуезыджэ зэхэтхмэ дыпэджэжыфу, Iейм къыхуезыджэ зэхэтхмэ и пIэ идгъэувэжыфу Алыхьым дызэхигъэт!