Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

50. Гъэм икIэм

12.06.2019
Еджауэ 865

ФIыщIэри щытхъури ейщ жэщым махуэр, махуэм жэщыр къыхэзыгъэкIым, дыгъэмрэ мазэмрэ зэблэзыгъэкIым… Ахэр и зэфIэкIымрэ, и Iущыгъэмрэ, и лъэщыгъэмрэ нэщэнэ яхуэзыщIам.

Щэлатри сэламри идох езы зэманми, абы и кIуэцIкIэ къыщыхъуми дерсым я нэхъыфIыр къыхэзыхыфу щыта бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم.

Муслъымэн жэмыхьэт! Дуней гъащIэм аращ и зэхэлъыкIэри, зэм гуфIэгъуэщ, зэм гузэвэгъуэщ; зэм хъыбарыфI къытIэрохьэ, зэм хъыбар гуауэр къытохьэ; зэм ипэкIэ докIуатэ, зэм дыкъокIуэтыж.

ХъыбарыфIу утыкум илъхэм ящыщщ: ди хьэжыщIхэр я хьэжыр къырахьэлIэу, узыншэу я унэм къызэрыкIуэжахэр, я бынхэм, я къуэшхэм къазэрыхыхьэжахэр.

Хьэж папщIэ гъуэгуанэ утехьэным нэхъыфIи бгъуэтын?! Къабылу Алыхьым яIих, псоми фIы къахудигъакIуэ!

МыдэкIэ, хъыбар мыхъумыщIэ е гукъеуэ зыпыщIа, жыпIэмэ, абы ущIэмыупщIэххэ, «мы дунейм муслъымэнхэм фIэкIа Iуэху ямыIэжу ара?»-, жыуигъэIэу, хъыбархэр егъэлеяуэ куэдщ.

Ауэ сыт хуэдэу мыхъуами, сыт хуэдэ лъэпэщIэдз хуамыщIами, зыгуэрхэм сыт хуэдизкIэ яфIэмыфIами — Ислъам диным зеубгъу, муслъымэнхэр мэбагъуэ, я Iуэхур мэкIуатэри, Алыхьым и шыкурщ.

﴿ يُرِيدُونَ أَنْ يُطْفِئُوا نُورَ اللَّهِ بِأَفْوَاهِهِمْ وَيَأْبَى اللَّهُ إِلاّ أَنْ يُتِمَّ نُورَهُ وَلَوْ كَرِهَ الْكَافِرُونَ ﴾

«Ахэр хэтщ Алыхьым и нурыр {диныр} жьэкIэ ягъэун­кIыфIыну, ауэ Езы Алыхьым а нурыр имыгъэлъагэу идэр­къым, ар иманыншэхэм яфIэмыфIми». (Тэубэ сурэ, 32 аят).

АдэкIэ дыIэбэнщи, хьэж щIыгъуэр зэфIэкIамэ муслъымэнхэм я илъэсыр икIэм нэсауэ аращи, сыт иIыс пэублэми, сыт иIыс кIэухми гупсысэгъуэ ухедзэ, Iэджэми уи акъылыр хуегъакIуэ.

Акъыл гуэр зиIэр, зи Ахърэтри къызыфIыIуэхур и илъэс блэкIам зэ ириплъэжынущ, хузэфIэкIамрэ хузэфIэмыкIамрэ зэхуеплъыжынущ. БлэкIам дерс къыхихынурэ, къэкIуэнум нэгъуэщIынэкIэ хэплъэнущ, нэгъуэщI лъэбакъуэкIи хэбэкъуэнущ.

Нобэрей джумгьэр мы илъэсым и иужьрей джумгьэщ, ауэ дэ ди гъащIэм теухуауэ мыр иужьрей джумгьэуэ Алыхьым къыщIимыгъэкIкIэ. Мыпхуэдэ махуэ лъапIэхэр иджыри куэдрэ зи нэгу щIэкIын, зи псапэхэри зыгъэбэгъуэфын Алыхьым дищI!

Нобэ хуэдэ махуэхэм муслъымэну дунейм тетым ягу зэ къагъэкIыж муслъымэн илъэс къэбжыкIэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар икIи ар зытрагъэхуар.

Муслъымэнхэм езыхэм я илъэс къэбжыкIэ зэраIэжым, езыхэми я мазэ фIэщыгъэцIэхэр щхьэхуэу зэрызэрахьэм къегъэлъагъуэ муслъымэнхэм езыхэм я зэхэтыкIэ, я дуней еплъыкIэ зэраIэжыр, япэ ищым и щIыбагъым къыдэувэхэу зэрыдэмытыр.

Илъэс къэбжыныр щэхьабэ  махуэхэм зытращIыхьауэ щытар Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم хьиджрэ щищIа илъэсращ.

Ар къыщIыхахам и щхьэусыгъуэри мырат: Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم хьиджрэ щищIа гъэр псоми ящIэжт, ауэ дунейм къыщытехьа илъэсым е бегъымбарыгъэр къыщыхуэкIуа илъэсым теухуауэ псори зэтехуэтэкъым.

Хьиджрэ Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم щищIа илъэсыр гуфIэгъуэ илъэст. Муслъымэным пщIэрэ щхьэрэ яIэу псэуныр щиублар а илъэсрат. Абдежым щыщIэдзауэ муслъымэнхэр пудыныгъэм къыхэкIри лъапIэныгъэм хыхьахэщ, мащIэу щытахэти куэд хъуахэщ, къарууншэу щытахэти къару зэрагъэгъуэтащ.

Муслъымэн жэмыхьэт! ЗэрыжытIауэ, мыпхуэдэ зэманхэр блэкIам егупсысэн щыхуей зэманщ.

Ди блэкIари мы щым фIэкIкъым: е шейтIаныр зытедгъакIуэу ди Тхьэ лъапIэм жыIэмыдаIуэ дыхуэхъуу длэжьа гуэныхьхэращ. Абы къыхэтхын дигугъа IэфIагъ мащIэр кIуэдыжри ежьэжащ, ауэ езы гуэныхьыр бжьыгъэ фIыцIэу къыттенащ.

Е шейтIаным дытекIуэу ди Тхьэ лъапIэр арэзы зэрытщIа лэжьыгъэхэращи, ахэм щхьэкIэ гугъуехь гуэр тшэчами, гугъуехьыр тщыгъупщэжри ежьэжащ, ауэ абы къыдэкIуэ фIыгъуэр къэнащ икIи къэнэнущ мыкIуэдыжу, Алыхьым жиIэмэ.

Ещанэу ди щIыбагъым къыдэднэ лэжьыгъэхэр, ахэр модрейми мыдрейми щымыщу дуней Iуэху длэжьахэращи, ахэр Iэмал зимыIэ гуэру щытмэ, абы емыкIуи гуэныхьи хэлъкъым, ауэ къэхъуращи мылIэжын зи гугъэм и Iуэху щIэкIэщ ди Iуэху щIэкIэр.

Ди блэкIам нэхърэ ди къэкIуэнур нэхъыфI Алыхьым тхуищI! Зи гуэныхь блэкIахэр къызыхуэгъун, псапэ илэжьахэми щыгуфIыкIыжын, ди япэкIи зыхущIегъуэжын зымылэжьын Алыхьым дищ!