Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

46. ДыщынэщIкIэ ди нэгу щIэтынур

11.06.2019
Еджауэ 832

Муслъымэн жэмыхьэт! Зэманыр къэзыгъэщIар Алыхь Инращ, зэманым и кIуэцIкIэ длэжьынум я нэхъыфI дыдэм дыкъыхуезыджэри езы Алыхь Ину зи Iущагъымрэ, зи жумартагъымрэ гъунапкъэ имыIэращ.

Нобэ зи фIыгъуэм дыхэт НэщI мазэ лъапIэри а жытIам щыщщ. Аллаху Тэгьалам ар ди зэманым хэтын хуейуэ къимыгъэуватэмэ, адрейм мазэхэр зэрекIуэкIым хуэдэу мы мазэри екIуэкIынут

Иджы, Аллаху Тэгьалам и Iущагъым гъунапкъэ щимыIэкIэ, фIыуэ къыдгурыIуэн хуейхэм ящыщ: Аллаху Тэгьалам ауэ сытми купщIэншэу зыри ди пщэм къызэрыдимылъхьэнур, зыгуэр къыдилъхьами ар Iущагъэ защIэу зэрызэхэлъынур. Аращи, нэщI дыщIисым и мыхьэнэр, нэщI дыщискIэ дызэгупысысын хуейхэр тщIэжу, къыдгурыIуэжу дыщытын хуейщ.

Псом япэ иту ди гум илъын хуейр мыращ: дэ дыщIэнэщIыр, ди ныбэри шхын щIыхуэдгъэныкъуэр ар Алыхьым унафэ къытщищIащи аращ, ар ди диным хэту добжри аращ, ар ди муслъымэнагъым щыщу къыдолъытэри аращ. “Уа зи фIэщ хъуахэ! НэщIыр къыфщхьэщатхащ” жызыIэ аятыр абы лъабжьэ хуохъу.

ЕтIуанэрауэ, дыщIэнэщIыр – ар Алыхьым фIыуэ илъагъу Iуэхугъуэхэм ящыщщи аращ. Хьэдис къудсийм къыхощ Алыхь Иным езым жиIэу: “НэщIыр сэ сысейщи (Сэ къысхуэгъэзащи), абы и псапэр цIыхум езытыжынур Сэращ“.

“Сысейщ (Сэ къысхуэгъэзащи)” жиIэу къыщыхигъэщкIэ ар фIэфIу, фIыуэ илъагъуу аращ. ЩIыфIэфIри, фIыуэ щIилъагъури, Тхьэшхуэм Езым нэхъ ещIэжри, ар гьибадэт щэхухэм ящыщщи аращ. ЦIыхур нэщIми мынэщIми зыщIэр езы Алыхь Закъуэращ. Абы ипкъ иткIи, и псапэр адрейхэм емыщхьу цIыхум къыретыж.

Ещанэрауэ, нэщIым теухуауэ дигу илъын хуейхэм ящыщщ: нэщIым дыкъихъумэну, гуэныхьхэм дащихъумэну Алыхьым къызэрыдитар. ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: “НэщIыр мэIу пэлъытэщи, нэщI ис цIыхум псалъэ фIей къыремыпсэлъ, и макъми зыремыгъэIэт. ЗыгуэркIэ езым зыгуэрым зыкъыпэщIисэмэ е къыфIэнэмэ, “сэ сынэщIщ, сэ нэщI сисщ” жыреIэ…”. (Бухъарий, Муслим).

ЕплIанэрауэ, нэщI исахэр, нэщIыр зыфIэфIу псэуахэр щIыхьэпIэ, дыхьэпIэ щхьэхуэкIэ Жэнэтым ирагъэхьэнущ, “Рэйян”-кIэ зэджэ бжэмкIэ ахэр дыхьэнущи, абы дыхущIэкъуу, абыкIэ Жэнэтым ихьэнухэм ящыщ дыхъуну дыщIэхъуэпсу ди нэщIыр тIыгъын хуейщ.

Етхуанэрауэ, нэщI дыщискIэ дызэгупсысын хуейхэм ящыщщ: пщэдей хуэдэм Аллаху Тэгьалам и пащхьэм дихьэжмэ НэщIыр шэфыгьэт къызэрытхуэхъужынур, дэр щхьэкIэ дауэуи къызэрыувыжынур.

ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: “НэщIымрэ КъурIэнымрэ Къемэт махуэм цIыхум шэфыхьэт къыхуэхъужынущ. НэщIыр къэпсэлъэнурэ жиIэнущ: Си Тхьэ, махуэм и кIуэцIкIэ сымыгъашхэу, зэхъуапсэми бгъэдэзмыгъэхьэу мыр сIыгъащи шэфыхьэт сыхуэгъэхъу. КъурIэнри къэпсэлъэнурэ жиIэнущ: Си Тхьэ, ЖэщкIэ сэ си хьэтыркIэ жейм зыхуигъэныкъуащи шэфыхьэт сыхуэгъэхъу. ИкIи я лъэIур Алыхьым къахуищIэнущ“. (Ахьмэд, ТIэбэраний).

Еханэрауэ, дигу ирелъ нэщI дыщисым и деж, нэщIымрэ гуфIэгъуэмрэ зэрызэпыщIар, нэщIымрэ насыпымрэ зэрызэпхар.

Сыт хуэдэ гуфIэгъуэ гугъуехь куэдыр зыпыщIа нэщIым къыхэкIынур?-, жиIэнкIэ хъунущ цIыхум. Ауэ, псом япэ иту къыхэгъэщыпхъэщ насып дыдэр гугъуехьым зэрепхар, гугъу емыхь цIыхум тыншыгъуэри зиIысыр зэримыщIэр.

ЦIыхур зыгуэрым еса нэужь ар зэхимыщIэжу, абы пщIэи хуимыщIыжу, мыхьэнэи иримытыжу мэхъу. Апхуэдэщ шхыным е шхэным я Iуэхур. Ауэ ди гум къыщилъадэм и деж Iэнэм дыпэрымылъадэу тIэкIу зытшыIэмэ, абы и фIыгъуэр къыдгурыIуэнущ, и фIыщIэри нэхъыбэу тщIынущ, шхынкIэ гугъу ехьхэми ягъэвыр зэхэтщIэнущ.

ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: “НэщI исым гуфIэгъуэ тIуащIэ къыратащ: зыр хэщхьэжыгъуэм и деж, адрейр и Тхьэм щыIущIэжам деж“. (Бухъарий, Муслим).

Махуэ псом цIыхум нэщI иIыгъыу ар икIэм зэрынигъэсыфам, шхын хуэныкъуэу и Iэпкълъэпкъ къагъэщIам шхын Iухуэжынуи Iэмал зэрихуам цIыхур щыгуфIыкIыну хуитщ, уеблэмэ, ар Iуэху дахэщ.

Ауэ, гуфIэгъуэм я нэхъ инри, я нэхъ ныкъусаныгъэншэри цIыхум къыщыпэплъэр Алыхь Иным и пащхьэм ихьэжу, и нэщIым къыпэкIуэ псапэр щилъагъужынум дежщи, ар зи насып хъун, зи нэщIри къабыл хъууэ абы щыгуфIыкIыжын дищI дэтхэнэ зыри!

АдэкIэ, цIыхум нэщI щиIыгъкIэ и кIуэцIыр нэщI мэхъури, абы къыхэкIыу и жьэ кIуэцIми зехъуэж. И жьэ кIуэцIым зыщIихъуэжыр и дзэр имыгъэкъэбзауэ аракъым, дзэр къабзэу сыт щыгъуи зэрихьэн хуейщ цIыхум, атIэ сыт хуэдизу имыгъэкъэбзами а и кIуэцIымкIэ къикIыр хуэгъэкIуэдынукъым.

Иджы ар къызыхэкIыр нэщIращи, ар Алыхьым фIэфIщ, уеблэмэ мискым къыпих мэм нэхърэ нэхъ гуапэу икIи нэхъ гуакIуэу щытщ Аллаху Тэгьалам и деж. Къыхощ ар хьэдис пэжым.

Къемэт махуэм муслъымэнхэр адрейхэм къахэщу, адрейхэм къахэлыдыкIыу нэщэнэ яIэнухэм щыщщ: я Iэпкълъэпкъым андез щтапIэхэр нуру къэлынду, я жьэ кIуэцIым мэм я нэхъ дахэр къыжьэдихыу цIыхухэм зэрахэтынур. Къыхощ а иужьрейр щIэныгъэлIхэм я псалъэхэм.

И сэбэп къыдигъэкI Алыхьым нобэ зэхэтхам! НэщIым хэлъ купщIэр къыхэзыхыфын, и фIыгъуэхэри къэзылэжьыфын Алыхьым дищI! Ди псапэхэр бэгъуауэ, ди гуэныхьхэри къытхуэгъуауэ, ди хьэлми нэхъыфIкIэ зихъуэжауэ нэщI мазэр изыхын Алыхьым дищI!