Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

21. И чэзу хъуакъэ муслъымэн дыдэ дыхъуну?!

10.06.2019
Еджауэ 596

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалар цIыхум къызэрыхуэупсэ нигьмэтхэм, фIыгъуэхэм я нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ: иманыр, фIэщхъуныгъэр фIэфIу ищIыныр, и гум ар щыхуигъэщIэрэщIэныр, пэжыр, фIыр, дахэр ипэ иригъэщыфу иригъэсэныр.

Абы и пхэнжуи, мыхъумыщIагъэр, зэраныгъэр, нэмэсыншагъэр, гуэныхьыр… игум фIэмыфIу, и гур абыхэм ябгъэдэмыхьу, игум ахэр имыдэу ищIыныр.

 ﴿ وَلَكِنَّ اللَّهَ حَبَّبَ إِلَيْكُمُ الْإِيمَانَ وَزَيَّنَهُ فِي قُلُوبِكُمْ وَكَرَّهَ إِلَيْكُمُ الْكُفْرَ وَالْفُسُوقَ وَالْعِصْيَانَ أُولَئِكَ هُمُ الرَّاشِدُونَ * فَضْلًا مِنَ اللَّهِ وَنِعْمَةً وَاللَّهُ عَلِيمٌ حَكِيمٌ ﴾

“… АрщхьэкIэ, фэ Алыхьым Iиманыр фIыуэ фигъэлъагъури, ар фигухэми щигъэдахащ; джаурыгъэр, бзаджагъэр, мыдаIуэныгъэр гущыкI фщищIащ. Апхуэдэхэр гъуэгу захуэ техьахэращ . Алыхьым и жумартыгъэрэ и гущIэгъукIэ. Алыхьыр псори зыщIэщ, Iущщ!”. (Iэл-Хьуджурат, 7,8).

Ар насыпышхуэкъэ: Тхьэшхуэ укъэзыгъэщIам узэредаIуэм гупсэхугъуэ къыхэпхыу упсэуныр, Абы и гъуэгу захуэм узэрытетыр уи гум IэфIу зэхищIэныр?!

Насыпышхуэкъэ: гуэныхькIэ зытезыгъэу щыIэмэ, уэ псапэкIэ зытебгъэууэ; и ныбэ из хъуа пэтрэ иджыри абы и щхьэм къытезылъхьэну хэт щыIэмэ, уэ уи ныбэ имызми нэхъ хуэныкъуэхэм зыгуэр яхуэбгъэкIуэтэфу, зыгуэркIэ защIэбгъэкъуэфу ущытыныр?!

Абы къикIращи, махуэ къэс, уеблэмэ, напIэзыпIэ къэс Алыхьым дызэригъэунэху Iуэхухэм напэ хужькIэ, напэ къабзэкIэ укъикIыу аращи, ар дунеягъэкIи насыпщ, ар АхърэткIи насыпщ.

А гъэунэхугъэм дыкъызэремылынур къыджиIащ Езы ДыкъэзыгъэщIам:

﴿ الم  * أَحَسِبَ النَّاسُ أَنْ يُتْرَكُوا أَنْ يَقُولُوا آمَنَّا وَهُمْ لَا يُفْتَنُونَ * وَلَقَدْ فَتَنَّا الَّذِينَ مِنْ قَبْلِهِمْ فَلَيَعْلَمَنَّ اللَّهُ الَّذِينَ صَدَقُوا وَلَيَعْلَمَنَّ الْكَاذِبِينَ ﴾

Iэлиф, лаам, миим. ЦIыхухэм ягугъэ «Iиман къэтхьащ», — жаIэмэ, ахэр дымыгъэунэхуу къэдгъэнэну? Дэ абыхэм япэкIэ щыIахэр дгъэунэхуащ; Алыхьым наIуэ къищIынущ пэжагъ зыхэлъхэри, пцIыупсхэри. (Iэл-Гьэнкэбут, 1-3).

Фитнэхэм я купщIэр къызыгурыIуауэ зи гугъу тщIа насыпыфIэхэр тетщ иужь дыдэу ДыкъэзыгъэщIам къытхуигъэкIуэжа Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم жиIам: “Жэщ кIыфIым къыхэха Iыхьэхэм ещхь фитнэхэм япэ фищи IуэхуфIхэр влэжь, абыхэм фахуепIэщIэкI! ЦIыхур муIмину нэху къекIыурэ, джаур хъуауэ жэщ къытехъуэнущ; муIмину жэщ къытехъуэурэ, джаур хъуауэ нэху къытещхьэнущ: дунеягъэм щыщ мыхьэнэншэ гуэркIэ и диныр ищэжу!“. (Муслим).

А псалъэхэр къызыбгъэдэкIа цIыху лъапIэм жиIэр ди фIэщ хъур пэжмэ, зы напIэзыпIэкIи дыбэлэрыгъ хъунукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зэикI хуэмыдэжу цIыхум и диныр IэщIэзыгъэхун щхьэусыгъуэхэр куэд хъуащ, ар цIыхум илъагъу гуэру ирехъу е зэхих гуэру ирехъу.

Куэд хъуащ шубхьэтхэмрэ, шэхьуэтхэмрэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, уи диным шэч къытозыгъэхьэфынумрэ, уи нэфсым упэмылъэщыжу гуэныхь къозыгъэхьынумрэ.

Арамэ, зыхъумэжын хуейщ, зыхуэсакъыжыни хуейщ: ди щIэныгъэм хэдгъахъуэурэ, ди тхьэшынагъэм делэжьурэ, мыхъумыщIагъэ щыжаIэ е щалэжь щIыпIэхэм жыжьэу дакъыпекIуэкIыурэ, зыгуэркIэ дыщыуамэ, дылъэпэрэпамэ, икIэщIыпIэкIэ зыкъэтщIэжрэ тобэ къэтхьыжурэ.

Мис апхуэдэ бгъэдыхьэкIэ, апхуэдэ гупсысэкIэ зимыIэу: мыкIуатэу къикIуэтыжхэр,  хэзымыгъахъуэу хэзыгъэщIхэр, хэт и зыщIыкIэми зыдэзыщIхэр, хэт и пшынэми къыдэфэхэр зэгупсысыжын хуейщ, гупсысэну Iэмал щыIэхукIэ.

ДыкъэзыгъэщIар тщIэжу, дыкъызыхуагъэщIар тщымыгъупщэжу, ди щхьэр къэдмыгъэпцIэжу дыпсэуну и чэзу хъуащ! ЖеIэ дыкъэзыгъэщIам:

﴿ أَلَمْ يَأْنِ لِلَّذِينَ آمَنُوا أَنْ تَخْشَعَ قُلُوبُهُمْ لِذِكْرِ اللَّهِ وَمَا نَزَلَ مِنَ الْحَقِّ …﴾

И чэзу хъуакъэ Iиман къэзыхьахэм я гур щабэ хъуну, Алыхьым и цIэмрэ Абы къригъэха пэжымрэ щызэхахкIэ?…”.(Iэл-Хьэдид, I6).

ГуэныхькIэ езыгъэлей цIыхум и гум зыгуэр тыримыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым, абы тырищIам Алыхьым и деж къикI нурымрэ, къабзагъымрэ къызэтримыгъэувыIэу къэнэнукъым, абы иужькIэ КъурIэным и IэфIагъри, абы и купщIэри нэгъэсауэ къыгурымыIуэжу зэрыхъунуми шэч хэлъкъым.

Зыми щIигугъэн щыIэкъым гуэныхьыр, ар сыт хуэдэ гуэныхьуи щырет, ауэ сытми тыншу блэкIыу, абы и Iэужь гуэр е и лъэужь гуэр къызэримынэкIыу, абы зы фIыцIагъэ гуэр ди гум къытримынэу.

ЦIыхур зэплъ мыхъунум хуеплъэкIамэ, зэдаIуэ мыхъунум и гур хузэIуихамэ, къыфIэмыIуэхущурэ зыгуэрым и “лым едзэкъамэ”, зыгуэр ауан ищIамэ, пагэныгъэм щыщ гуэр зэхищIамэ, и закъуэ хъужа нэужь зыкъызэкъуихамэ…. Ахэр дэ тщыгъупщэж щхьэкIэ кIуэдыжкъым, дыбэлэрыгъмэ уеблэмэ дытекIуэдэжынкIи хъунущ.

Алыхьым гущIэгъу къытхуищI дэтхэнэ зыми: ди дин Iуэху теухуауи, ди дуней Iуэху теухуауи! ДыкъыщIагъэщIар тщымыгъупщэжу, абы дыхуэпэжу Алыхьым дигъэпсэу!