Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

19. Зыхуэзгъэгусэнщи зыкъезгъэщIэжынщ….

10.06.2019
Еджауэ 615

ФIыщIэ Аллаху Тэгьалам худощI, щытхъуи къыхудохь, ди Iуэхур къыддиIыгъыну, ди гуэныхьхэри къытхуигъэгъуну, ди щхьэми и зэран къыдимыгъэкIыжыну, ди IуэхущIафэми я Iейм дыщихъумэжыну долъэIу.

Алыхьым иузэщIаращ узэщIа хъужри, ар езы Алыхьым имыгъэгъуащэмэ зыгъэгъуэщэн щыIэкъым; Алыхьым игъэгъуэщаращ гъуэща хъужри, ар езы Алыхьым имыузэщIыжмэ зыузэщIыфын зыри щыIэкъым.

Щыхьэт дытохъуэ Алыхьым и закъуэныгъэм, хупщылIыныгъэ теухуауэ Абы Iыхьэгъу зэримыIэм. Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, иужь дыдэуи лIыкIуэу къызэрытхуагъэкIуэжам, бегъымбархэм псоми я кIэух зэрыхъуам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам дыкъигъэщIу дэ езым тхуэдэж цIыхухэм гъусэ дащыхуищIыжакIэ, цIыхур цIыхум игъусэным, цIыхур цIыхум яхэтыным фIэкIыпIэ имыIэу аращ. ФIэкIыпIэ зимыIэм декIуэкIыкIэ умыщIэнри насыпыншагъэ дыдэщ.

Ауэ апхуэдэу дыбгъэдэмыхьэми, Iуэхури Iэмалыншагъэм къыхэмыкIми, дэ муслъымэнхэм зэхущытыкIэ гуэр ди зэхуакум дэлъын хуейуэ, дэ псоми абыкIэ щапхъэ дахуэхъун хуейуэ, дэ псоми япэ дитын хуейуэ щытщ.

Диныр езыр хьэл-щэн защIэкIэ зэхэлъщ. Уи хьэл-щэным зы фIы гуэр къыхыхьэхукIэ, зы Iей гуэри хэкIыхукIэ — уи диныр нэхъ ирикъуа, нэхъ нэгъэса хъууэ аращ. Апхуэдэу нэхъ хъухукIи Алыхьым нэхъ гъунэгъу ухуэхъуу аращ.

Алыхьым фIэфIращ езы Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم фIэфIри, абы ипкъ иткIэ жиIащ: “Фэ фщыщу сэ нэхъыфI дыдэу слъагъуу къыфхэтри, Къемэт махуэм нэхъ гъунэгъу дыдэуи къызбгъэдэсынур – зи хьэлкIэ нэхъ дахэу къыфхэтхэращ!“. (Тирмизий).

Хьэл дахэуи щыIэм я нэхъыфI дыдэхэм ящыщу къыщIэкIынщ – цIыхум Iей уигу къыхуэмыкIыу, IейкIи уигу къэмыкIыу ущытыфыныр, цIыхум жиIамрэ, цIыхум ищIамрэ Iэмал зэриIэкIэ нэхъыфIым хуэпхьыфу упсэуныр.

Нобэ мы цIыху цIыкIум я зэхущытыкIэр мыпхуэдизу щыхупIэм щIыхуэкIуахэм ящыщ зыщ иджыпсту зи гугъу тщIыр.

Псалъэ фIейм уи тхьэкIумэр хузэIупхмэ, гур фIей абы ещI. Гум фIей илъыр бзэгум къыдрехьей. Бзэгум фIей жиIэмэ, зэхущытыкIэр Iей мэхъу.

Аращ Алыхь Иным щIыжиIэри:

﴿ وَقُلْ لِعِبَادِي يَقُولُوا الَّتِي هِيَ أَحْسَنُ إِنَّ الشَّيْطَانَ يَنْزَغُ بَيْنَهُمْ إِنَّ الشَّيْطَانَ كَانَ لِلْإِنْسَانِ عَدُوًّا مُبِينًا ﴾

ЯжеIэ Си пщылIхэм, щыпса­лъэкIэ, нэхъыфIыр жаIэну; шейтIаным ахэр зэщегъэхьэ, шейтIаныр гъэнэхуауэ цIыхум и бийщ. (Iэл-IисраI, 53).

Псалъэ фIейм зэхущытыкIэ Iейм ухуешэ. Абы ипкъ иткIэ зэIыхьлыхэр зыщоIей, динкIэ зэкъуэшхэр зобий, цIыхур зыр зым хузэгуэпу, хукIэщIэплъу, зыр джалэм адрейр гуфIэу зэхэту мэхъу.

ГущIэгъур и лъабжьэу дызэхэтыным ипIэкIэ, гущIэгъуншагъэм тещIыхьауэ дызэхэту дохъу, дызэхуэзэрэ сэлам зэтхмэ, ди гупэр зыр зым хуэплъэми, дигухэр зыр зым къыхуэплъу, нэгъуэщIыпIэкIэ плъэуэ дохъу!

ЦIыху муслъымэным, адэкIэ цIыху губзыгъэм цIыхухэм фIыуэ закъригъэлъэгъуну, ягу зыщимыгъэкIыну хэтщ, ауэ дэ куэд къытхэтщ, зыгуэр фIэгъэнапIэ ищIу цIыхум зэрыщыхьэн Iэмал къэзылъыхъуэ. Ар акъыл?! Ар дин?!

БлэкIт е блэжти сэлам къызихакъым! — жиIэнщи цIыхум ебиин щIидзэнщ. Ауэ сэлам къыщIыуимыхар Iэмал имыIэу Iейм щхьэ хуэпхьын хуей?

Укъимылъэгъуауэ щытыфынукъэ? Е и нэр къыптехуа пэтрэ и гур уи дежкIэ къэмыплъамэ, цIыхум укъимылъагъуу блэкIыфынукъэ? Е зы гупсысэ гуэрым хэту гу къыплъимытауэ щытыфынукъэ?! Уеблэмэ, абы фIэIэбыкIыжи, уа сыту пIэрэ си къуэшым къыщыщIар, зыгуэркIэ сэбэп сыхуэхъуфыну пIэрэ жыпIэ щхьэ мыхъурэ?!

Iуэху иIэти сыриджакъым, — жиIэнщи адрейм зигъэгусэнщ. Ауэ ущIрамыджам щхьэусыгъуэ тэмэм гуэр иIэфыну?

Уэр щхьэкIэ гузавэу, гугъу урамыгъэхьыну, уи Iуэху къамыгъэнэну, уи мылъкум хамыгъэщIыну щытынкIэ хъунукъэ?

Е абдежым къырихьэлIэнухэм уэ уахэмызэгъэну е пфIэфI мыхъуну зэрыщытым папщIэ уи гугъу къамыщIауэ щытыфынукъэ? Е уащыгъупщэпауи щIы, “сэ схуэдэ ящыгъупщэрэ?!”-, жыпIэну ухуэмеймэ, цIыхум щыгъупщэн хьэлыр зэриIэр уэри зыщомыгъэгъупщэ!

Абы и пхэнжу, — сыкъеджати къэкIуакъым,- жиIэнщи адрейм зигъэгусэнщ, къыщIэмыкIуам и пэжыпIэр зэхимыгъэкIыу, щхьэусыгъуэ иIэнкIэ хъунури къимыщIэу, а езым зыдриджам нэхърэ нэхъапэжу зы Iуэхушхуэ гуэр цIыхум къыхукъуэкIынкIэ зэрыхъунум емыгупсысу.

АдэкIэ, — телефоныр згъэджати къытрихакъым, — жаIэрэ, езыхэм щахущIыхьэм и деж зыхуащIами занщIэу хущIыхьэн хуейуэ зыгъэув цIыху щыIэщ. Уэ Iуэху уиIэти хуэпщIащ, иджы а зыхуэпщIам “мыбы Iуэху иIэу къищIыну пIэрэ?”-жиIэу щысын хуейуэ щхьэ бгъэуврэ? Уэ уи щIыгъуэм е телефоныр IэщIэмылъу, е нэмэзым тету, е гузэвэгъуэ гуэрым хэту щытыфынукъэ цIыхур? Уи щхьэ цIыхур щхьэ йомылъытрэ?

ЦIыхум зыхуэзгъэгусэнщи зыкъезгъэщIэжынщ, — жыпIэурэ, цIыхур пфIэкIуэдыпэнкIэ хъунущ. Абы нэхърэ уи гум Iей гуэр къэкIамэ, Iуэхури фIым хуэпхьыну къару уимыIэж хъуамэ, убгъэдэтIысхьэрэ Iуэхур зытетыр езы дыдэм жебгъэIэмэ, цIыху хуэдэу узэпсалъэмэ сыт пфIэкIуэдыр? Абы иужькIэ, цIыхур къыпхуеймэ езым укъилъыхъуэнущ, къыпхуэмеймэ залмыгъэ илъкъым, дунейр инщ, Алыхьым и хъейрыр куэдщ.

Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! Нобэ иужькIи ди зэхущытыкIэр нэхъыфI тхуищIыну, гъуэгу махуэ тригъэхьэну, ди зэхуакум шейтIаныр къыдимыгъэхьэну долъэIу ди Тхьэшхуэу-Алыхьышхуэм!