Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

16. Зыдгъэпсэхуну дыдэкIмэ

10.06.2019
Еджауэ 519

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам къигъэщIахэм IущыгъэкIэ мыгъэнщIа зыри яхэткъым, ар къызыгурыIуэм къыгуроIуэ, къызыгурымыIуэм къыгурыIуэкъым, ауэ псоми къагурыIуэу икIи псоми я гум дыхьэу щытхэм ящыщщ – иджыпсту гъэм щыщу дызыхэт гъатхэ лъэхъэнэр, ихъуреягъыр къыщыгъагъэу псори зыгъэгуфIэр.

ЖеIэ Алыхь Иным иджыпсту дызэрыт лъэхъэнэм теухуауэ:

Плъагъурэ Алыхьым и гущIэгъум {уэшхым} къырикIуар: псэ зыхэмытыж щIыр къигъэпсэужащ! Ещхьыркъабзэу Абы лIахэри къигъэхъужынущ, Абы сытри хузэфIокI!“. (Iэр-Рум, 50).

Иджыпсту хуэдэ зэманхэм деж щегъэжьауэ цIыхухэм хабзэ яхуэхъуауэ: я нэгу зырагъэужьыну, загъэпсэхуну, я гум жьы дырагъэхуну докIхэри, хэт щIыпIэ жыжьэхэм макIуэ, хэт нэхъ гъунэгъуу къызэтоувыIэ.

Апхуэдэу удэкIыныр езыр къапщтэмэ гуэныхьу, диным имыгъэдурысу щыткъым, атIэ уеблэмэ, абы диным укъыхуриджэу жыпIэ хъунущ, псом хуэмыдэу апхуэдэ дэкIыкIэр фIым, хъейрым цIыхум къыхуигъэсэбэпу щытмэ.

ФIыкIэ, хъейркIэ ар къызэрыбгъэсэбэпынури: Аллаху Тэгьалам къигъэщIам и дахагъэм уеплърэ абы уи фIэщхъуныгъэр хигъахъуэу, уи зыгъэпсэхуныгъэр адэкIэ къыппэщылъ лэжьыгъэм къыхуэбгъэсэбэпу уи гъащIэр пхьыуэрэщ.

Муслъымэным и псэукIэм лъабжьэ хуэхъур икIи нэхъыбэу ар зэрызэхэлъыр: жыджэру и Iуэхум пэрытынращ, и фIэщуи и Ахърэтым зыхуигъэхьэзырынращ, ауэ ахэр къехъулIэн папщIэ, тIэкIу жьыдэхупIэ гуэр иIэн хуейщ, адэкIэ къыпэщылъ гъуэгуанэм ар гъуэмылэ хуэхъуу.

Муслъымэн къызэрыгуэкIыр къэгъэнауэ, езы Бегъымбар дыдэр صلى الله عليه وسلم Мэдинэ къалэм дэкIыу, цIыхухэм яхэкIрэ и закъуэ зищIыжу щытауэ къыхощыж хьэдис пэжым. (Имам Ахьмэд къиIуэтэжащ).

ХьэнжьэлэкIэ еджэу зы щэхьабий лъапIэ رضي الله عنه Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم зыхуигъазэри: — Я, рэсулэл-Лах, Хьэнжьэлэ мунафикъыгъэ илэжьащ, — жиIащ. – “Ар сыт къызыхэпхар?”-, жиIэу ЛIыкIуэ лъапIэр абы къыщеупщIым, жиIащ: — Я, рэсулэл-Лах, уэ дыщыббгъэдэсым деж Жэхьэнэмэмрэ, Жэнэтымрэ я гугъу къытхубощIри, ахэр ди нэгум щIэтым хуэдэу дыщысщ (абыхэм догупсысри), ауэ уэ уи деж дыщIокIыжри, ди щхьэгъусэхэм, ди бынхэм дахохьэж, ди Iуэхум дыпорэхьэжри куэдыр тщогъупщэж (нэгъуэщI дохъуж).

Хьэнжьэлэ ар щыжиIэм, къыжриIащ абы Алыхьым и лIыкIуэм صلى الله عليه وسلم: “Мы си псэр зыIэщIэлъым и цIэкIэ соIуэри, сэ фыкъыщызбгъэдэсым и деж фызырэщытым хуэдэу сыт щыгъуи фыщытыфатэмэ, гъуэгущхьэм фыздытетым, фи лэгъунэхэми фыздыщIэсым мелыIычхэр къывбгъэдыхьэурэ сэлам къывахынут, арщхьэкIэ (апхуэдэу сыт щыгъуи фыщытыфынукъым) Хьэнжьэлэ, атIэ зэм апхуэдэу, зэм модрейм хуэдэу уи гъащIэр епхьэкIыну аращ“. (Муслим).

Аращи, муслъымэныр шэщIауэ, зыгъэпсэхупIи имыIэу Iуэхум пэрытыфынукъым, атIэ къыщыпэрыкIыни къыхуихуэнущ, ауэ къыпэрыкIми зыхыхьэнур хьэрэм зыхэлъ Iуэхугъуэкъым, атIэ е хьэлэлу е мустэхьэббу щыт Iуэхугъуэ гуэрщ.

Муслъымэныр дэнэ мыкIуами, сыт хуэдизу жыжьэ IумыкIами Аллаху Тэгьалам и лъабжьэм щIэкIыу, Абы къигъэщIам икIыу зы щIыпIи кIуэфынукъым. Мис ар фIы дыдэу къыгуроIуэж муслъымэнми, дэнэ щымыIами и муслъымэнагъым хуэпэжу абы иригушхуэжу и гъащIэр ехь.

КъинэмыщIауи, муслъымэныр гъуэгуанэ теувэмэ и нэмэз щIыкIэм, и нэщI IыгъыкIэм, адэкIэ лъэпэдым мэсхь зэрыхуащIым, нэгъуэщIхэми захъуэжри, ахэм ящыгъуазэу, абыхэм яхищIыкIыу щытын хуейщ.

АдэкIэ, муслъымэныр псоми я щапхъэу, щапхъэм я нэхъ дахэри къигъэлъагъуэу щытын хуейщи, дэтхэнэ зыри дызыхуэсакъын хуейхэм ящыщщ: къабзагъэр.

ЦIыхухэр зы щIыпIэ деж щепсыхыну мурад ящIмэ, тIысыпIэм я нэхъ дахэмрэ, я нэхъ къабзэмрэ псоми къалъыхъуэ, ауэ я Iуэхур зэфIэкIыу къэтэджыжын хуей хъумэ а щIыпIэр къабзэу икIи дахэу къэгъэнэн зэрыхуейр куэдым ящогъупщэ, я щхьэ хуагъэфэщар нэгъуэщIым хуагъэфэщэну куэдыр егупсыскъым. Къабзэр щыпфIэфIкIэ, къабзэу щыт!  

Пэжым дыхуеймэ мыр Iуэху джэгукъым, атIэ уеблэмэ, Аллаху Тэгьалам и нэлатыр къызыхэкIынкIэ хъун Iуэхугъуэу щытщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хьэдис пэжхэм къыхощ цIыхухэм я зыгъэпсэхупIэм е жьауэ ящIу къагъэсэбэп жыг лъабжьэ хуэдэхэм фIей къыщIэзынэм Алыхьым и губжьыр къыхэкIыу.

Абы къинэмыщIауэ, цIыхур гъуэгу щытехьэм и деж, е къигъэзэжауэ къыщыкIуэжым и деж, е зыдэкIуам нэсрэ етIысэхын хуей щыхъуам деж дугьэ хэхахэр Суннэм къыщокIуэри, ахэр муслъымэным зэригъэщIапхъэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы пыщIэжащ цIыхум и Iуэхур къехъулIэнуми, зыгуэрым и зэран къекIынуми.

Ахэри, нэгъуэщI куэди щыIэщ гъуэгуанэм ехьэлIауи, ахэр зэгъэщIапхъэщ икIи зыхэлъхьапхъэщ. Алыхьым ахэр зэхъулIэн дищI, фIыгъуэри зэуэлIэн дищI!