Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

12. Зи гур мэжджытым епхауэ псэухэр!

10.06.2019
Еджауэ 544

Муслъымэн жэмыхьэт! Иман зыбгъэдэлъ цIыхум гупсысэу, гукъеуэу нэхъыбэ дыдэу иIэр, дунеягъэкIэ Аллаху Тэгьалам и арэзыныгъэр къилэжьу, Къемэт Махуэм абы щыгуфIыкIыжынращ.

Абы ипкъ иткIэ, Алыхьым и арэзыныгъэр къызыхэкIыну Iэмалхэр къилъыхъуэу, Абы и губжьыр къэзышэнухэм защидзейуэ и гъащIэр ехь.

Нобэ, Алыхьым къыддиIыгъмэ, абыхэм ящыщ зым игугъу тщIынщ, Къемэт махуэшхуэу, гузэвэгъуэшхуэ щыщыIэнум цIыхум сэбэп къыхуэхъужын гуэр дигу къэдгъэкIыжынщ.

ЖеIэ ди Бегъымбар лъапIэу, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэным, صلى الله عليه وسلم: «ЦIыхухэм ящыщу лIэужьыгъуибл Алыхьым и жьауэм фIэкIа щыщымыIэну махуэм (Къемэт махуэм) и жьауэм щIигъэувэнущ». Апхуэдэу къырегъажьэри, абыхэм яхебжэ: мэжджытым зи гур епхауэ псэу цIыхур, абы къыщIэкIыжмэ зэригъэзэжынум егупсысу зи гъащIэр зыхьыр.

Епхащ апхуэдэм и гур мэжджытым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мэжджытыр Алыхьым и унэщ; мэжджытыр нэмэз щIыпIэщ, мэжджытыр КъурIэн еджапIэщ, мэжджытыр зикр жыIыпIэщ, мэжджытыр гу гъэтIылъыпIэщ.

АпхуэдизкIэ епхащ абы и гур мэжджытми, зы нэмэзыр щищIамэ, адрей нэмэзым и уахътыр къэсу дапщэщу пIэрэ сыщыкIуэнур мэжджытым жиIэу мэпсэу.

Мэпсэу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мэжджытращ абы зыщигъэпсэхур, мэжджытращ и насыпыр зэпхар, мэжджытращ гъащIэ дыдэ къыщекIуэкIыу ибжыр.

Ар фIыуэ игум хыхьащи, мэжджытыр Рэмэдан мазэм деж фIэкIа зигу къэмыкIыжхэм ящыщкъым, атIэ илъэс хъурейр нэщI мазэ пэлъытэу ирехьэкI.

Ауэ апхуэдэу щымыт цIыхур нэщI мазэм къихьэмэ мэжджытыр зэрыщыIэр игу къокIыж, зэрикIыу мэжджытым кIуэ гъуэгур щогъупщэж, щитым и дежи «зэ икIыу хуит сыхъужарэт жиIэу» ирехьэкI.

Апхуэдэ дыдэщ, мэжджытым кIуэ гъуэгур джумгьэ махуэм деж фIэкIа зигу къэмыкIыжыр. Джумгьэр зэрызэфIэкIыу мэжджытым и бжэр зыдэгъэзар щогъупщэж, уеблэмэ, тхьэмахуэм зэ фIэкIа къыщIэмыхьэ пэтрэ, «хъутIбэр сыту кIыхь, цIыхур сыту Iув» жиIэу ныкъуакъуэу щIэсщ.

Сыту зэмыщхьрэ мэжджытыр зыгъэпсэхупIэу зиIэмрэ, шхапIэхэм  къыщIэнэжауэ псэу цIыхумрэ; мэжджытым щIэсу азэн къэзыгъаджэмрэ, шхапIэ гуэрхэм щIэсу нэмэзыр зыгъэгувэмрэ.

МуIмин пэжыр мэжджытым щыщIэсым деж апхуэдизкIэ гупсэхъугъуэ егъуэтри, псым хэс бзэжьейм хуэдэщ, ауэ мэжджытым фIыгъуэу епхар къызыгурымыIуар мэжджытым щыщIэсым деж хьэпсым ису къыщохъу, зэрыщIэкIыжынум фIэкIа нэгъуэщIым емыгупсысу.

Дэтхэнэ зыри дызэвгъэгупсысыж мы щапхъэм теухуауэ. Нэмэзыр зэрызэфIэкIыу, щхьэусыгъуэ диIэми, димыIэми дыкъыщылъэту мэжджытым дыщIэжыжу ди хабзэмэ, дэ дызэгупсысыжын хуейщ.

Абы къыкIэрыхукъым, нэмэзыр зэрызэфIэкIыу занщIэу зи телефоным епхъуэ цIыхур. Мыдэ мафIэсыр щагъэункIыфI лэжьапIэм Iут нэхъей, мафIэр къыщIэнауэ нэмэзыр зэрызэфIэкIыу телефоным бгъэдэлъадэ щыIэщ, нэмэз сщIыхукIэ зыгуэрым сыхэкIыжамэ жиIэу. 

ЩIэныгъэлIхэм жаIэ, цIыхум и нэмэзыр къабыл зэрыхъуам и нэщэнэхэм ящыщщ: сэлам зэрихыу занщIэу къыщылъэту и Iуэхум яужь имыхьэжыныр, атIэ тIэкIу къызэтеувыIэу зикр жиIэу, дугьэ ищIу щысыжыныр.

Муслъымэн жэмыхьэт! «Гуэныхьхэр Алыхьым щIигъэгъур, пщIэхэр лъагэу щIиIэтыр вжесIэн?-, жеIэри закъыхуегъазэ عليه الصلاة والسلام-ым щэхьабэхэми, модрейхэми я нэр абы къызэрыхуикIыр къагъэлъагъуэ. «Щыгугъу зэманхэм деж андез къэфщтэныр, мэжджытхэм фекIуалIэурэ лъэбакъуэ куэд фчыныр, зы нэмэзыр зэфIэкIмэ адрей нэмэзым фыпэплъэныр, мис аращ рибатIыр, мис аращ рибатIыр (муслъымэнхэм я гъунапкъэм хъумакIуэу уIуытыныр)», — къажреIэ абыхэм صلى الله عليه وسلم.

Мэжджытым укIуэну унэм укъыщIэкIамэ, мелыIычхэр, уэр фIэкIа Iуэху ямыIэу, зы лъэбакъуэ къэс зы псапэ пхуатхыу, зы гуэныхьу пхуалъэщIу, уигъусэщ. Ари фIыгъуэшхуэу къыхощ хьэдисым.

Абы нэмыщIу мыри къыджеIэ ди ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم «КIыфIым хэту мэжджытым кIуэхэр вгъэгуфIэ Къемэт махуэм нур ирикъуакIэ къазэрыхуэупсэнымкIэ!». (Абу Дауд). Нэхъыбэу ар зытеухуар пщэдджыжь нэмэзымрэ жасымрэщ.

Къемэт махуэшхуэм гузэвэгъуэр тщхьэщахыну дыхуеймэ, бегъымбархэмрэ, цIыхуфIхэмрэ гъусэ дахуэхъужыну дыхуеймэ, ар къыдэзыгъэхъулIэну Iэмалхэм ящыщ зыщ мы нобэ зи гугъу тщIари, мыбы дыхуэвгъэсакъ.

Мыри жытIэжыну дыхуейщ: цIыхум и гур мэжджытым епхауэ щытмэ, абы къикIкъым абы зэрыпсэун Iуэху зэримыхуэу, и унагъуэр цIыхум ехъуапсэу къызэхинауэ езыр мэжджытым щIэтIысхьэжауэ щIэсу.

Аракъым абы къикIыр, атIэ, мэжджытым и хьэкъыр зыщIэм и унагъуэм и хьэкъри ищIэнущ, зы лъэныкъуэкIэ Алыхьыр арэзы ищIу нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ Алыхьыр къигъэгубжьынукъым. Мэжджытри лэжьыгъэри цIыхум хуеймэ хуздэхьыфынущ, лэжьыгъэмрэ хьэулеинымрэ куэдым зэрызэдахьыфым хуэдэу.

Нобэ зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI, жытIам теухуауэ тхузэфIэмыкIар Алыхьым къытхуигъэгъу, тхузэфIэкIар Алыхьым тхуигъэбагъуэ, Къемэт махуэшхуэм Алыхьым и жьауэм щIэтыныр насып псоми Алыхьым тхуищI!