Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

10. ЖытIэмрэ, тщIэмрэ

10.06.2019
Еджауэ 714

ФIыщIэ Алыхьым худощI, дин лъапIэмкIэ къытхуэупсам, ди гур абы къыхузэIузыхам. Алыхьым ар къытхуимыщIамэ къытхуэзыщIэн зыри щыIэтэкъым, Алыхьым ар ттрихыжми, къыдэзытыжыфын дгъуэтынукъым.

Щыхьэт дытохъуэ Аллаху Тэгьалам и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауэ Iыхьэгъу зэримыIэм.

Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, иужь дыдэуи лIыкIуэу къызэригъэкIуэжам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы диныр Алыхьым къыщыдитакIэ, дэри тфIэфIу ар къыщыхэтхакIэ, мыбыкIэ дыкъелыну ди фIэщ щыхъуакIэ, адэкIэ ди щхьэри къэдмыгъэпцIэжу, нэгъуэщIхэри къэдмыгъапцIэу, ди фIэщу гъуэгу хэтшам дырикIуэн хуейуэ аращ.

Аллаху Тэгьалам зэрыжиIам хуэдэу:

﴿ إِنَّ الَّذِينَ قَالُوا رَبُّنَا اللَّهُ ثُمَّ اسْتَقَامُوا تَتَنَزَّلُ عَلَيْهِمُ الْمَلَائِكَةُ أَلَّا تَخَافُوا وَلَا تَحْزَنُوا وَأَبْشِرُوا بِالْجَنَّةِ الَّتِي كُنْتُمْ تُوعَدُونَ ﴾

«Ди Тхьэр — Алыхьращ»,- жызыIэу, абы иужькIэ гъуэгу захуэм тетахэм (псэхэкIыгъуэр къыщыблэгъам деж) мелыIычхэр къахуэкIуэнурэ: «Фымышынэ икIи фымынэщхъей, Жэнэт фыкъызэрагъэгугъами фыщыгуфIыкI!» — [къыжраIэ­нущ]». (Фущщилэт, 30).

Насып Алыхьым тхуищI ар дэтхэнэ зыми!

«Ди Тхьэр — Алыхьращ», — жаIэу къагъэнэжакъым абыхэм, атIэ я гум илъри, я бзэгум жиIэри, я Iэпкълъэпкъым илэжьри зэтехуэу икIи зэдекъуу псэуахэщ, я псэукIам хуэфэщэжу я дуней ехыжыкIэри дахэ хъуащ, Ахърэтым дежи нэхъ дахэж хъунущ абыхэм я Iуэхур.

Аятым, «гъуэгу захуэм тетахэр», жыхуиIэм теухуауэ, жеIэ а гъуэгум нэхъ зи фIэщ дыдэу тетахэм ящыщ зым, Гьумэр ибн Iэл-ХъэтIтIаб, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным: «Гъуэгум захуэу утетын жыхуаIэр: бажэм ещхьу зыщIэбдзу, зэм моткIэ зыбдзу зэм мыткIэ зыкъэбдзу ущымыту, унафэм быдэу утетын, ямыдам пэIэщIэ зыхуэпщIынращ».

Ар зэрымытыншым къыхэкIкIэ, Iэл-Хьэсэн Iэл-Бэщрий, رحمه الله, мыр и псэлъафэт: «Я, Алыхьу ди Тхьэ, гъуэгу захуэм тетыныр псынщIэ тщыщI!».  Узэридитхьэр жытIащ, иджы адэкIэ къыкIэлъыкIуэр къыддэIыгъ, жыхуиIэт.

Муслъымэн жэмыхьэт! ЖыпIэнымрэ, а жыпIам утетыжынымрэ зэгъусэу мыбдежым Тхьэшхуэм къыщIыхигъэщыр, жиIам темытыж куэд зэрыщыIэращ, псалъэ дахэм екIуж Iуэху дахэ куэдым ядэплъэгъужу зэрыщымытращ.

ЦIыхухэм я дин зехьэкIэм ухэплъэмэ лIэужьигъуищу еугуэш: дахэу езыгъажьэу, дахэу езыхьэкIыу, дахэу икIэм нэзыгъэс; дахэу езыгъажьэу, хыфIэзыдзэжу, икIэм нэзымыгъэс; дахэу езыгъажьэу, джалэм къэтэджыжурэ, щIэпхъуэм къэувыIэжурэ икIэм зыгуэрурэ нэзыхьэс.

Нобэ нэхъыбэу утыкум илъыр мы иужьрей дин зехьэкIэ зэмыфэгъуращ: хэт и гьэкъидэ IуэхукIэ йощIэкъуауэ, хэт и фикъх Iуэхур пхэнжу зэхэлъщ, хэт и хьэлщэныр зэблэшащ.

И гьэкъидэри къабзэу, и фикъх Iуэхури захуэу, и хьэлщэнри зэтету цIыху къэгъуэтыгъуейщ. Ари ди насыпыншагъэм щыщщ.

И гьэкъидэкIэ дэбгъуэн хэлъкъым, зыхужыпIэ цIыхум, и фикъх Iуэхухэр зэрызэфIихым уеплъмэ — щIэныгъэлIышхуэу ди япэ ита имамышхуэхэм я еплъыкIэр зыми химыбжэу, езым зы лъагъуэ гуэр хишауэ дыболъагъу.

А лъэныкъуэр къыгурыIуа хуэдэщ, зыхужыпIэм, и гьэкъидэ Iуэхур ди япэ ита имамышхуэхэм жаIам темыхуэу, атIэ иужькIэ къэунэхуа гуэрхэм я акъылкIэ зытраухуа еплъыкIэ гуэрхэм зыкIэрищIэу болъагъу.

Гьэкъидэри, фикъхри дагъуэншэу къыгурыIуащ, зыхужыпIэм, нэгъуэщI насыпыншагъэ гуэр и Iуэхум хэлъу къыщIокI. И хьэлыр зэблэшащ, псэлъэкIи ищIэкъыми — цIыхухэр къыщыщтэу, и щIэныгъэри къамыщтэу мэхъу.

ЦIыху къызэрыгуэкIхэм уи щIэныгъэм и пэжагъыр зытращIыхьыр уи хьэлщэным и дахагъращ. Зи хьэлыр дахэм жиIэу хъуари, ищIэу хъуари захуэу цIыхухэм къащохъу, зи хьэлыр Iушэм и щIэныгъэри Iушэу къафIощI.

Апхуэдэу Iуэхур щыщыткIэ, Аллаху Тэгьалам и деж щытхьыжыну жэуапым дэтхэнэ зыри девгъэгупсыс, дэ ди щхьэ и закъуэ мыхъуу, дэ къыддэплъейхэми я гуэныхьэ къэтхьынкIэ зэрыхъунур ди гум ирелъ!

ЩIэныгъэлIхэм жаIэ:  Аллаху Тэгьалам сыт хуэдэ унафэ имыщIами, шейтIаныр абы лъэныкъуиткIэ хоIэбэ: е унафэр къафIэмыIуэхуу ищIыну яужь йохьэ е унафэ ящIам нэхърэ нэхъыфIыж е нэхъыбэж, тщIэнущ, жарегъэIэри, тIум щыгъуэми деж цIыхухэр мэгъуащэ.

Апхуэдэщ дэри ди Iуэхур. Е кIапсэр доукъуэдииIуэ е кIапсэр догъэлэлэIуэ. Е ди Iэпкълъэпкъым и фэр идох е псори щхьэщыдох.

Аллаху Тэгьалам псынщIэ тщищIыну долъэIу гъуэгу захуэм лъэ быдэкIэ дытетыныр, езыгъэлейхэми зыгъэлалэхэми ящыщ дымыхъуныр, псалъэ ттам демыпцIыжу къабзэу и пащхьэ дихьэжыныр.