Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Джумгьэ махуэм зыхуэсакъыпхъэхэм ящыщ гуэр

07.04.2017
Еджауэ 1 673

ФIыщIэ худощI Алыхьу дыкъэзыгъэщIам, дызыгъэпсэум, дызэгъэлIэжынум, иужькIэ дыкъэзыгъэтэджыжу къыдэупщIыжынум.

Щыхьэт дытохъуэ Абы и закъуэныгъэм, узыхуэпщылIыну, уи щхьэ хуэбгъэтIылIыну зыми зэрыхуэмыфащэм.

Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэми صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, езы Алыхьыр зэрыхуейм хуэдэу диныр цIыхухэм зэралъигъэIэсам.

Муслъымэн жэмыхьэт! ЗэхэдмыщIэжу, демыгупсысу, къытIфIэмыIуэхуу сыт хуэдиз фIыгъуэм, сыт хуэдиз хъерым дыхэту ди гъащIэр тхьырэ?!

Ар апхуэдэу щIыщытыр а фIыгъуэм, а хъерым дыхэтщ, ар къыдбгъурытщи аращ. Абы къыхэкIкIэ абы демыгупсысу, атIэ дызыхэмытыфхэм, димыIэхэм, дызылъэмыIэсхэм догупсысри, Алыхьым и фIыгъуэр зэхэдмыщIэжу, абы и фIыщIэри дымыщIыжу допсэу.

Абы и щапхъэхэр егъэлеяуэ куэд мэхъу, ауэ иджыпсту къыхэдгъэщыну дызыхуейр нобэ дызыхэт Джумгьэ махуэ лъапIэращ, иджыпсту тщIыну Джумгьэ нэмэзращ.

Ди фIэщу дегупсыскъым армыхъуамэ гуфIэгъуэм дызэщIищтэн хуеят дэ мыпхуэдэ махуэ лъапIэхэм дыхиубыдэу, абы щыгъэзэщIапхъэхэр дгъэзащIэу ди унэ дызэрекIуэлIэжыфым папщIэ.

Мы махуэм и Iуэхури, абы и нэмэзым и Iуэхури щхьэхуэу къыхигъэщу КъурIэн лъапIэм къызэрыщыкIуэ закъуэм куэд къегъэлъагъуэ. Уеблэмэ, апхуэдизкIэ егъэлъапIэ мы Джумгьэ нэмэзым и Iуэхури, абы и азэныр къаджэмэ, щэн-щэхуэн хьэлэлыр хьэрэм мэхъу.

Джумгьэ махуэм и фIыгъуэм теухуауэ тхылъ щхьэхуэхэр щIэныгъэлIхэм ятхащ, хъутIбэ зыбжани абы тедухуащ, ауэ нобэ нэхъ къыхэдгъэщыну дызыхуейтэр: мыпхуэдэ махуэм ирихьэлIэу муслъымэным нэхъ илэжьыпхъэ, нэхъ зыхуэсакъыпхъэхэращ.

Абыхэм ящыщу къэгъэлъэгъуапхъэщ: Щэлэуатым и Iуэхур. Мыбы куэдыр дыхуэсакъкъым: е ди щIэныгъэншагъэм къыхэкIыу е ди щхьэхынагъэм къыхэкIыу.

«Фи махуэхэм я нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ Джумгьэ махуэри, щэлэуат нэхъыбэу къысхуэфхь, фэ фи щэлэуатыр си пащхьэ къралъхьэ!», — щыжиIэм عليه الصلاة والسلام, — Я рэсулэл-Лах, уэ щIым щыщ ухъужауэ дауэ уи пащхьэ зэрыралъхьэр?, — жаIэу щэхьабэхэр щыщIэупщIэжым, — «Бегъымбархэм я Iэпкълъэпкъыр щIым (ишхыжыныр) Аллаху Тэгьалам хьэрэм щищIащ», — жиIащ صلى الله عليه وسلم. (Абу Дауд).

Къыхэгъэщыпхъэхэм ящыщщ: нобэрей махуэр апхуэдэу щылъапIэкIэ, и нэмэзри апхуэдэу щыткIийкIэ, мы дунеижьри аргъуей къудамэ щимыуасэкIэ, ягъэ кIынукъым, Iэмал иIэххэмэ, лэжьыгъэ IэнатIэ дыпэрымытмэ, мы махуэр мэжджытым, гьибадэтым, КъурIэным, зикрым, щэлэуатым, нэмэзым нэхъ хухэтхми.

Ягъэ кIынкъым нэхъ пасэу мыбдежым дыкъекIуалIэу псапэ нэмэз тщIыуэ, нэмэз блэкIа дыпшыныжу, зикр жытIэу, КъурIэн деджэу нэхъ кIыхьу дыщIэсми.

«Джумгьэм фыкъекIуалIэ, имамыми нэхъ гъунэгъуу фекIуэталIэ. ЦIыхур Жэнэт Iыхьлыхэм ящыщ хъун пэтрэ, Джумгьэм къыкIэрыхуурэ Жэнэтми къыкIэрыхуауэ ихьэнущ!», — жеIэ ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم. (Ахьмэд. Iэлбаний пэжу къилъытащ).

Языныкъуэхэр гувауэ къакIуэми, псоми якIуэцIырыкIрэ жьантIэм дэтIысхьамэ, пасэу къэкIуам и псапэ къахьын ягугъэщ е ипэ сатырым и деж зыгуэр ягъэуврэ иужькIэ щахуэхъум и деж къакIуэрэ абдежым щетIысэхыжхэмэ фIы ищIа ягугъэжщ, ауэ ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, абыхэм псапэ дэнэ къыщына, гуэныхь къахьынкIэ шынагъуэщ.

Къыхэгъэщыпхъэхэм ящыщщ: нобэ хуэдэ махуэм КъурIэным щыщу Кэхьф сурэм уеджэныр Суннэту зэрыщытыр, абы хъерышхуэ куэди къызэрыдэкIуэр, цIыхум и махуэри, и Iуэхури нэху къызэрыхуищIыр.

Зыхуэсакъыпхъэхэм ящыщщ: мыпхуэдэу имамыр къыдэкIауэ хъутIбэ къиту псалъэу щыту, нэгъуэщI зыгуэр псалъэ зэрымыхъунур, абыкIэ и Джумгьэ нэмэзми зыри къимыкIауэ, псапи къимыхьауэ мэжджытым щIэкIыжынкIэ зэрыхъунур. Ари хьэдисым къыхощ.

Ауэ Джумгьэ махуэм и закъуэкъым а хьэлыр къыщыдгъэлъэгъуэн хуейр. АтIэ, дэнэ щIыпIи, сыт хуэдэ зэмани утыкум цIыху къиувауэ щыпсалъэкIэ, упэрымыуэу, зэпомыуду, псалъэр IэщIомыуду гъэпсэлъэн зэрыхуейм ди диным дыкъыхуреджэ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мыпхуэдэ махуэ лъапIэхэр, мыпхуэдэ нэмэз лъапIэхэр Алыхьышхуэм къыщIыдита, ди динми къыщIыхигъэува щхьэусыгъуэхэм ящыщщ: дызэхуэсу дызэрылъагъуныр, дызэрылъагъуу ди зэкъуэшыныгъэр нэхъри дгъэбыдэныр, ди зэхуаку дэлъын хуей лъагъуныгъэр нэхъри едгъэфIэкIуэныр.

Мис ахэр ди нэмэзым къыхэдмыхауэ мыбдежым дыщIэкIыжмэ, мыбы щIэтхынур псапэкъым, атIэ гуэныхьщ, уэрамыми дэтхьэнур гуапагъэкъым атIэ гур зыуIэщ.

Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI, ди блэкIам нэхърэ ди къэкIуэнур нэхъыфI Алыхьым тхуищI, Iуэхум я нэхъыфI дыдэм дыхэтуи и пащхьэ дыришэж!