Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

ЦIыхум Iей уигу къыхуэкIыныр

27.03.2017
Еджауэ 1 577

ФIыщIэ зыхуэтщIри, дызыщыгугъри, дызыкъуэувэри Алыхьу Закъуэращ. Абы иузэщIаращ узэщIар, Абы игъэгъуэщаращ гъуэщар.

Щыхьэт дытохъуэ Алыхьым и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауэ Iыхьэгъу зэримыIэм. Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, лIыкIуэу щыIам зэракIэухым.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалар мы дин дахэмкIэ къытхуэупсэри, зыхуэупсахэр зэкъуэшыныгъэ кIапсэкIэ дызэпищIэжащ. ЖеIэ ди Тхьэшхуэм:  “إِنَّمَا الْمُؤْمِنُونَ إِخْوَةٌ” – «ИпэжыпIэкIэ, муIминхэр зэкъуэшщ». (Iэл-Хьуджурат, I00).

Абы ипкъ иткIи, а зэкъуэшыныгъэр быдэ зыщIыну сыт щыIэми, диным абы дыкъыхуреджэ, псапи къыдегъакIуэ; а зэкъуэшыныгъэр зыкъутэну сыт щыIэми диным абы дыщегъащтэ, гуэныхьи къыпегъакIуэ!

Нобэрей хъутIбэри а зэкъуэшыныгъэм нэхъыбэ дыдэу зэран хуэхъухэм ящыщ зым теухуауэ щытынущ, Алыхь IэмыркIэ.

НтIэ, абы нэхъыбэ дыдэу зэран хуэхъу хьэлхэм ящыщщ: щхьэусыгъуэншэу уи къуэш муслъымэным Iей уигу къыхуэкIыныр, IейкIэ абы уегупсысыныр, хъыбар къудейм тепщIыхьу и Iуэхур Iейм хуэпхьыныр.

Мис а гупсысэ Iейм и дежщ Iейуэ щыIэр къыщежьэр. ШейтIаным а гупсысэ лъабжьэншэр игъэбатэм, игъэбатэурэ, лъабжьэ лъэпкъ зимыIэм дунейм тетыр къытету ещI.

ГупсысэмкIэ йожьэри, Iуэхур нос цIыхум хуэпсэлъэным, хуэшхыдэным, пцIы телъхьэным, и цIэр IейкIэ гъэIуным, уеблэмэ удыным. Ахэр псори гуэныхьышхуэ защIэу зэхэлъщ, къежьапIэ яхуэхъуари гум Iей къызэрыкIаращ, Iуэхур Iейм зэрыхуахьаращ.

Зэхихар уеблэмэ зэхимыхар Iейм занщIэу хуэзыхь цIыхур егъэлеяуэ цIыху гугъущ. Абы и унагъуэм щIэсхэр насыпыншэщ, абы и ныбжьэгъухэри насыпыншэщ, абы и лэжьэгъухэри насыпыншэщ.

Ауэ Iуэхур нэхъри зэIыщIа зыщIыр: цIыхум сытри и гум зэрежалIэр, «уэсуэсэ» зэриIэр, джэдыкIэм цы къыхэхын хьэл зэрыбгъэдэлъыр ищIэ пэтрэ, абы дежьууэ, абы жиIэр дыжиIэу, абы къызэщIигъэна мафIэ цIыкIур мафIэшхуэ ищIыжу бгъэдэс цIыху зэрыщыIэращ.

Мис апхуэдэ щхьэхуещэхэр щымыIамэ, зи гупкIэ исым и уэрэдыр къизышыну, хэти зыдезыгъэкIуну хэт цIыхухэр мэщIамэ, мыхъумыщIагъэу къэхъум фIыуэ хэщIынут, «уэсуэсэм» иукIхэми я узыр нэхъ гъэхъужыгъуафIэ хъунут.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дин дахэращ дэ псэукIэ дахэм дыхуезыгъасэр, ауэ диныр зэрихьэ пэтрэ псэукIэ дахэ зимыIэм и дин зехьэкIэр ныкъуэу аращ.

НтIэ а гъэсэныгъэм щыщщ: тегъэщIапIэншэу зыри жыдмыIэныр, зыри дымыщIэныр. Армырамэ, хэти сыти жиIэфынущ, хэти сыти ищIэфынущ, хэти и цIэр пхуэгъэулъиинущ.

Пэжщ, зыгуэр уи гум къэмыкIыххэу зыпIыгъыжыныр уеблэмэ пхузэфIэмыкIыни хъунущ. Гум илъ къудеймкIи гуэныхь къэпхькъым. Ауэ уигу зыгуэр къэкIа иужькIэ ар уи гум къомынэжу уи бзэгупэм къэсмэ, е нэгъуэщI гуэр блэжьмэ гуэныхь къэпхьынущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэр умыщIэну пхузэфIэкIынущ.  

Аращи, псом япэрауэ ди гум Iей къызэрымыкIын Iэмал зетхуэн хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абдежращ къыщежьэр адэкIэ къыкIэлъыкIуэри. Зи гур къабзэм нэхъ цIыхуфIи, нэхъ насыпыфIи тет мы дунейм.

ЦIыхум теухуауэ зыгуэр къыплъэIэсыжамэ, ар бгъэкъуэншэн ипэ къыплъэзыгъэIэсыжар гъэкъуаншэ, илэжь Iуэхугъуэри зэрыгуэныхьыр къыгурыгъаIуэ, бзэгузехьэнри зэрымыхьэл дахэр и акъылым нэгъэс.

Зы еджа гуэрым апхуэдэу бзэгу къыхуахьыжати, къыхуэзыхьыжам ешхыдауэ щытащ: «Ар жызыIауэ жыхуэпIэм къыбгъэдэкIауэ щытми, уэр нэхърэ ар нэхъыфIщ, — жыриIащ, — ар укIытэри сэ зэхэсхыу ар жиIэфакъым, уэ умыукIытэу укъакIуэри си пащхьэ къиплъхьащ».

АдэкIэ уи гум узэрихуэмэ, Iуэхур зэхэгъэкI, и пэжыпIэр къащIэ. ЗэхэбгъэкIащ, и пэжыпIэр къэпщIащ, бзэгу къыпхуахьари пэжу къыщIэкIащ. Иджы абы утепсэлъыхьу уэрамым удэувэжынра Iэмалыр?!

Аракъым. Абы Iуэхур нэхъри къызэIещIэ, пхузэхэмыхыжынуи зэхегъэзэрыхь. АтIэ, муслъымэн пэжыр кIуэнурэ езы цIыхум епсэлъэнущ, Iуэхур къыщежьам деж щызэхигъэкIынурэ, и къежьапIэм и деж щигъэужьыхыжынущ.

Дигухэри, ди бзэгухэри Алыхьым къытхуихъумэ, фитнэхэми дащихъумэ, ди зэхущытыкIэри нэхъ дахэ тхуищI. ДунеягъэкIэ щызэкъуэшу, ахърэткIи зэкъуэшу Алыхьышхуэм и Жэнэтым зэхуэзэжын дищI!