Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

НэщI нэужьым

11.07.2016
Еджауэ 2 298

ФIыщIэр нэгъэсауэ Аллаху Тэгьаларащ зыхуэфащэри, ар абы худогъэфащэ: мазэ лъапIэр къэднэщIыну, IуэхуфIи щыдлэжьыну, нэхъ гъунэгъуи зыхуэтщIыну Iэмал къызэрыдитамкIэ.

Иджы ди Тхьэшхуэм дызэрыщыгугъыр а длэжьауэ къытщыхъужхэр къабылу тIихыныр, ахэр псыхэкIуадэ имыщIыныр, фэрыщIагъ хэмылъауэ къытхущIигъэдзыныр, ныкъусаныгъэ хэтлъхьахэри къытхуигъэгъуныр аращи, узыщыгугъыным я нэхъыфIыр Алыхьращ.   

Ди щIыбагъым къыдэднащ апхуэдиз фIыгъуэр зыпыщIа мазэ лъапIэр, иджы дызэвгъэупщIыж дэтхэнэ зыри: къыхэтхын хуейуэ сыт къыхэтха мазэ лъапIэм?

Ди ныбэм шхын хьэлэлыр едмыгъэхыу зыдIыгъыжыфащ, ауэ абыкIэ зедгъэса шхын хьэрэм ди кIуэцIым едмыгъэхыну, хьэрэмым къыхэкIа ди жып идмылъхьэну, хьэрэмым къыхэкIа ди унагъуэ идмыхьэну?

НэщI мазэр шыIэныгъэм и мазэщи, нэхъыбэ дыдэу абы къыхэтхын хуейр а шыIэныгъэращ. ШыIэныгъэ зиIэм сытри зыригъэхъулIэфынущ, ауэ шыIэныгъэ зимыIэр сытми хэкIыжынущ.

ШыIэныгъэ уимыIэу Алыхьми ухуэлэжьэфынукъым, шыIэныгъэ уимыIэу цIыхухэми уахэтыфынукъым, шыIэныгъэ уимыIэу уи унагъуэри унагъуэ хъунукъым.

НэщI мазэм къыхэтхын хуеяхэм щыщщ: Алыхьым хуэлэжьэкIэ зедгъэсэныр. НэщIыр къихьэмэ Алыхьым и гупэр хуэзыгъазэу, нэщIыр икIыжмэ Алыхьым зи щIыбыр хуэзыгъэзэжым — Алыхьыр къицIыхуакъым, и динри къыгурыIуакъым, щIэпсэури ищIэжкъым.

Ауэ ара пэтрэ нэщI мазэр зэрикIыу мэжджытхэр нэщI мэхъуж, КъурIэн еджэнри куэдым къагъэнэж, сэдэкъэ тынри ящогъупщэж, жэщ нэмэзри ямыщIыж.

Пэжщ, нэщI мазэм узэрыщыт дыдэм хуэдэу адрей мазэхэми ущытыфынукъым, ауэ апхуэдэ дыдэу ущымытыфми, мы тлъагъум хуэдэ дыдэуи ухъуж хъунукъым. 

Алыхьым и пащхьэ муслъымэну ихьэжыну хуей цIыхум хьэкъыу и фIэщ хъун хуейщ: мэжджытым емыпхауэ, и нэмэзыр абы ирихьэлIэу емысауэ ар къызэремыхъулIэнур, къабзэлъабзэуи Къемэт махуэм зэремыкIуэлIыжынур.  

Жэмыхьэтым хэту нэмэз зыщIымрэ и закъуэу ар зыщIымрэ зэикI зэхуэдэ хъунукъым: я нэмэз щIыкIэри, я псапэ къэхьыкIэри.

Жэмыхьэтым хэту нэмэз зыщIым нэхъ гукъыдэж иIэу икIи нэхъ гупсэхугъуэ хэлъу ещI  и нэмэзыр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхухэр щызэгъусэм деж зыр зым егъэгушхуэж, ауэ зи закъуэм игъусэ хабзэр шейтIанращ….

Аращ щIыжиIэр ди Тхьэшхуэм тхьэмахуэ къэс дызэджэ Кэхф сурэм:

وَاصْبِرْ نَفْسَكَ مَعَ الَّذِينَ يَدْعُونَ رَبَّهُمْ بِالْغَدَاةِ وَالْعَشِيِّ…

«ПщэдджыжькIи пщыхьэщхьэ­кIи зи Тхьэм елъэIухэм шыIэныгъэ зыхэлъхьи ягъусэ…!».

Аращ щIыжиIэр ди Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم: «ШейтIаныр зи закъуэм игъусэщ, цIыхуитIым нэхъ я пэжыжьэщ!». (Тирмизий, Ахьмэд, Хьаким).

Аращ щIыжиIэр Ибн Мэсгьуди رضي الله عنه: «Пщэдей Алыхьым и пащхьэ муслъымэну ихьэжыну зи нэ къыхуикIым: мы нэмэзитхур азэн къыщыджэ щIыпIэм ирырехьэлIэ, ар Бегъымбар суннэхэм ящыщщ…. Армырауэ, мы щхьэемыгугъум хуэдэу фэри фи нэмэзыр фи унэм щыфщIыжу щытамэ фи Бегъымбарым и суннэр къэвгъэна хъунут, ар къэвгъэнами фыгъуэща хъунут…». (Муслим).

Гупым уахэтыныр, цIыхуфIхэри уи гъунэгъуу щытыныр дахэу къегъэлъагъуэ Абу Сулейман Iэд-Дараний и псалъэми: «Къуэшыр ар: и псалъэмкIэ къомыущие ипэ, и теплъэ къудеймкIэ, узэреплъа къудеймкIэ къоущиеращ. Гьиракъ щIыналъэмкIэ щыIэ ди къуэшхэм ящыщ зым сыIуплъэрэ, а зэ Iуплъэгъуэм мазэ псокIэ сиIыгъыу щытащ сэ!».  

«УщыукIыутэурэ гуэныхь зэромылэжь закъуэм фIэкIа уи къуэш  муслъымэным нэгъуэщI къыпхуимыщIамэ: ар ирикъунт!», — жеIэ Муджахид щIэныгъэлIым رحمه الله.

Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI зэхэтхам! ЕтIэнэгъэ пIалъэ дыузыншэу, имани дбгъэдэлъу, ди динми дыхуэпэжу, ди фIэщхъуныгъэми зимыхъуэжу Алыхьым дынигъэс!