Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Ерыскъыр зыгъэбагъуэр

Пэублэ зиIэ псоми кIэух яIэщ, псэ зыIут дэтхэнэри псэншэ хъужынущ. Алыхьым къыдита гъащIэри убзыхуауэ зэрыщытым хуэдэу, гъащIэм и пычыгъуэхэри убзыхуащ, уеблэмэ, бэуэгъуэхэри бжащ.

Псори кIуэдыжынущ, мы щIым хэкIуэдэжынущ. Къэнэнур Алыхь Закъуэрщ, зи щыIэныгъэм имыIэр гъунапкъэ. Арамэ, Абы и арэзыныгъэращ псори зытещIыхьын хуейр, Абы и губжьращ дызыщышынэн хуейр.

Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхь Талэм цIыхур къигъэщIри, ерыскъыуэ къылъысынури къыхуиухыжащ. Абы иухам фIэкIыпIи, хэIэбапIи иIэкъым.

Ара пэтрэ, цIыхур нэхъыбэ дыдэу зыгъэгузавэри, уеблэмэ, зыгъэгужьейри ерыскъым и Iуэхуращ. Псом хуэмыдэжу ахъшэр дэуей-къеухыу, къыщIэкIыу щытар къыщIэмыкIыжу щилъагъум деж.

Ауэ Алыхь Ину Закъуэм сыт жиIэр:

وَمَا مِنْ دَابَّةٍ فِي الأَرْضِ إِلا عَلَى اللَّهِ رِزْقُهَا…”

«Дунейм зы псэущхьи теткъым абы ерыскъы хуэхъунур Алыхьым къалэн зыщимыщIыжауэ». (Худ, 6). 

Зыри мы дунейм текIыжынум и ажалыр къэмысауэ, къыхуауха ерыскъыри Iумыхуауэ. ЦIыхур мы дунейм къытемыхьэ ипэ ятх ерыскъыуэ зэрихьэлIэнури, и ажалыр къыщысынури, насыпыфIэ хъунуми, насыпыншэ хъунуми.

Ауэ Алыхьым иухахэр щхьэусыгъуэкIэ зэхэлъщи, ахэр къызыгурыIуэм и Iуэхури нэхъ тынш мэхъу. «Алыхьым иухамэ дэнэ кIуэн?!», — жиIэ хъунукъым цIыхум, атIэ Алыхьым иухар зыгуэрым пыщIэжауэ ищIащи, абыхэм я щэхум щыгъуазэм и гъащIэр нэхъ дахэ мэхъу.

Щэхухэращ мыбдежым къыхэдгъэщыну дызыхуейр, мыщэхухэм я Iуэхур нэрылъагъущ. Нэрылъагъущ, уи Iэр зэтелъу ущысу зыми узэримыгъэшхэнур, ауэ пщIэнтIэпсыр къыпыжу лажьэ пэтрэ къилэжь щымыIэу псэуи зэрыщыIэм къыбгурегъаIуэ Iуэхум щэху зэрыхэлъыр.

Абы и щэхухэм ящыщщ – Езы Тхьэшхуэм уфIэлIыкIыу, Абы и унафэм утемыкIыу упсэуныр.

وَمَن يَتَّقِ ٱللَّهَ يَجۡعَل لَّهُۥ مَخۡرَجٗا ٢ وَيَرۡزُقۡهُ مِنۡ حَيۡثُ لَا يَحۡتَسِبُۚ

«Хэт Алыхьым щышынэми, Езым хэкIыпIэ къыритынщ, икIи зыдэмыгугъамкIэ и ерыскъыр къыригъэкIынщ», — къыщокIуэ КъурIэн лъапIэм.    (IэтI-ТIэлакъ, 2,3).

Ауэ цIыхур цIыхущи щыуагъэншэ, гуэныхьыншэ хъукъым.  Ауэ и щыуагъэри къигъэсэбэпу и ерыскъыр хигъэхъуэфынущ икIи игъэбэгъуэфынущ цIыхум. Сыт хуэдэу? Гуэныхь къыIэщIэщIар къыхуигъэгъуну елъэIуурэ Тхьэшхуэм. НэгъуэщIу жыпIэмэ, «истигъфар» ищIурэ.  

«Истигъфар» щIыныр ерыскъы къэкIуэным щхьэусыгъуэ зэрыхуэхъур езы КъурIэн лъапIэми мызэ-мытIэу къыхощ, Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم абы теухуауэ жеIэ: «Истигъфарыр куэд зыщIым сыт хуэдэ гукъеуэми теухуауэ жьыдэхупIэ Алыхьым къыритынущ, сыт хуэдэ Iуэху гугъум ехьэлIауи хэкIыпIэ къыхуигъуэтынущ, и ерыскъыри зыдимыгугъамкIэ къыригъэкIынущ». (Абу Дауд).

Ерыскъым и бэгъуэным нэхъыбэ дыдэу щхьэсыгъуэ хуэхъухэм ящыщщ: уи Iыхьлыхэм, уи благъэхэм уакIэлъыкIуэныр, абыхэм уалъыгъуэзэныр. «Фи благъэхэм факIэлъыкIуэфын хуэдэу фыкъызэхакIэхэр (фыкъызытехъукIахэр) зэвгъащIэ. ЗэкIэлъыкIуэным зэрылъагъуныгъэ къешэ, мылъкури егъэбагъуэ, гъащIэри нэхъ кIыхь ещI!». (Имам Ахьмэд).

ГъэщIэгъуэну Алыхьым мы гъащIэм хипща щэхухэм ящыщщ: цIыхум и мылъкум зыгуэр хигъэкIмэ ар зэрыбагъуэр, уеплъмэ хэщIу, ауэ зэрыхэхъуэр.

«Зы махуэ къэмынэу нэху зэрыщу мелыIычитI къохри, зым: «Я-Алыхь, зи мылъкум хэзыгъэкIым (берычэтыр) хухэлъхьэ», — жеIэ, адрейм: «Я-Алыхь, зи мылъкур зыкъузым исрафыр хэлъхьэ!», — жеIэ». КъыщокIуэ ар хьэдис пэжу имам Бухъарий къиIуэтэжам.

ЦIыхум и Iуэхур дэкIыным, ерыскъыри берычэту къратыным нэхъ ин дыдэу щхьэусыгъуэ хуэхъухэм ящыщщ: тхьэмыщкIэхэм, зыхузэфIэмыкIхэм, зимыIэхэм ядэIэпыкъуныр. Ар зэикI зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым.

Алыхьым сэбэп ищI нобэ зэхэтхар. Ди хъейр зыхэлъыр Алыхьым къыдгуригъаIуи, абы дытелажьэу дигъэпсэу, и арэзыныгъэр къэдлэжьауи и пащхьэ дыришэж!