Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Нобэ щыщIэдзауэ

ФIыщIэри щытхъури нэгъэсауэ зыхуэфащэр Тхьэшхуэ лъапIэращи, ахэр Абы худогъэфащэ. ЗыкъытщIигъэкъуэну, ди гуэныхьхэри къытхуигъэгъуну, псэм и Iейми дыщихъумэжыну долъэIу.

Муслъымэн жэмыхьэт! ПсынщIащэу блолъэт зэманыр, уигъэгузавэу, уигъэгужьейуэ, «блэкIам сщIэфар сыт, къысхуэнами схуэщIэнур сыт?», жыуигъэIэу.

Iуэхур нэхъри хэплъэгъуэ ещI «Илъэс хыщIым щIигъу къэзыпсэунур мащIэщ!» зэрыжиIам عليه الصلاة والسلام-ым. Ауэ Тхьэшхуэ къытщхьэщытым и гущIэгъур инщи, ди зэманыр кIэщI ищIами, ди псапэхэр зэрыдгъэбэгъуэфын Iэмалхэр къыдитащ. Махуэ бжыгъэ дэкIмэ къытхуеблэгъэну НэщI мазэ лъапIэри абыхэм ящыщщ.

Муслъымэн пэжыр къыхуэмыгъэсу поплъэ а мазэм, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы и хьэтыркIэ Алыхьым нэхъ пэгъунэгъу хуэхъунущ, и Жэнэтри къызэрилэжьыфыну Iэмалхэри нэхъыбэ хъунущ, и хьэлри нэхъ иузэхуфынущ, и гури нэхъ игъэкъэбзэфынцщ.

Ауэ ахэр къохъулIэн папщIэ Iуэхум зыхуэбгъэхьэзырын, гъэпсын хуейщ. Дуней Iуэхур, мылъку Iуэхур зэгъэзэхуэн, гъэпсын зэрыхуейр куэдым ящIэ, арыншэу Iуэхур зэрымыкIуэтэнури къагуроIуэ, ауэ ахърэт Iуэхухэми апхуэдэ дыдэу убгъэдыхьэн зэрыхуейр куэдым ящIэкъым, атIэ зэрыхъу хъунщ жаIэу бгъэдохьэхэ.

Ауэ апхуэдэу уриджэгу хъунукъым къыппщэлъыхь гъащIэм, кIэух зимыIэну Ахърэтым. ИкIи гъэщIэгъуэнращи, зи ахърэт Iуэхур зыгъэпсым и дуней Iуэхури гъэпса мэхъу. Ахърэтым хущIэкъум дунейри и IэмыщIэ къохуэ, ауэ дунейм фIэкIа хущIэмыкъур дунеижьым къыхуонэ.

ЖиIэр сыт ди Тхьэшхуэм:

{مَنْ عَمِلَ صَالِحاً مِنْ ذَكَرٍ أَوْ أُنْثَى وَهُوَ مُؤْمِنٌ فَلَنُحْيِيَنَّهُ حَيَاةً طَيِّبَةً وَلَنَجْزِيَنَّهُمْ أَجْرَهُمْ بِأَحْسَنِ مَا كَانُوا يَعْمَلُونَ}

«Хъулъхугъэ ирехъу, бзылъхугъэ ирехъу IуэхуфI зылэжьар муIмину щытмэ – абы (дунеягъэкIэ) гъащIэ дахэ къедгъэгъэщIэнущ, (ахърэтми) я псапэр ящIам нэхърэ нэхъыфIыжу къеттыжынущ». (Iэн-Нэхьл, 97).

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ щыщIэдзауэ дегупсысын хуейщ НэщI мазэ къакIуэм и махуэхэр зэрыдгъэкIуэнум, и жэщхэр зэретхьэкIынум. Нобэ щыщIэдзауэ ди Тхьэшхуэм къыддищIэн хуейщ а зэман лъапIэм ди нэр къызэрыхуикIыр, нэхъыфI дыхъуну дызэрыхущIэкъур. Ар Тхьэм къыддищIэмэ къыддигъэпсынщIэнущ.   

Нобэ щыщIэдзауэ зэдгъэщIэн хуейщ НэщIыр зиIысыр, нэщIыр зэраублэр, зэрызэхуащIыжыр, нэщIыр зыкъутэр, зымыкъутэр. Мыхэр умыщIэу Iуэхум упэрыхьэмэ псапэ къэпхь уигугъэжурэ гуэныхь къэпхьынкIэ хъунущ.   

Ягъэ кIынкъым иджыпсту нэщIым теухуауэ зы тхылъ къатщтэу дыхэплъэжми е еджахэм ящыщ гуэрым и дерс дедэIуэжми. Алыхьми аращ къыджиIэр: «ФымыщIэмэ зыщIэм феупщI!». (Iэл-IэнбияI, 7).

Нобэ щыщIэдзауэ мурад быдэ дывгъэщI тобэ къабзэ къэтхьыжыну, гуэныхьхэр ди щIыбагъым къыдэднэну, ди япэкIи абыхэм демыгупсысыну. ИкIи пэжращи, НэщI мазэм тобэ къыщызымыхьыжыфым дапщэщ къыщихьыжыфынур?!

Жэнэтыбжхэр зэIуахыу, Жэхьэнэмэбжэхэр зэхуащIу, шейтIанхэр зэрапхыу дапщэщ къыщыхъур? ШейтIаныр иджыпсту къыпкIэрымыкIмэ зэикI къыпкIэрыкIынукъым, иджыпсту абы упэмылъэщмэ дапщэщ ущыпэлъэщынур?!

Алыхьым насып тхуищI мазэ лъапIэм дынэсыну, узыншагъэ дбгъэдэлъу ар етхьэкIыну, ди псапэхэр бэгъуауэ, Алыхьышхуэм и арэзыныгъэри къэдлэжьауэ икIэм ар нэдгъэсыну!