Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхьыр тщымыгъупщэну, дэнэ дыщыIэми Ар дигу имыхуну, Абы фIэлIыкIыныгъэ худиIэну дызэущиежыныр, зым адрейр абыкIэ игъэIущыжыныр Iуэхуу щыIэм я щхьэщ.
И насыпщ Алыхьыр зи гум имыхум, и къэкIуэнур къызыфIэIуэхум. И насыпщ жэщым нэмэз имыщIамэ – зи гур ныкъуэм; махуэм нэщI хуэмыIыгъамэ – зи Iэпкълъэпкъыр хэщхьэж шхыным хуэныкъуэм.
И насыпщ зи бзэгум пэж фIэкI къэзыжьэдэмыкIым; зи нэгум лIэныгъэ къыпэщылъыр щIэмыкIым.
Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам цIыхум и Iэпкълъэпкъым пкъыгъуэу хищIыхьа дэтхэнэ зыми къалэн зэрыз ягъэзэщIэн хуейуэ игъэуващи, ахэм ящыщ зым и къалэныр имыгъэзэщIэж щыхъум деж Iэпкълъэпкъ псом и лэжьэкIэм зехъуэж, цIыхум и дуней тетыкIэри, и цIыху хэтыкIэри нэгъуэщI мэхъу.
Псом хуэмыдэжу зи къалэныр зымыгъэзэщIэжыр Iэпкълъэпкъым пкъыгъуэу хэтым я пашэ — гур арауэ щытмэ, Iуэхур шынагъуэ мэхъу. УнафэщIым и щыуагъэмрэ, унафэ зыхуащIым и щыуагъэмрэ зэикI зэхуэдэ хъунукъым.
Гум и къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ: нэмрэ, тхьэкIумэмрэ къылъагъэIысыжа хъыбарым теухуауэ зызэрищIыпхъэу зищIыныр, къэлэнтIэн, къэлэлэн, къэщэбэн хуеймэ – ахэр абы далъэгъуныр.
Ауэ нобэрей ди зэманым цIыху куэдым я гур щIыIэ, быдэ хъуащ. Уэрамым дэтхэмрэ, мэжджытым пэжыжьэхэмрэ ягугъу тщIыххэкъым, ауэ, махуэ къэс хужыпIэну, КъурIэным е хьэдисхэм щыщ гуэр зэхих пэтрэ; дерсхэм, уазхэм щIэс пэтрэ, итIани гу пхъашэ зиIэхэр куэдщ. Ар я псэлъэкIэмрэ, я плъэкIэмрэ къуегъащIэ.
КъурIэн лъапIэм къызэрыхэщымкIэ, гур апхуэдизкIэ быдэ, пхъашэ мэхъури мывэм хуэдэ мэхъу, уеблэмэ нэхъ быдэжи мэхъу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мывэр мывэ пэтрэ зэгуэуду и зэхуакум псы къыдэжынкIэ е тхьэшынагъэм къыхэкIыу бгым къеджэрэзэхынкIэ хъунущ.
Муслъымэн жэмыхьэт! Куэдым деж ди Iуэхум нэхъыфIкIэ зыщIимыхъуэжыр ди гум зихъуэжкъыми аращ. Алыхьыр зэплъыр дэ жытIэракъым, атIэ тщIэмрэ, ди гумкIэ къыддищIэмрэщ. ФIы къыддимыщIэмэ сыт къытхуищIэнур, уеблэмэ къыщIытхуищIэнур?!
«КъурIэным нэхъ тхылъ лъапIэм щыIэкъым» жытIэмэ сыт къикIыр, абы дыщеджэкIэ е дыщедаIуэкIэ ди гур мыкIэзызмэ, фIым ди нэ къыхуикIыу димыщIмэ?!
Iыхьлыгъэ-благъагъэми ухуеймэ жэщи махуи тепсэлъыхьу щыси зыри абы къикIынукъым икIи Алыхьым и деж нэхъыфI ущыхъунукъым – а жыпIэр Iуэхум нэмысауэ, уи гуапагъыр абыхэм псоми ялъэмыIэсауэ.
Зэкъуэшыныгъэми жэщи махуи игугъу щIы, зыри абы къикIынукъым икIи зыкIи нэхъыфI ди Iуэхур хъунукъым – а жытIэр ди фIэщ хъужу дымыхъуауэ, а къуэш жыхуэтIэхэр дэ къыдбгъэдэтхэм и деж зэрыщыщIидзэр ди фIэщ мыхъуауэ.
Языныкъуэхэм «إنما المؤمنون إخوة» — «Муслъымэнхэр зэкъуэшщ» жыхуиIэр щызэхахкIэ, езыхэм гъунэгъуу къабгъэдэтхэр, къадэлажьэхэр, ягъэлажьэхэр, зыгъэлажьэхэр ягу къэкIыххэкъым, атIэ модэ Сирием, Иракым е нэгъуэщ1ып1э щыIэхэращ зэгупсысыр.
АдрыщIым уIэбэн ипэкIэ мыдрыщIым щыIэр зыхуей хуэгъазэ, си къуэш! Дэ ди щхьэ и унафэ тхуэщIыжкъым, мыбы проблемэу илъми я зэIыхыкIэм зыри хэтщIыкIкъым, ауэ жыжьэ щыIэхэм я унафэ тхуэщIынущ, я Iуэхуми дыхэIэбэфынущ.
Муслъымэн жэмыхьэт! НэщI мазэ лъапIэр, тобэм, дугьэм, сэдэкъэм я мазэр къоблагъэри, гу къабзэкIэ, гухэлъыфIкIэ дыпевгъажьэ. Зытхъуэжыну, нэхъыфI дыхъуну дыхущIэкъуу къыддрещIэ Тхьэшхуэ къытщхьэщытым.
«Дапщэщ нэщI мазэр?!» жаIэу куэдыр щIоупщIэ, ауэ «дапщэщ Къемэт махуэр?» жиIэу щIэупщIам кърата жэуапым нэхъыфI жэуап мыбдежми щыбгъуэтынкъым.
«Сыт хуэбгъэхьэзырар а узыщIэупщIэ Къемэт махуэм?», — жиIэри къеупщIыжат Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم-эр а лIым. Дэри дызэвгъэупщIыж «Сыт мы къакIуэ нэщI мазэшхуэм хуэдгъэхьэзырар?» жыдвгъэIи.
ФIы зи гум илъыр фIым Алыхьым хуешэри, дэри ар насып Алыхьым тхуищI. НэщI мазэ лъапIэм нэсын, нэса иужькIи ар Езы Тхьэшхуэм зэрыфIэфIым хуэдэу къэзынэщIын муслъымэн Алыхьым дищI!