Ди псалъэр фIыщIэкIэ доублэ. ФIыщIэ хуэтщIу Алыхьышхуэу дыкъэзыгъэщIам, дызыгъэпсэум, и пащхьэ дизышыжэнум, дунейми и Тепщэм Ахърэтми и Тепщэм. Щыхьэти дытохъуэ Абы и закъуэныгъэм, Абы нэмыщI хэт щхьэщэ хуащIу щыIэми зэрынэпцIым.
Щыхьэт дытохъуэ Абы къигъэкIуа ЛIыкIуэ лъапIэм и бегъымбарыгъэм. Алыхьым и нэфIыр къыщыхуэ, сэлами къырих абы езыми, и Iэщхьабхэми, и Iыхьлыхэми, абыхэм хаша гъуэгу дахэм ирикIуэ псоми.
Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам къигъэщ1а цIыхухэр лъэпкъ лъэпкъыу иугуэшыжащ, бзэ зэрызи яIуилъхьащ, я теплъэкIи зэмыщхь ищIащ. АбыкIэ къегъэлъагъуэ Алыхьышхуэм и зэфIэкIыр зэрыиныр, и телъыджэхэм гъунапкъэ зэрамыIэр.
ЖеIэ Алыхь Иным:
«Уэ цIыхухэ! Дэ фэ зэлI-зэфызым фыкъытедгъэпщIыкIащ икIи жыли лъэпкъи фытщIащ, фызэрыцIыхун щхьэкIэ…». (Iэл-Хьуджурат, 13)
Жылэ жылэу, лъэпкъ лъэпкъыу дунейр иугуэшащ Алыхьым – цIыхухэр нэхъ зэпхауэ псэун, Iуэху зэдащIэфын, гъащIэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ.
Бжыгъэр щыиным деж ар зэрыубыдыжын папщIэ, нэхъ тыншуи я Iуэхур дэкIын папщIэ Iыхьэ-Iыхьэ ищIыкIын хуейщ. Мис апхуэдэурэ, бжыгъэшхуэр къехыурэ бжыгъэ цIыкIу мэхъу, апхуэдэ дыдэуи дэкIуеижурэ бжыгъэ цIыкIур бжыгъэшхуэ мэхъуж. Алыхьым и Iущыгъэм гъунапкъэ иIэкъым.
Муслъымэн жэмыхьэт! Мис апхуэдэу ц1ыхухэр зэрызэмыщхьым къару къахилъхьэу псэуну зэтриухуат Алыхь Талэми, езы цIыхухэм псори зэщхь ящIмэ нэхъ къарууфIэ хъуну къащыхъужри, къарууншэ хъуахэщ.
Зи бжыгъэр нэхъыбэм зи бжыгъэр нэхъ мащIэр иригъэлъэтэхмэ е езым зыхигъэткIухьыжмэ и Iуэхур нэхъ ефIэкIуэн ягугъэу мы ди щIыналъэм куэдым политикэ фIей куэд къыщрагъэкIуэкIащ.
Дыгъуасэ адыгэу дунейм тетым ягу къагъэкIыжа нэщIэбжьэр, «Щыгъуэ махуэ» зыфIащари абы щыщщ.
Ар зи нэгу щIэкIа тхыдэтххэм ятхыжам ущеджэжкIэ уи щхьэфэцым зырегъэIэт. ЗрегъэIэт уи щхьэфэцым, тэтэр-монголхэм лейуэ муслъымэн щIыналъэхэм щызэрахьам ущеджэжкIэ зэрызыригъэIэтым хуэдэу.
Ауэ ди лъэпкъым ари и насыпыншагъэти, а тэтэр-монгол дыдэхэри лъакъуащхьэкIэ зэхаутэу мы щIыналъэм итащ, къуийм и щIыIу гуэрэфу Кавказ зауэшхуэри я нэгу щIэкIащ.
Муслъымэн жэмыхьэт! БлэкIар блэкIащ, абы къыпхуегъэзэжынукъым. Лей зезыхьари Алыхьым IэщIэкIыу зы щIыпIи кIуэфынукъым. Дэри дызэплъэкIыж зэпыту дызэхэс хъунукъым.
Тхыдэри щIаджыжыр блэкIам бгъэзэжу ухэхьэжыну аракъым, атIэ ди къэкIуэнур нэхъ губзыгъэу дгъэпсыфын папщIэщ. Апхуэдиз къэхъуами дерс къыхэдмыхыфмэ, дэ дынасыпыншэ дыдэщ.
Ирикъунщ ди лъэпкъым лъыуэ щIэжар, гуIэу ишэчар, быну дунейм тырипхъар. Иджы и чэзу хъуащ псэукIэ зедгъэсэну, дунейм лъэпкъ тетхэм ди щIэныгъэкIэ, ди IэщIагъэкIэ, ди хьэл дахэкIэ дакъыхэщыну.
Ирикъунщ дунейм лъэпкъыу тетым захуэдгъэтхьэмыщкIыу, «гущIэгъу гуэр къытхуащIыну пIэрэ, зыгуэр къытхуашиину пIэрэ, зыгуэр къыткъуэувэну пIэрэ» жытIэурэ дызэрыдэтар, иджы дэ зыгуэрым зыгуэр яхуэтщIэфу, ядгъэлъэгъуфу дыхъуну и чэзу хъуащ.
Алыхьым зэхэтхам и сэбэп къыдигъэкI! Ди япэ ища ди нэхъыжьыфIхэм увыIэпIэ дахэ ягъуэтауи къыщIигъэкI! Абыхэм яшэча бэлыхьыр пщIэншэ Алыхьым имыщIкIэ, ар тщызыгъэгъупщэни дымылъагъуу Алыхьым дакIэлъигъэпсэу!