ФIыщIэ худощI ди Тхьэу сыт хуэдэ ныкъусаныгъэми хэIэтыкIам, къэхъуари, къэхъури, къэхъунури зыухам, зи унафэм фIэкIыпIэ имыIэм, зи къарум пэлъэщын щымыIэм. Дытохъуэ щыхьэт Абы и закъуэныгъэм, къигъэкIуа лIыкIуэ лъапIэми صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм.
Муслъымэн жэмыхьэт! Сыт хуэдизу гущIэгъу щIыным, псапэ щIэным, цIыхугъэ, гуапагъэ зыхэгъэлъыным къыхураджэурэ цIыху цIыкIур къемыкIуэкIами, я гъунэгъум зэрытекIуэн, абы и щIыр къызэрытрахын къару яIэу къазэрыщыхъужу куэдым ахэр псори ящогъупщэж.
Абы и щапхъэхэр гъунэжщ, ауэ нобэрей ди хъутIбэмкIэ къыхэдгъэщыну дызыхуейр гъэ къэскIэ мы зэманым ирихьэлIэу къэрал псом ягу къагъэкIыж дунейпсо зауэращ.
ИкIи шэч хэмылъу а зауэм цIыхубэм нэщIэбжьэу къахуихьам, цIыху гъащIэу абы ихьам, гуIэгъуэу унагъуэ къэс яригъэшэчам уриплъэжмэ, ар уигу къэбгъэкIыжыну хуэфащэщ.
А зауэм и къежьэкIэ хъуам, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуам Iэджэри Iэджэ лъэныкъуэкIэ топсэлъыхь, хэт «мыращ» хэт «моращ» жеIэ, ауэ Алыхьым и гьэзабу щытынк1э хъунутэкъэ ар?
ЩэщI гъэхэм мы къэралым щекIуэкIа репрессием, дин щIэныгъэлIхэр зэрагъэкIуэдам, мэжджытхэр зэрызэтракъутам, дин тхылъхэр зэрыхаутам, унагъуэ куэдыр ибэ быну къызэрызэханам, уеблэмэ, лъэпкъ псохэр ирашу губгъуэжьхэм зэрырапхъам икIэм къикIыфынутэкъэ а зауэр?!
КъикIыфынут, уеблэмэ, нэмыцэхэр мы къэралым къыщIытегушхуам и щхьэусыгъуэ нэхъ ин дыдэхэм хабжэ ар. — Муслъымэнхэм апхуэдиз лей езых къэралым датеуэмэ, ахэр ди телъхьэ хъунущ, жаIэу мы къэралым къибэкъуат ахэр.
Абы щыгъуэ коммунистхэм зыкъащIэжри, муслъымэнхэр къагъуэтыжат. Абы хэтуи, дин лэжьакIуэхэм утыкур ирату хуежьат, гузэвэгъуэм Алыхьыр ягу къигъэкIыжат.
Муслъымэнхэм я нэхъыбэр нэмыцэм ядэувакъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къэралым сыт хуэдизкIэ лей къыримыхами, а къэкIуами муслъымэнхэм я Iуэху зэрихуэу, яфI къилыхъуэу къызэрымыкIуар къагурыIуат. «Хамэхьэ сишх нэхърэ си хьэ сырешхыж!» жыхуиIэра хъунт я гупсысэкIэр.
Сыт хуэдэу мыхъуами мыбы иса муслъымэнхэр а зауэм хэтащ. ДауикI, щхьэусыгъуэ щIыхэтахэри зэхуэдэ хъунтэкъым, ауэ шэч хэмылъу я муслъымэнагъыр ящымыгъупщэжу, я нэмэзыр ящIыжу, КъурIэни яIэщIэлъу, дугьэри яжьэдэлъу а зауэм цIыху куэд хэтащ.
-Ахэр дин щхьэкIэ зэуакъым!, — жызыIэу къэувын щыIэнкIэ хъунущ. Ауэ диным имызакъуэу нэгъуэщI зыгуэр щхьэкIэ узэуэну хуит укъищIкъэ езы диным?
ЖиIакъэ عليه الصلاة والسلام-ым: «И мылъкур ихъумэжу яукIар – шэхидщ, и унагъуэр ихъумэжу яукIари – шэхидщ, и динри ихъумэжу яукIар – шэхидщ, и щхьэри ихъумэжу яукIар – шэхидщ!». (Имам Ахьмэд. Хьэдисыр пэжщ).
— Си мылъкур стрихыну зыгуэр къакIуэмэ, дауэ зэрысщIынур?, — жиIэри къеупщIат зылI Бегъымбарым عليه الصلاة والسلام-ыми, — «Йомыт уи мылъкур!», — жыриIащ. – Къызэзауэмэ щэ? – щыжиIэмэ. – «Уэри езэуэж», — жиIащ. – СиукIмэ щэ? – щыжиIэм, «УиукIмэ шэхид ухъунущ»,- жиIащ, — Сэ езыр къысIэщIэукIэмэ щэ?, — щыжиIэм. – «КъыпIэщIэукIэмэ Жэхьэнэмэр и натIэ хъунущ!», — жиIащ صلى الله عليه وسلم— эм. (Имам Муслим къиIуэтэжащ).
Нобэр къыздэсым сыт хуэдиз хъыбар зэхэпхыжрэ – зауэм зыдыIутым муслъымэнхэм жэмыхьэту нэмэзыр зэдащIауэ, зауэм щыIухьэхэм и деж дугьэхэр жаIэу щытауэ. НэгъуэщI щапхъэхэри гъунэжщ.
НтIэ яхуэфащэкъэ а тхьэмыщкIэхэм я цIэр фIыкIэ къитIуэну, дугьэ яхуэтщIыну, щIэблэ къэхъум щапхъэу яхуэдгъэлъэгъуэну?! Яхуэфащэщ, хэт сыт жимыIами, хэт сыт абыхэм яфIимыщами.
Муслъымэну, муслъымэнагъыр игум илъу а зауэм хэкIуэда дэтхэнэ зыми увыIэпIэ дахэ яригъэгъуэтыну, я гуэныхьхэри къахуигъэгъуну, я псапэхэри яхуигъэбэгъуэну Алыхьышхуэм долъэIу.
ДолъэIу апхуэдэ нэщIэбжьэ ди щхьэ къыримыгъэкIуэну, зауэбанэми муслъымэнхэр дыщихъумэну, блэкIами дерс хыдигъэхыу ди къэкIуэнур тхуригъэфIэкIуэну!