ФIыщIэри щытхъури ейщ Алыхьышхуэу псоми я Тхьэм, гущIэгъушхуэ зыхэлъу, гущIэгъушхуэ зыщIым, гущIэгъу щIынми дыкъыхуезыджэм.
Алыхьым и нэфIыр къыщыхуэ, и сэламри куэду къырих гущIэгъу къытхуищIу Алыхьым къытхуигъэкIуа ЛIыкIуэ лъапIэм, гущIэгъу защIэу зи IуэхущIафэхэр зэхэлъам.
Муслъымэн жэмыхьэт! Мы ди дуней гъащIэм псэ къыхилъхьэу, мыхьэнэ гуэри къыриту, гугъэри, цIыхугъэри пфIимыгъэкIуэду утезыгъэтхэм ящыщщ: гущIэгъур.
ГущIэгъу пщIыуэ, гущIэгъу къыпхуащIу, гущIэгъу зыр зым хуащIу цIыхухэр зэхэтыхукIэ мы дунейри щыIэнущ, гъащIэми пищэнущ, цIыхухэри псэунущ, псэущхьэхэри бэгъуэнущ, къэкIыгъэхэри гъэгъэнущ.
ЦIыхур цIыху зыщIыжыр и теплъэракъым, атIэ и гумкIэ зэхищIэ гупсысэхэращ, къыбгъэдэтхэм ехьэлIауэ къыдэуш зэхэщIэныгъэращ.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи нобэ куэд хъуащ гущIэгъуншагъэм къыхэкIыу цIыхухэм яIэщIэкI мыхъумыщIагъэхэр. Нэр къырищIу иджыблагъэ зэрыреспубликэу ягъэщIагъуэу къэхъуа хьэдэгъуэдахэхэми ящыщщ: зи сабийр пхъэнкIий идзыпIэм щыхыфIэзыдзэжу, мафIэ щIэзыдзэжа хьэIуцыдзым ищIар.
Абы ищIар цIыхум хуэщIэну? ЦIыху ар зыщIар? ГущIэгъу жыхуэтIэм щыщ зыгуэр хэлъу щытамэ хуэщIэнут ар абы? ЦIыхум езым и сабийр къэгъэнауэ, хэт и сабий щхьэкIи къэгумащIэу, гулъытэ лей ищIу щытщ, ауэ зи сабийр мафIэм хэзыдзам узэрыщыгугъыр сыт?!
Къемэт махуэшхуэм Алыхьышхуэр къеупщIыжынущ а сабийм: — Сыт хуэдэ гуэныхьт пщIар апхуэдэ бэлыхь къыптралъхьэн хуэдэу??!!, — жаIэу. КъыщIеупщIыжынур сабийм жэуап ирагъэхьыжыну аракъым, атIэ сабийр зейм и нэм зэ къыщIаIужынуращ ищIар.
Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дунейм зы лей къыщекIуэкIмэ ар къызыхэкIыр гущIэгъуншагъэращ. ГущIэгъур куэду зыдэщыIэм лей къыщекIуэкIынукъым.
ГущIэгъуншагъэращ къызыхэкIыр – унафэщIым и лъабжьэм щIэтхэм лей ярихмэ, яхуэмылэжьын хуэдиз я пщэ дилъхьэмэ, къалэжьар яфIишхмэ, и къулыкъур фIэмыкIуэдын папщIэ сытри къыригъэзэгъмэ.
ГущIэгъуншагъэращ къызыхэкIыр – быныр адэ-анэм емыдэIуэжмэ, къыхуащIа фIы псор щыгъупщэжмэ, я жьыщхьэ я закъуэу къызэхинэжмэ.
ГущIэгъуншагъэращ къызыхэкIыр – адэ-анэр быным пхъашэу яхущытмэ, къыщезэгъи къыщемызэгъи псалъэ дыдж ирапэсмэ, уеблэмэ абы фIэIэбыкIыжи, удын традзэмэ.
ЦIыху щыIэщ гущIэгъуншэу щытмэ и Iуэхур нэхъ дэкIыну, цIыхухэри нэхъ къедэIуэну къыщыхъужу. Ауэ абы и щхьэр къегъэпцIэж. ГущIэгъуншэм и шым куэд къижынукъым, и къарум тIэкIу зэрыхэщIуи и закъуэу къэнэжынущ.
«ГущIэгъу зыщIхэм ГущIэгъущIым гущIэгъу къахуищIынущ. ЩIым тетхэм гущIэгъу яхуэфщIи, уафэм щыIэм гущIэгъу къыфхуищIынщ!», — жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым. (Абу Дауд, Тирмизий).
НтIэ Алыхьым гущIэгъу къыпхуимыщIу, уи Iуэхури Абы къыбдимыIыгъыу, икIи къыбдимыгъэпсынщIэу уздынэсын уигугъэр дэнэ нэс?! Алыхьым хъейр зыхимылъхьам хъейр хэлъкъым.
Муслъымэн жэмыхьэт! ЗэикI хуэмыдэжу нобэрей зэман гугъум гущIэгъур ди гъуазэу декIуэкIын хуейщ. «Ди щхьэ, ди ныбэ!», жыдмыIэу, диIэмкIэ хуэныкъуэм дызэрыдэгуэшэн, ди гущIэгъур зэралъыIэсын Iэмал зетхуэн хуейщ.
«Сэ си Iуэхур докI!» жызыIэу адрейхэм я хуэныкъуэныгъэм емыгупсысыр -тхьэмыщкIэщ. Уэ уи Iуэхур щIыдэкIыр адрейхэм яхуэпщIэ Iуэхутхьэбзэм, яхуэпщI гущIэгъум елъытауэ щытмэ-щэ? АбыкIэ Алыхьым уигъэунэхуу къуитар къуитамэ щэ?!
Зи закъуэу насыпыфIэ щыIэкъым. Мы дуней фIыгъуэм уэ ухэсми, уэрамым укъыдэкIа нэужь гъуэгухэр зэхэкъутауэ, пхъэнкIийр дэнэ дежи щикъухьауэ, къулейсызхэм я гур къыпхуэплъу къыкIэщIэплъхэу, цIыхухэр зэрымылъкуншэм щхьэкIэ хьэлыншэхэу уарихьэлIэмэ – сыт уэ уиIэм и пэрмэныр?! Псори къыпщIагъэныжынущ абы!
Ди хъейр зыхэлъым ди Iэр Алыхьым тыригъахуэ! ГущIэгъу зыщIу гущIэгъу зыхуащIыжынухэм ящыщи дищI! ГущIэгъум къыхэтхыу тщIа фIыхэм я псапэр Алыхьым тхуигъэбагъуэ, гущIэгъуншагъэм къыхэтхыу тIэщIэкIахэр къытхуигъэгъу!