ФIыщIэр Алыхьым ейщ, зи щIэныгъэкIэ псоми нэсым, зи гущIэгъукIи псоми ялъэIэсым, зыхуейм иманкIэ хуэупсэм, зыхуейри иманыншэ зыщIым, зи гущIэгъур иным, зи гьэзабри гуащIэм.
Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхьу дыкъэзыгъэщIам дыщывгъэшыни, и унафэр ди унафэу дывгъэпсэу, иман къызэрытхуэупсам хуэфэщэж гулъытэ хуэтщIу ди гъащIэр едвгъэхьэкI, ар езыгъэфIэкIуэн икIи хэзыгъэхъуэн Iэмалхэм датевгъэлажьэ.
Пэжращи, нобэ диным нэхъ зезытыжхэм, диным къыхуэушыжхэм я бжыгъэр, Алыхьым и шыкуркIэ, куэдми, диныр IэщIыб зыщIыжхэр, зыхэта фIейм хыхьэжхэр мащIэкъым.
Куэдым шыIэныгъэр яхурикъукъым диныр зэрыхуейм хуэдэу я гъащIэр ирахьэкIыну, Iуэхур щытыншми щыгугъми дин унафэм темыкIыну, Iуэху щэхуи, Iуэху нахуи теухуауэ Алыхьым къабзэу бгъэдэтыну.
Дэри зыми дыкъигъэгугъакъым муслъымэну дыпсэуну, муслъымэнуи дылIэжыну. ИкIи дыбэлэрыгъынкIэ, зыгуэруи зыкъытщыхъужынкIэ Iэмал иIэкъым.
Дыбэлэрыгъ хъунукъым ди щхьэ теухуауи, ди унагъуэ, ди бын ятеухуауи. АтIэ зэпымычу делъэIун хуейщ Алыхьым ди гур диным тыриIыгъэну, ди лъэр быдэу диным тыригъэтыну.
Адэ-анэр я бынхэм теухуауэ нэхъыбэ дыдэу зыгъэгузэвэн хуейр – быным я динращ, я иманращ. Абы нэхъапэ зыри щыIэкъым, ар зыфIэкIуэдым псори фIэкIуэдащ.
ТхьэмыщкIэр — мылъкукIэ тхьэмыщкIэракъым, тхьэмыщкIэр — щIэныгъэкIэ тхьэмыщкIэракъым, атIэ тхьэмыщкIэр — иманыншэу зи псэр хэкIращ, гъуэмылэншэу кхъэм яхьыжращ.
ЛIам теухуауэ «Иман зыдихьауэ Алыхьым къыщIигъэкI!» жаIэ адыгэм. ИкIи жаIэхэм я нэхъ псалъэ пэжхэм ящыщщ ар. Абы къегъэлъагъуэ, иманыншэм кхъэм щищIэн зэрыщымыIэр, икIи зыри абы къызэрыпэмыплъэр, гуапагъэ лъэпкъи къызэрырамыхынур.
Муслъымэн жэмыхьэт! Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-эм и Суннэм дыхэплъэжмэ куэдым и деж къыщыхощ сабийхэм, ныбжьыщIэхэм диныр яхипщэну, иманым и Iэфагъыр захригъэщIэну ЛIыкIуэ лъапIэр عليه الصلاة والسلام-ыр егугъуу зэрыщытар.
Сабийм зыгуэр тIэкIу къыгурыIуэ зэрыхъуу хэпщэн хуейщ иманым и Iуэхур. Ихъуреягъым къыщекIуэкIым теухуауэ сыт щыгъуи сабийм Алыхьым и цIэр зэхегъэхын, и гупсысэр Алыхьым пыщIэн хуейщ.
КъыгурыгъэIуэн хуейщ сабийм Алыхьым псори зэрилъагъур, псори зэрызэхихыр, фIыуэ щыIэр Абы къызэрыбгъэдэкIыр. Мис апхуэдэурэ екIуэкIмэ, и Iэпкълъэпкъыр зэрыхэхъуэм хуэдэу и иманри хэхъуэу сабийр къэтэджынущ.
ИужькIэ псэлъэфу зэрыщIидзэу сурэхэм, дугьэхэм, зикрхэм ящыщ егъэщIэн хуейщ. Уитр нэмэзым хэт дугьэр Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-эм и пхъурылъху Хьэсэн رضي الله عنه-м илъэс зы-тхух фIэкIа мыхъуу иригъэщIауэ щытат. (Абу Дауд).
Хьэсэн нэхърэ зэрынэхъыжь щыIэтэкъым Абу Сэгьид Iэл-Мугьэлла رضي الله عنه-р. Мэжджытым щIэсу Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм зэбгъэдишэщ ари, «КъурIэным нэхъ лъапIэ дыдэу хэт сурэр къозгъэщIэн?!», — жиIэри, мо сабийм и нэр жэуапым къыхуикIыу щыхъум, Iэл-Фатихьэ сурэр псом нэхърэ зэрынэхъ лъапIэр къыригъэщIауэ щытащ. (Бухъарий).
Сабийм зыгуэр ебгъэщIэфыну утыку узэрихуэу егъащIэ, а ебгъащIэр мащIэми. ЦIыхур дунеягъэкIи ахърэткIи насыпыфIэ зэрыхъуну псалъэр умыщIэххэу абдежым хыупщэнкIэ хъунущ. Уэри абы и псапэр пхуатхынущ.
Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI зэхэтхам! Ди щхьэкIи, ди унагъуэкIи, ди IыхьлыкIи дэтхэнэ зым Алыхьым гущIэгъу къытхуищI. Алыхьым муслъымэну дигъэпсэу, муслъымэнуи и пащхьэ дыришэж!