Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Махъшищэм узышэс хъуну зы махъшэ яхыумыгъуатэу

ФIыщIэр Алыхьым ейщи, фIыщIэ Абы худощI, зыкъытщIигъэкъуэнуи зыхудогъазэ, къытхуигъэгъунуи долъэIу. Ди псэм хэт Iейми, ди лэжьыгъэм къыхэкI мыхъумыщIагъэми дащихъумэжыну Алыхьым доувалIэ….

Алыхьым и нэфIыр къащыхуэну, хъуэхъум я нэхъыфIри къалъысыну дахуолъаIуэ Бегъымбар лъапIэми, абы и Iыхьлыхэми, абы и гъуса махуэхэми, и диныр екIуу зезыхьэ псоми.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам иужь дыдэу къигъэкIуэжа Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэр къэзыгъэлъагъуэу щытахэм ящыщщ: псалъэ кIэщIкIэ куэд жиIэфу зэрыщытар. 

Мис апхуэдэу, купщIэшхуэ зыхэлъу عليه الصلاة والسلام-ым псалъэ кIэщI жиIахэм ящыщщ мыр: «ЦIыхухэр махъшищэм яхуэдэщ, узышэс хъуну зы яхыумыгъуэтэнкIэ бетэмалу». (Бухъарий, Муслим). 

МыбыкIэ ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм къыдгуригъэIуэну хуейуэ аращ: цIыхум я нэхъыбэр зэрымыхьэнэншэр, уащыгугъи зэрымыхъунур, уащыгугъми уи гугъэр къызэрыпцIэнур, утыкуми укъызэранэнур.

Мыбдежым, ди гупсысэр жыжьэ Iумыжу, дыкъэзыхъуреихьхэми дахэплъэу щIэдмыдзэу, япэ дыдэ дэ езым дызэвгъэгупсысыж, дэ ди зэфIэкIым, къэдгъэпкIым, ди къэухьым, ди шым къижым девгъэплъыж! Абы иужькIэ нэгъуэщIхэм я деж дынэвгъэс! 

Муслъымэн жэмыхьэт! Лъэпкъ псор къызэщIэубидэу къатщтэрэ, ар нэхъ зэхуэтшэурэ дыкъеIэбыхмэ, Iэджэм дежи мы хьэдисым и мыхьэнэр нэрылъагъу щохъу. 

Псалъэм и хьэтыркIэ, ди цIыхухэр псэлъамэ псори муслъымэнщ, ауэ муслъымэнагъым сыт хащIыкIыр, зыхащIыкIым теухуауи сыт къагъэпкIыр? Дэнэ деж диныр къащыхэщыр, сыт муслъымэнагъым щхьэкIэ къыпхуащIэфынур?! Сыт-тIэ я мыхьэнэр псалъэ дыгъэлхэм. 

Абы адэкIэ, диныр нэхъ зезыхьэхэр щхьэхуэ къэщIи яхэплъи, абыхэм цIыху дапщэ къахэпшыну: диныр зэблэмышауэ, щымыщхэм къыхэгъэкъэбзыкIауэ, бидгьэкIэ мыкудауэ къабзэу диныр зэрихьэу?! 

Диныр нэхъ къабзэу зезыхьэхэм я деж дыкъакIуэрэ я нэмэз щIыкIэр щапхъэу къэтхьмээ, «махъшищэм узышэс хъуну зы махъшэ яхыумыгъуэтэнкIэ бетэмалщ» жыхуиIар нэрылъагъу щохъу: 

ЦIыху дапщэ абыхэм яхэт, мэжджытым зэрыпэжыжьэ щымыIэ пэтрэ, и нэмэзхэр мэжджытым езыхьэлIэ?! Дапщэ яхэт, нэмэзым теува нэужькIэ зи нэмэзыр зыхуей хуэзыгъазэ, абы хилъхьэн хуей тхьэшынагъэр хэзылъхьэ?! 

МыдэкIэ, зэхущытыкIэм и деж дыкъэкIуэнщи, цIыхур вакъэ зэв иувэмэ, насыпыншагъэ гуэри къытепсыхэмэ — абы къыдэувыну, къыдэIэпыкъуну, зыри мыхъужыххэмэ, псалъэ щабэкIэ и гузэвэгъуэр псынщIэ щищIыну цIыху дапщэ игъуэтыну?!  

Пэжагъым, анэмэтым, гущIэгъум… а муслъымэн хьэл хэIэтыкIахэм хуэфэщэжу цIыху дапщэ къытхэт?! ЦIыху дапщэ къытхэт, укъыхэмыщтыкIыжу уи дзыхь ебгъэз хъуну, уи щэху хуэпIуатэ хъуну?! 

Iыхьлыхэм, благъэхэм я хьэкъым ехьэлIауэ щIыхуэ зытемылъ дапщэ къытхэт?! Дапщэ къытхэт, зи адэ-анэр зыхуэарэзы, зи благъэхэр нэгъэсауэ зыгъэблагъэ, абыхэм я хьэкъ къызытемынэ?! 

ЦIыху дапщэ къытхэт, «мис абы диныр иджащ, щIэныгъэ узынши бгъэдэлъщ» хужыпIэну?! А «еджахэми» цIыху дапщэ яхэт, я щIэныгъэм хуэфэщэжу, я къалэныр ягъэзэщIэжу, я унэ жьэгу дэтIысхьэжауэ щIэмысхэу, утыкум бэшэчу итхэу?! 

Муслъымэн жэмыхьэт! А щапхъэхэм ди щхьэр къырашэхми, ди щхьэр къыдэзыгъэIэтыжын, дызыгъэгушхуэн, дызыгъэгуфIэн, щапхъэуи дгъэлъэгъуэн цIыху хьэлэмэтхэр диIэщ. 

Махъшищэм зы махъшэ щахэткIэ, апхуэдэ дэри къытхэтщи, Алыхьым ахэр тхуигъэбагъуэ, ди япи ахэр фIыкIэ тхуригъэт, ахэм ядэплъеин куэдуи къытхигъэкI!