ФIыщIэ худощI Алыхь Талэу зы щIэныгъэри, зи Iущагъри гъунапкъэншэм, гущIэгъушхуэ зыбгъэдэлъым, псори зыIэщIэлъым. ДолъэIу Алыхьышхуэм и нэфIыр къащигъэхуэну, сэлами къарихыну лIыкIуэу щыIам я нэхъ лъапIэм, абы адэкIэ, абы хиша гъуэгум ирикIуа икIи Къемэт махуэ хъухукIэ ирикIуэну псоми.
Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхь Талэу дыкъэзыгъэщIам, мы дунейм дигъэунэхуну дыкъытезыгъэхьам, тщIауэ хъуамкIи жэуап дэзыгъэхьыжынум дыщывгъэшынэ, а шынагъэм хуэфащэуи ди гъащIэр зэгъэпэща ирехъу.
ГъащIэм и зы напIэзыпIэ къэс езым хуэфэщэж гьибадэт лIэужьыгъуи иIэжщ. Махуэм ейр жэщым пхьы хъунукъым, жэщым ейр махуэм къэпхь хъунукъым. Нобэ етхьэкI щIымахуэ зэманми хуэфэщэжу Алыхьым дызэрыбгъэдэтын щIыкIэ, псапи къызэрытхьын Iэмалхэр щыIэщи, хуабэ хъужа иужькIэ ахэм зыри къарыкIыжынукъым.
Гъэмахуэм и хуабагъыр хьэлъэми, щIымахуэм и щIыIагъым хуэдэ хъунукъым ар. Хуабэм игъалIэ гуэр щыIэми, щIыIэм иукIым я бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэщ. ЦIыху хуэмыщIахэри нэхъыбэу зыщышынэхэр хуабэракъым, атIэ щIыIэращ.
Япэм хьэрыпхэр щIымахуэм «напэтехкIэ» еджэу щытащ. Къызыхахри, тхьэмыщкIэм щIыIэр хуэмышэчу и напэр зэрытекIрат, и тхьэмыщкIагъри къуажэ Iуэху зэрыхъурат.
Гьумэр رضي الله عنه-р щIымахуэм «бийкIэ» еджэт. ЩIымахуэр къихьа нэужьи цIыхухэм яжриIэт: «ЩIымахуэр къэсащ. Ар фи бийщи зыхуэвгъэхьэзыр… ЩIыIэр псынщIэу къыпкIуэцIохьэ, ауэ хуэмурэщ зэрыпкIуэцIыкIыжыр …!».
ЩIыIэм Iуэхур нэхъ хьэлъэ зэрищIым папщIэ, Аллаху Тэгьалами динкIэ ди къалэнхэр нэхъ тынш къытщещI. Псалъэм папщIэ, псыр щIыIэмэ, зэрыбгъэхуэбэни щымыIэмэ, щIыIэми и зэран къокIынумэ — тэеммумкIэ андез къэтщтэну хуит дыкъещI.
Абы къинэмыщIауэ, щIымахуэ зэманым нэхъ теухуауэ щытщ лъэпэдым мэсхь хуэпщIынри. Абы адэкIэ, щIыIэр егъэлеямэ, мэжджытми екIуэлIэгъуеймэ, уи унэ щыпщIыж мэхъу нэмэзыр.
НэгъуэщIу, Iэлъэ пIэрыгъыу нэмэз уигъэщIынущ, уеблэмэ, щIыIэм укъыхигъэзыхьмэ уи нэкIум зыгуэр Iулъу пщIыми мэхъу нэмэзыр.
Iуэхур нэхъ хьэлъэху, къыдэкIуэ псапэхэри нэхъ мэбагъуэ. Псапэ бэгъуэным имызакъуэу, гуэныхьхэри къыпхуэгъуным щхьэусыгъуэ хуохъу: щIыIэ махуэм андез къэпщтэныр. Къыхощ ар хьэдис пэжым.
Мы щIыIэм ехьэлIауэ дызыхуэсакъын хуейхэм ящыщщ: ди бзэгум дыхуитыжыныр. Ауэ бзэгум и пэкIэ ди гум къэкIхэм дащышынэжыныр. Абы къизгъэкIыр, щIыIэм и гуащIагъым къыхихыу Алыхьым и деж нэмысын псалъэ жиIэнкIэ хъунущ аращ цIыхум, щIыIэр, уэсыр, жьыр иубурэ…
Муслъымэн жэмыхьэт! НэмэзымкIэ, нэщIымкIэ псапэ къызэрыпхьыфынум къыкIэрымыхуу нэгъуэщI зы Iуэхугъуэ иджыпсту хуэдэ зэманым утыкум къохьэ: хуэмыщIауэ псэухэр сыт щыгъуи ди гулъытэм хуэныкъуэхэмэ, иджыпсту нэхъыбэжу ахэр къытхуэныкъуэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зэманыр нэхъ гугъущ.
КъакIуэу зыгуэр къыдэлъэIуным дыпэплъэу дыщывмыгъэсу, дэ езыр япэ дивгъэщи ди Iэр яхуэдвгъэший; щхьэж хузэфIэкIым ехьэлIауэ хуэныкъуэхэм щIэгъэкъуэн дахуэвгъэхъу!
КъинэмыщIауэ, псэущхьэхэми, къуалэбзухэми я Iуэхур куэдкIэ нэхъ гугъу хъуащ, я шхынри нэхъ къэгъуэтыгъуейщ. Абыхэми гулъытэ яхуэдвгъэщI. Шхын къыддэхуахэм ямызакъуэу, шхын къахуэтщэхурэ яхуэдгъэтIылъмэ, яхуитпхъмэ, псапэшхуэхэр къытпоплъэри, дывмыгъэбэлэрыгъ!
ГущIэгъу зымыщIым гущIэгъу къыхуащIынукъым, цIыхум я нэхъыфIри нэхъ сэбэп хъуращи — сэбэп дывгъэхъу, гущIэгъу дывгъэщI. ГущIэгъу зыщIым, Алыхьым гущIэгъу къыхуищIыжынущ, нэхыбэ дыдэу щыхуэныкъуэм и дежи къыбгъэдилъхьэжынущ!